ХьэгъуэлIыгъуэ дауэдапщэхэм епха хабзэхэр

Дэтхэнэ лъэпкъми ар къызэращIэ, зэрызэхацIыхукI хабзэ иIэщ. Хабзэр лъэпкъым и набдзэщ, и нэмысщ, и гъащIэ гъуазэщ. Адыгэ хабзэр илъэс минхэм къыпхырыкIа, гужьеигъуэми кIуэдыпIэми сыт щыгъуи дыкъизыша лъэпкъ фIыгъуэщ. Ауэ хабзэ псори къызэрежьауэ ди деж къэса жыпIэмэ… Хьэуэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгэм зэрихьэу щыта хабзэ дахэ куэд лъэпкъым и щIыбагъым къыдэнащ.

Псом хуэмыдэу хабзэ дахэ адыгэм зрищIэкIыр хьэгъуэлIыгъуэрщ. Лъэпкъыр бэгъуэн нэхъыфI сыт щыIэ? Унагъуэ ихьа нэрыбгэми, нысэ къэзыша унагъуэми, нэхъыжьми, нэхъыщIэми, благъэми, Iыхьлыми, гъунэгъуми, щIалэгъуалэми - псоми ехьэлIа хабзэ гъуэзэджэ адыгэм иIэщ. АтIэ, нобэрей хьэгъуэлIыгъуэхэр зэрекIуэкIымрэ пасэрей дауэдапщэ егъэкIуэкIыкIэмрэ сыткIэ зэтехуэрэ, сыткIэ зэщхьэщыкIрэ?

Иджырей гъащIэ мытыншым фIыгъуэрэ дахагъэу хэлъыр зэрыхъукIэ зыIэрызыгъэхьэну щIэхъуэпс щIэблэм езыр къызыхэкIа лъэпкъым и хабзэм къыщынэмыщIа, нэгъуэщI Iуэхугъуэ дахэхэри къыхилъхьэну хэтщ и хьэгъуэлIыгъуэм. Псалъэм папщIэ, ди щIэблэм етауэ къаублат иныжь пэшачэ хъун тортышхуэр зэпаIыгъыу яупщIатэрэ благъэ зэхуэхъуа унагъуитIым я гуащэмрэ щыкъуанэ хъуамрэ торт бзыгъэ зырыз ирату. Абдеж а Iуэхугъуэм щиух къыффIэщIрэ? Хьэуэ! Иухми къезэгъынт, ауэ езы ныбжьыщIитIыр-щэ? Абыхэм тортым щыщ яIумыхуэу дауэ? АдэкIэ, къыпащэри, зым адрейр торт ирегъэдзакъэ. ЩIалэгъуалэм я нэкIэ уеплъмэ, дахэу, хъуэпсэгъуэу къыщIэкIынщ. ЩIалэгъуэрэ дахэгъуэрэ зимыIэ щыIэкъым, - жеIэ псалъэжьым, къыбгурыIуэни хуейщ. Ауэ, дэ ди хабзэм и жыпхъэм ар къизэгъащэркъым.

Зэманым декIуу хьэгъуэлIыгъуэ дауэдапщэм щIэуэ къыхыхьахэм къищынэмыщIа, адыгэ лъэпкъым и щIыбагъ къыдэна хабзэжьхэми кIэщIу я гугъу тщIынщ. Нобэрей хьэгъуэлIыгъуэм хабзэхэм ящыщу къыхэнащ: пIалъэетыр, нысашэр, унэишэр, щауэ ишыжыр, нэгъуэщIхэри. Ауэ, МафIэдз Сэрэбий зэхуихьэсыжа адыгэ хабзэхэр зэрыт тхылъ фафIэр тегъэщIапIэ тщIымэ, пасэрей адыгэхэм я гъащIэм хэухуэнауэ щыта хьэгъуэлIыгъуэ дауэдапщэ зыбжани тхуэхъумакъым, сыт и щхьэусыгъуэми. Абыхэм ящыщу: унаплъэ, жэщщыс, тешэ (терыпI), хъытех, ныуэжь щIэцIывэж, хъыджэбз Iэнэ, псыхьэ, щIэпщакIуэ. Нобэ ахэр фигу къэзгъэкIыжынут.

Унаплъэ. Хъыджэбзым и адэ-анэм дзыхь зыхуащI лIищ-плIы унаплъэ ягъакIуэрт щIалэр зыдэс пщIантIэм. Ахэм зэплъын хуей зыри къамыгъанэу псори щIапщытыкIырт: унэ, пщIантIэ, унэлъащIэ, Iэщ, джэдкъаз. Уеблэмэ я хьэр дауэрэ ягъашхэми, я гъунэгъухэр къахуэарэзы, я лIыжь сыт и дуней тетыкIэ, я гуащэ сыт и псэлъэкIэ? Унаплъэм я нэхъыжьыр зыкъигъазэрэ къыдэкIыжмэ, адэкIэ щIэмыупщIэми хъунут. ГурыIуэгъуэт абы хъыджэбзым и адэ-анэм яхуихьыжыну хъыбарыр: ахэр благъэ фхуэхъунукъым, фи пхъур абы яхэпсэукIа хъунукъым. Ауэ, унаплъэм я нэхъыжьым бысымым и Iэр иубыдыжрэ, мыпхуэдэм унаплъэ дыкъащIауэ арат, фалъыгъуэзэж, жиIэмэ, абы щыгъуэ Iуэхур зэпэщти, унаплъэм хэтхэр ирагъэблагъэрт, шыгъу-пIастэ къыхуащтэрт. Унаплъэр дэкIыжа иужькIэ махуитI-щы нэхъ дэмыкIыу щIалэм и лъэныкъуэр зыхуэкъулей гуэрхэр яIыгъыу хъыджэбзым лъыгъуазэрт, благъэ зэрызэхуэхъунум шэч къытрамыхьэу.

Жэщщыс. Зи нэчыхь ятха хъыджэбзыр и адэ-анэм я унэм илъэс нэблагъэкIэ, нэхъыбэкIэ щисыж щыIэт. А пIалъэм къриубыдэу жэщщысри ящIырт. Зи нэчыхь ятхауэ дэс хъыджэбзыр и анэшыпхъу, и нысэ, гъунэгъу нысащIэ хуэдэхэм унагъуэ Iуэхур зэрызэрихьэнум, щхьэгъусэ хуэхъуам хуилэжьын хуей къалэнхэм, нэхъыжьхэм яхуищIэн хуей нэмысым, псоми хуагъасэрт. Жэщщысыр щIалэгъуалэм и дежкIи нэгу зыужьт. Зи лъы къэплъыгъуэ, гъащIэр зи щIэщыгъуэ, сытри зыфIэгъэщIэгъуэнхэм я дежкIэ гъэщIэгъуэн хъууэ. Апхуэдэ зэхэсыр нэху къатещхьэху екIуэкIыу щытауэ жаIэж ар зылъэгъуа нэхъыжьхэм.

Тешэ, терыпI. Пасэрей адыгэхэм мы хабзэр ткIийуэ зэрахьащ. НысащIэ къашар зэи щIалэм и адэ-анэм я унэм ирашалIэртэкъым, атIэ зыщIыпIэ ирахьэлIэрт. Абы щхьэусыгъуэшхуэхэр иIэщ, тхыдэми ар къыхощыж. Хъыджэбзыр зырахьэлIэ хабзэр е щIалэм и анэдэлъху пщIантIэ, е щIалэм и адэм и ныбжьэгъум и пщIантIэу щытащ. Къэхъурт хамэ къуажи щрахьэлIэ. Ар хъыджэбзыр трахыжынкIэ хъуну шынэхэмэ, лъэпкъитIыр зэгурыIуэжыху нысащIэр зрахьэлIа унагъуэм щыIэт. Тешэм щыIэ нысащIэр ямыгъэзэшу щIалэгъуалэм трагъэурт, джэгу, къафэхэр иращIэкIыу. ЩIалэм и лъэныкъуэкIэ къикIыурэ абы и деж лъагъунлъагъу къакIуэрт щIалэм и шыпхъу, и къуэш, и ныбжьэгъухэр. Ахэм псоми техьэпщIэ яIыгъыни хуейт.

Хъытех. Мыр унэишэм и Iыхьэ гъэщIэгъуэнщ. НысащIэм и щхьэтепхъуэр шабзэшэкIэ псынщIэу къытрапхъуэтыкIын хуейт. Ар къалэн щащIауэ къытезыпхъуэтыкIым хъытехкIэ еджэрт. Хъытехыу ущытыныр, ар къыпхуагъэфэщэныр щIыхьышхуэт икIи дзыхь щхьэхуэт. Нэхъапэм хъытехыу щытар цIыхухъущ. ИужькIэ, унэишэм щыщу, ар бзылъхугъэхэм къапекIуэтэкIыжащ. Щхьэтепхъуэр щхьэкум деж шабзэшэмкIэ псынщIэу къыщытрапхъуэтырт.

Ныуэжь щIэцIывэж. НысащIэр унэ щрашэм деж, щIалэм и анэшхуэм и щIыб хъуржыныжь тIэкIу илъу, тхьэусыхэу, гъыуэ, бжэуэ, си къуэрылъхум къиша Iушэжь цIыкIум сыкъыщIеху жиIэу куэбжэмкIэ дэжырт. Абы езым хуэдэ лIыжь-фызыжьхэр къодэхащIэ, псалъэ дахэ къыжраIэ. ИужькIэ джэгуакIуэ-хьэтиякIуэм, пшынауэм, пхъэцIычауэм ныуэжьым гъусэ зыхуащI. Абыхэм нанэм къыщхьэщыжу псалъэ дахэхэр жаIэ, жьыщхьэ махуэ хъуным и пIэкIэ абы лейуэ къытехьар, пудыныгъэу къылъысар ягъэву. ДжэгуакIуэм лъэкI къимыгъанэу иущиирт нысащIэр. Ауэ, щызэтримыгъыхьэм, утыкум къохьэри, фызыжьым псори щыхьэту къыщхьэщож. НысащIэм шынауэ зещIри, абы и IэблитIыр зыIыгъ фызхэм IурыцIэлъ ящIыну унэм щIашэ. ИужькIэ ныуэжьыр къогуфIэж, утыку къихьэу псэлъахэми бостеипхъэ е нэгъуэщI тыгъэ гуэр хуещI.

Хъыджэбз Iэнэ. Мыри хабзэ дахэу щытащ. Абы щхьэкIэ щIалэгъуалэр хьэблэм хыхьэрти, джэд къыхахырт. Ар хьэгъуэлIыгъуэ зиIа унагъуэм щагъэхьэзырырт, щапщэфIырти, хьэблэм хъыджэбзу дэсым я нэ къызыхуикI щIалэхэм еджэрти, къашэрт. ЩIалэгъуалэр джэгурт, гушыIэрт.

Мыпхуэдэ хъыджэбз Iэнэхэм деж щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ фIыуэ зэрыцIыхурт, я гухэлъ зыхуаIуатэрт. Абы щызэгурыIуэу хъыджэбзым и адэ-анэм я деж лъыхъухэр щагъакIуэри мащIэтэкъым.

Псыхьэ. ХьэгъуэлIыгъуэ хабзэ кIуэдыжахэм ящыщщ мыри. Адыгэхэм зэралъытэмкIэ, мыбы щыгъуэ щIидзэу арат нысащIэр къызыхыхьа унагъуэм я лэжьыгъэ, я Iуэхум хэша хъуным. Псыхьэ япэ дыдэу яшэн ипэкIэ нысащIэм мыбэлэрыгъыу абы зыхуигъэхьэзырырт: хэдыкIхэр ищIу, уагъэ иридэу, чысэ, бэлътоку хуэдэхэр хидыкIыу. Унэгуащэри бэлэрыгъыртэкъым. Абы IэфIыкIэхэр ипщэфIырт, бэзэр шхын гуэрхэри къригъэщэхурт.

Пхъэхьыр зи дамэ телъу псыхьэ кIуэ нысащIэм и гъусэт и нысэгъухэр, гъунэгъу фызхэр, пшынауэ, хьэблэ сабийхэр. Псыр пэгуным изыгъэхъуа нысащIэм щIалэ танэ цIыкIухэр къыпэщIэлъадэурэ пэгуным ятIэ хадзэрт, псыр фIыракIутыжырт, псыежэхыр къагъэутхъуэрт. НысащIэр мыбампIэу, мыгубжьу ядэджэгумэ, ядэгушыIэжмэ, сабийхэм щагъэтыжырт джэгуни, уеблэмэ дэIэпыкъунуи хэтт.

Зыгъэхьэзырар Хэжь Армидэщ.
Поделиться:

Читать также: