Уэрий дадэ теухуауэ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Хъыжьрокъуэ Уэрий 1637 гъэм е 1639-м дунейм къытехьащ, Къэбэрдей щIыналъэм и къуэпсыр иубгъун щыщIидза Махуэгъэпс къуажэм. Дызытепсэлъыхь лIыхъужьыр зэрыцIыкIурэ и адэ-анэм хуагъэсащ лIыгъэм, щэныфIагъым, хабзэм, диным. Хъыжьрокъуэ Уэрий иджыри щIалэщIэу Уэсмэн къэралыгъуэжьым, Мысыр щIыналъэм, диным щыхуеджэну ягъэкIуэгъащ. Абы щыпсэу Адыгэ мамлюкхэм ящыщ зы цIыхугъэ къыхуэхъури, и къалэныр екIурэ-ещхьу кърихьэлIащ.

ЕджапIэр къиуха нэужь, 1667 гъэхэм и хэкум къигъэзэжащ, 1670 гъэхэм ирихьэлIэу Хьэмгъурокъуэ Едыдж и къуажэм шэрихьэт хеящIэу щагъэуващ.

1708 гъэм Къэнжал зауэм гуащIэу хэтахэм ящыщщ зи гугъу тщIы лIыхъужьыр. И ныбжьыр илъэсищэрэ тIум иту 1741 гъэм дунейм ехыжащ. IуэрыIуатэм абы и цIэр къыздыхэщыр «Уэрарэ и судыщIэ» хъыбархэращ. Япэ дыдэу мыбы теухуауэ хъыбар зытхар Нэгумэ Шорэщ. Шортэн Аскэрбий къиIуэтэж хъыбархэм ящыщ зы фи пащхьэ идолъхьэ:

«Нэхъапэм уэлийкIэ еджэу зы цIыху хахырти, хэку псом я унафэр зыщIыр арат. ХеящIэу яIэри арат. Тхылъ Iуэху зэрахуэртэкъым, хеящIэм хъыбар ирагъащIэрт, ар Iуэхур къыщыхъуам кIуэрти, суд ятрищIыхьырт, унафэ яхуищIырти, абыкIэ зэфIэкIырт. Абы IуэхущIапIэ хэха иIэтэкъым. ИпэкIэ щыIа лIыжьхэм бжьэ ягъэхъуну хуабжьу яфIэфIу щытащ. Гъатхэ зэрыхъуу, лIыжьитI-щы зэгухьэурэ зы пщыIэ ящIырти, гъэмахуэр икIыу бжьэм хъун ямыгъуэтыжыху, губгъуэм ист. Арати, лIыжьиплI зы пщыIэм щыпсэууэ, зы чыцI цIыкIу къагъуэтащ. ЧыцIым и лъакъуиплIыр бжьахъуэ лIыжьиплIым я зырызу ягуэшащ. ЧыцI цIыкIум и зы лъакъуэр зэпыщIыкIащ. Лъакъуэ къутам пхъэщIэпхэ хуащIри, хъыданкIэ быдэу кърапхэкIыжащ. ЧыцIыр жыжьэ IумыкIыфу пщыIэ бжэIупэм къыIунащ. Махуэ гуэрым чыцIыр пщэфIапIэ, жьэгупIэм деж щысурэ, и лъакъуэ пхам мафIэ къыщIэнащ. ЧыцIыр, гужьеяуэ щIэпхъуэри, бжьэматэм яхэлъэдащ. Абы щыгъуэ иджы хуэдэу ашык щыIакъым, щыIэр матэт, и щхьэм жьажьэ (сорэш) гъуа зэпхауэ пыIэ папщIэу къыщхьэрыкъуауэ. Матэм мафIэ щIэнэри, плIым я бжьэри исащ. «Уэрат, сэрат», - жаIэри, лIыжьиплIыр зэщыхьэри, судым хъыбар ирагъэщIащ. Уэрий лIыжьыр (судыр) кIуэри Iуэхум хэплъащ, лъакъуэ къутар зей бжьахъуэр пшынакIуэ ищIащ.

Жэбагъы щIалэжь цIыкIуу кIэнджэгум хэту, зы щIалэжь цIыкIу гуэрым щыхьащ. Жэбагъы щIалэжь цIыкIум текIиящ: «Уэлэхьи, Уэрий и суд щIэкIэр пхуэзмыдэн!» - жиIэри. Абы ирихьэлIэу Уэрий лIыжьыр шууэ блэкI пэтрэ и тхьэкIумэм къиIуащ щIалэ цIыкIум жиIэр.

«Iэу, мыр сыту пIэрэ мы цIыкIум къыздигъуар?» - жиIэри, къэувыIащ, щIалэр къриджэри, зришэлIащ.

- Сыт щIалэфI, Уэрий и Iуэху щIэкIэм дэбгъуар? - жиIэри еупщIащ.

- ЧыцIым и лъакъуэ къутар зейр - лажьэ зимыIэр - пшынакIуэ ищIащ, лажьэ зиIэр къигъанэри, - жиIащ.

- Уэрауэ щытамэ, дауэ пщIынут? - щIэупщIащ лIыжьыр.

- Сэрауэ щытамэ, лъакъуэ псэухэр зейрат пшынакIуэ сщIынур.

- Ар сыт щхьэкIэ?

- Лъакъуэ псэухэм ямыхьамэ, лъакъуэ къутам ихьынутэкъым ар абы. Къуаншэри лажьэ зиIэри лъакъуэ псэухэращ, - жиIащ Жэбагъы.

ЩIалэ цIыкIум жиIар лIыжьым фIэгъэщIэгъуэн хъури: «Уэлэхьэ, мыр уэлий хъунум, хуэгъэсэн хуейщ!» - жиIащ. ЩIалэр езым зриубыдылIэри, Iуэхум хуигъэсащ, хэкур зэхуишэсри, унафэ яхуищIащ:

- Иджы сэ лIыжь сыхъуащ, Iуэхум къыкIэлъыскIухьыжыфыркъым, нобэ щыщIэдзауэ фи уэлийр мыращ! - жиIэщ, Жэбагъыр я пащхьэ къригъэувэри езыр хэкIыжащ.

Къэбэрдейм уэлийуэ яIащ Жэбагъы дунейм ехыжыху. «ГуфIэгъуэ нысашэ къэхъумэ, Уэрий лIыжьым и цIэр уэрэду хэлъын хуейщ, зэман кIыхькIэ цIыхум ящымыгъупщэжын щхьэкIэ», - жиIэри, Жэбагъы унафэ ищIам къыщежьащ «Уэридадэ-уэридадэ махуэ» жыхуаIэр. Уэрий дадэ, ди дадэ махуэ! – къикIыу аращ.

Апажэ Ашэмэз.
Поделиться:

Читать также: