Лъабжьэм къыщожьэ

КъБКъУ-м АрхитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтым и студентхэр щыIащ Чэгъэду Бэрзэдж и «Непокорный герой» гъэлъэгъуэныгъэу Налшык къалэ къыщызэIуихам. Студентхэр ди лъэпкъэгъу зэчиифIэм, IэпщIэлъапщIэм зэрыIущIар гъуазджэм, щэнхабзэм, лъэпкъ зэхэщIыкIым теухуа лекцэ псо яхуэхъуащ. Бэрзэдж ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ лъэпкъ щэнхабзэ кодыр иджырей художественнэ Iуэху зехьэкIэмрэ IэмалхэмкIэ пхъумэ зэрыхъунур, укъызыхэкIар щIыуэпсым и пкъыгъуэхэмкIэ къызэрыбгъэлъэгъуэфым, адрейхэм нэрылъагъу зэращыпщIыфым.  

Экскурсием жэрдэмщIакIуэ хуэхъуащ АрхитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтым и егъэджакIуэ нэхъыжь Щоджэн Залинэ, абыкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ Пащты Герман и творческэ лъэщапIэм и IэщIагъэлI, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Пащт-Хъан Алим.

ЗэIущIэм купщIафIэу, удихьэхыу щызэпсэлъащ сурэтыщIымрэ студентхэмрэ. Абыхэм я гугъу ящIащ «бзэ нэрылъагъум», фэеплъым, дамыгъэхэм. ХамэщI къыщыхъуа, ауэ адыгэбзэр, урысыбзэр, инджылызыбзэр хуиту зыщIэ Чэгъэду Бэрзэдж къыхигъэщхьэхукIащ адыгэ тхыдэмрэ лъэпкъ зэхэщIыкIымрэ епха и гупсысэхэр анэдэлъхубзэкIэ, и IэдакъэщIэкIхэмкIэ цIыхубэм я деж нэхьэсыным абы и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр.

Бэрзэдж дэ дызэса чэтэнхэракъым къигъэсэбэпыр, атIэ блыным хуэфIу, ину еукъуэдийри и гупсысэр трещIыхь. Пэшым и хъуреягъкIэ къеблэкIа чэтэн фIыцIафэхэм ятыболъагъуэ ятIэ, мывэ, пасэрей хьэпшыпхэр, щIы, нэгъуэщIхэри.  СурэтыщIым зэрыжиIэмкIэ, абы и IэдакъэщIэкIхэм я лъабжьэр лIыхъужьыгъэрщ, лъэпкъым и блэкIарщ, щхьэхуитыныгъэм сыт щыгъуи езым и уасэ зэриIэжырщ.

Гъэлъэгъуэныгъэм и образ нэхъыщхьэр шу закъуэрщ - езы авторым и гъащIэр къэзыгъэлъагъуэрщ. Ар нэгъуэщI континентым къыщыхъуа щIалэм и хъыбарщ, адэжь лъахэм хуэзышэж гъуэгум къытемыувэжыфами, къызыхэкIам гукIи, псэкIи, акъылкIи егупсысурэ хэкум къэзышэжа лъэпкъым епха «таурыхъ кIыхь» зэхэзылъхьэу ар сурэткIэ ди пащхьэ кърилъхьэжыну мурад зыщIарщ. СурэтыщIым зеумысыж: абы и IэдакъэщIэкIхэм щызэхэухуэнащ «лъагэмрэ къызэрыгуэкIымрэ», «хабзэ хъуамрэ тыншу къигъэщIамрэ» икIи и лэжьыгъэхэм еплъыкIэ зэхуэмыдэхэр къишэнкIэ зэрыхъунум хуэхьэзырщ, еплъым и сыт хуэдэ бгъэдыхьэкIэри къещтэ.

Студентхэм гулъытэ хэха хуащIащ лэжьыгъэхэр зэрыгъэзэщIа материалхэмрэ техникэхэмрэ.

И гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ егъэджакIуэ Щоджэн Залинэ:

- Студент-дизайнерхэмрэ архитекторхэмрэ я дежкIэ псом хуэмыдэу мыхьэнэ иIэщ сурэтыщIым и технологие телъыджэм зыщагъэгъуэзэным, - къыхигъэщащ Залинэ. - Сэ гурэ псэкIэ згъэщIэгъуащ абы щIыуэпс пкъыгъуэхэр къызэригъэсэбэпыр: сурэтыщIым щIыр, ятIэр лъабжьэ ещI, ЖыпIэнуракъэ, Бэрзэдж езым и автор технологие зэхилъхьащ а материалхэр къызэрагъэсэбэпым, зэрагъэгъущым, и плъыфэм зэрызимыхъуэжым теухуауэ. Ар щапхъэ гъуэзэджэщ къызэрыгуэкI пкъыгъуэхэр иджырей гъуазджэм лъэщу зэрыхэзагъэмкIэ.

Iэрыс Iэсият.

 

 

Поделиться:

Читать также: