ПкъыгъуэщIэ хьэмэрэ?!Ирландием щыIэ Лимерик къалэм дэт университетым и щIэныгъэлIхэм къахутащ цIыху Iэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэщIэ! Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, кIэтIийр земыжэу зыIыгъ щэ хъар пIащIэр пкъыгъуэ щхьэхуэу къалъытащ. ЦIыху Iэпкълъэпкъым и ухуэкIэм теухуауэ алъандэрэ щIэныгъэм къитIэщIам щIэныгъэлIхэр ириплъэжын хуей хъуащ а къэхутэныгъэм иужькIэ. Анатомхэмрэ дохутырхэмрэ, дауи, ящIэрт ныбэм щэ хъар зэрилъыр, ауэ ар пкъыгъуэ щхьэхуэ мыхъуу, пытхъахуэ-пытхъахуэу зэхэлъу, зыхуэлажьэри мыгурыIуэгъуэу къалъытэрт. Сыт-тIэ, ар зищIысыр? КIуэцIым пкъыгъуэу илъым тебзащ фэ пIащIэ плъыфэншэ. Абы йокIуалIэ лъынтхуэ, псантхуэ Iэрамэхэр, лимфэ железахэр. ЩIыпIэ-щIыпIэкIэ фэ пIащIэ плъыфэншэу тебзами, щэ хъарым хуэдэу уIуплъэу, кIуэцIым пкъыгъуэу илъыр зэрегъэубыд, кIэтIийр зэримыгъэлъадэу, зэкIэщIимыгъэжу зэщIепхэри, тхыцIэмкIэ гъэзауэ кIэрепхэж. Дохутырхэр лIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ къэгъуэгурыкIуащ, а щэ хъарыр Iыхьэ-Iыхьэу зэхэлъу. Псалъэм папщIэ, кIэтIий псыгъуэм тебзар щхьэхуэу, кIэтIий гъумым телъыр абы щымыщыххэу. Ауэ, иджыблагъэ Лимерик щрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм псори къагъэнэхуащ. ХирургиемкIэ профессорхэм - Коффи Кэлвинрэ О'Лири Питеррэ - щыхьэт техъуащ, щэ хъарыр зы пкъыгъуэ щхьэхуэу зэрыщытым, езым и лэжьэкIэ зэриIэжым, узыфэ зэхуэмыдэхэри зэрыхуэлъэм. - Ныбэрылъым и щэ хъарыр къызэрыунэхур, абы зэрызиужьыр дджа, анализ зэхуэмыдэхэр едгъэкIуэкIа нэужьщ а пкъыгъуэр зищIысыр къыщыдгурыIуар. Иджы дощIэ щэ хъарыр гум, щхьэ куцIым, тхьэмбылым ещхьу пкъыгъуэ щхьэхуэу, лэжьыгъэшхуэ игъэзащIэу зэрыщытыр, - жеIэ Коффи. Профессорым къызэрилъытэмкIэ, мы къэхутэныгъэхэм я фIыщIэкIэ медицинэ Iуэху зэIумыбз куэд дяпэкIэ зэхэкIынущ, кIуэцIыр зыдж, абы щеIэзэ институтхэми къахуэщхьэпэнущ. КъищынэмыщIауэ, анатомиемкIэ дуней псом нэхъ цIэрыIуэ дыдэу тет Gray's Anatomy тхылъым а къэхутэныгъэхэр хатхэжащ, щIэныгъэм и зы Iыхьэ псо зэрахъуэкIыжакIэщ. Операцэ зыщI хирургхэм зэрыжаIэмкIэ, лъатэмрэ кIэтIиймрэ я лэжьэкIэр абыхэм нэхъри нэхъ куууэ къагурыIуэнущ, онкохирургиемкIэ сэбэпышхуэ къахуэхъунущ ар. Псалъэм папщIэ, щэ хъарым и щэхур къызэрахутам и фIыгъэщ иужьрей илъэсхэм кIэтIий гъумым еуалIэ лышх лIэужьыгъуэр нэхъыфIу зэрахуэгъэхъужыр. Ар зэрыпкъыгъуэ щхьэхуэр онкологхэм къащIа нэужь, кIэтIий лышхыр операцэ щащIкIэ, узым къытримыгъэзэжын, лъэхъыц имыутIыпщын папщIэ гу нэхъ зылъытапхъэр къагурыIуащ. КъищынэмыщIауэ, адрей пкъыгъуэхэр операцэ щащIкIэ, щэ хъарым хуэсакъын, абы узэремыгуэуэн хуейри къагурыIуащ. Гу лъытапхъэщ абы иужькIэ операцэ нэужьым е зекIуэжхэр куэдкIэ нэхъ мащIэ зэрыхъуар. - Щэ хъарым и ухуэкIэр къыдгурыIуакIэщ. ДяпэкIэ къытпэщылъщ абы игъэзащIэ лэжьыгъэр и кIэм нэсу зэдгъэщIэну. Абы иужькIэ, щэ хъарым къефыкI узыфэ щхьэхуэхэри тхуэджынущ. Ар щIэныгъэм и унэтIыныгъэ щхьэхуэу щытынущ, къудамэщIэ къэунэхунущ. ЗыхэдмыщIыкIрэ дызылъэмыIэсарэ щымыIэу къыщытщыхъу лъэхъэнэм апхуэдэ къэхутэныгъэр ехъулIэныгъэшхуэщ! – жеIэ Коффи. ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, цIыхум и кIуэцIым щэ хъарыр къикIэу и ныбэм илъ пкъыгъуэхэр зэщIиубыда нэужьщ захуэу уву, лъакъуитIкIэ къикIухьын щыщIидзар. А псом ищIыIужкIэ, ар иммунитетым хуэлажьэу хуагъэфащэри, ари зэхэгъэкIыпхъэщ. Щэ хъарым лимфэ шыкъыр куэд хэпхъауэ хэлъщи, абы цIыхур узыфэ, бактерие зэмылIэужьыгъуэхэм зэрыщахъумэр наIуэщ. Абы къыдэкIуэу, языныкъуэ щIэныгъэлIхэм жаIэ кIэтIий лышхыр, фошыгъу узыр, цIыхур пшэр зэрыхъур, и кIэтIийр е зэрекIуэр щэ хъарым къефыкI узыфэхэм ящыщу щытынкIэ зэрыхъунур. Мис а псори и кIэм нэсу зэхагъэкIмэ, яхуэмыгъэхъужу жыхуаIэ узыфэхэм я Iуэхур зэхэкIыну къыщIэкIынущ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




