Мэкъумэш классхэм я IуэхукIэ

Бахъсэн къалэм и хъыбархэр
 

Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ IущIащ «Гибрид СК» IуэхущIапIэм и унафэщI Щэрдан Лев. Ахэр тепсэлъыхьащ къалэм и курыт еджапIэхэм мэкъумэш-технологие классхэр къыщызэIухыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм. ЗэIущIэм и лэжьыгъэм хэтащ Iэтащхьэм и къуэдзэхэу Архъагъэ Зухрарэ Къардэн Назиррэ, егъэджэныгъэмкIэ департаментым и унафэщI Борэн Маринэ сымэ. 
Мэкъумэш-технологие классхэм ятеухуауэ Щэрдан Лев къызэхуэсахэм яжриIащ ахэр къызэIухыным текIуэдэну мылъкур абыхэм зэрыхухахар икIи лэжьыгъэхэр зи нэIэ щIэтыну IухущIапIэхэм мыгувэу ар зэрыхуаIутIыпщынур. Борэн Маринэ къыхигъэщащ Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэхэу №№ 4, 9-хэм апхуэдэ дзыхь зэрырагъэзар.
ЗэIущIэм и кIэм Мамхэгъ Хьэчим кърахьэжьа Iуэхугъуэм теухуауэ унафэ ищIащ икIи, ар зэрагъэзащIэ щIыкIэм ткIийуэ кIэлъыплъыну и нэIэ щIигъэуващ. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, мэкъумэш-технологие классхэр курыт еджапIэхэм къыщызэIуах «ЕрыскъыпхъэмкIэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным хуэгъэпса технологиехэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «АПК-м IэщIагъэлIхэр хуэгъэхьэзырын» щIыналъэ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи абыхэм я къалэн нэхъыщхьэр щIэблэр мэкъумэш IэщIагъэхэм дегъэхьэхынырщ, школым къыщыщIадзэу нэхъри хагъэгъуазэурэ мэкъумэш IэнатIэм IэщIагъэлIхэр университетхэм щыхуагъэхьэзырынщ, а лэжьыгъэм хэтхэм я пщIэр къэIэтыжынырщ.

 
Псы къабзэ уэрамхэм ират

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектым ипкъ иткIэ Бахъсэн къалэм и языныкъуэ уэрамхэм псы зэрыкIуэ я бжьамийхэр къагъэщIэрэщIэжын щIадзэнущ.
ЖыпIэнурамэ, абы хыхьащ ТекIуэныгъэм и уэрамыр (ПащIэм и цIэр зезыхьэ уэрамым деж къыщыщIэдзауэ Бгъэжьнокъуэм и цIэр зезыхьэм нэсыху), Шэрджэс уэрамыр (Лазо и цIэр зезыхьэм деж къыщегъэжьауэ Хуитыныгъэ уэрамым нэсыху), Хъураным и цIэр зезыхьэ уэрамыр (Ломоносовым и цIэкIэ щыIэм деж къыщыщIэдзауэ Хьэжмэтым и цIэр зезыхьэм нэсыху), Шапсыгъ уэрамыр (ПащIэм и цIэр зезыхьэ уэрамым деж къыщыщIэдзауэ Конечнэ уэрамым нэсыху). 
Псори зэхэту абыхэм метр 5539-рэ я кIыхьагъщ.
КъищынэмыщIауэ, лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, Дыгулыбгъуей къуажэм и языныкъуэ уэрамхэм псы къабзэ зэрыкIуэ и бжьамийхэр нэгъабэ къыщагъэщIэрэщIэжауэ щытащ. Абы хыхьащ Сыжажэмрэ Тэмазэмрэ я цIэхэр зезыхьэ, Махуэгъэпс уэрамхэр. Псори зэхэту къагъэщIэрэщIэжащ километри 4,2-рэ зи кIыгъагъ бжьамийхэр. 
Къыхэдгъэщынщи, «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ, 2025 - 2026 гъэхэм къриубыдэу, Бахъсэн къалэм къыщагъэщIэрэщIэжынущ псы къабзэ зэрыкIуэ, псори зэхэту километри 9,8-рэ зи кIыхьагъ и бжьамийхэр. 

ЗэIузэпщ ящI

Бахъсэн къалэм Олимп джэгухэм хэтыфыну сабий зэчиифIэхэр щагъасэ спорт еджапIэм боксымкIэ и пэшыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Ар метр зэбгъузэнатIэ 300-м щIигъу мэхъу икIи спортсмену 100-м нэблагъэм абы зыщагъасэ. Абыхэм ядолажьэ а Iуэхум хуэIэжь тренерхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ. 
Лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым щхьэкIэ къэмынэу спортсменхэм я тренировкэхэм пащэ. ЗэкIэ нэгъуэщI пэш абыхэм хухахащ.
НобэкIэ лэжьакIуэхэм пэшым и бжэр хагъэуващ, лъэгур захуэ ящIащ, зыгъэпскIыпIэм плиткэ иралъхьащ, инженер коммуникацэхэр щIашащ. Мыгувэуи пэш зэпэщ Iэхуитлъэхуитым тренировкэхэм щыщIадзэжынущ.

 
КъагъэщIэрэщIэж

«ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №5-м епха сабий сад №3-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж. 
Абы щрагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм хыхьэу унащхьэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIынущ, унэ IуплъапIэр зыхуей хуагъэзэнущ, плиткэрэ ламинатрэ лъэгухэм ирадзынущ.
Ухуэныгъэм метр зэбгъузэнатIэ 1100-м щIигъу еубыд икIи абы щаIыгъщ сабийуэ 204-рэ, щылажьэхэр цIыху 29-рэ мэхъу. Лэжьыгъэхэр зэфIэкIа нэужь, сыт и лъэныкъуэкIи ар зэрагъэпэщынущ.
 

 

ЧЭМОКЪУЭ ЛутI.
Поделиться:

Читать также: