Бабугент жылэм дэт, Батчаевэ Р. и цIэр зезыхьэ курыт школым щекIуэкIащ «Сыт хэкупсагъэр зищIысыр?» зыфIаща «стIол хъурейр».
Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ Шэрэдж щIыналъэм и прокуратурэмрэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым КъБР-м щиIэ къудамэмрэ. Абы хэтащ къулыкъущIэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я мызакъуэу, Хэкур хъумэным и уасэр зи щхьэкIэ къэзыщIахэри.
Нобэ граждан-хэкупсэ гъэсэныгъэм къаруущIэ, мыхьэнэщIэ игъуэтауэ жыпIэ хъунущ. Зэи хуэмыдэжу гулъытэ хуащI къэралым и цIыху хъунухэр школ ныбжьым къыщыщIэдзауэ гъэсэным, щалъхуа щIыпIэхэм лъагъуныгъэ хуаIэу, Хэкум и пащхьэ щахь жэуаплыныгъэр куууэ къагурыIуэу ныбжьыщIэхэр къыдэгъэкIуэтеиным.
ЕджакIуэхэмрэ хьэщIэхэмрэ я зэIущIэр гуапэу, дзыхь я зэхуаку дэлъу екIуэкIащ. НыбжьыщIэхэр зыщIэупщIа псоми жэуап ягъуэтащ. ШколакIуэхэм я упщIэ мытыншхэмрэ хьэщIэхэм я жэуап убгъуахэмрэ зэпсэлъэныгъэ щхьэпэ кърикIуащ икIи куууэ щызэпкърахащ хэкупсагъэм и мыхьэнэмрэ зэIущIэм къекIуэлIахэм ящыщ дэтхэнэми и еплъыкIэмрэ. Псом хуэмыдэу гукъинэж хъуащ дзэ Iуэху хэхам и ветеран Чеченов Эльдар и къэпсэлъэныгъэр. ЩIалэгъуалэм защыхуигъазэм абы жиIащ: «Хэкупсагъэр псалъэ къудейкъым. Ар псэм и щытыкIэщ, къэралыр зыхэт Iуэхур уэ уи щхьэ Iуэхум хуэдэу зыхыбощIэ. Абы къыхэкIыу, Хэкур къыщоджэкIэ, зыми уемыгупсысу уи щхьэр тыхь хубощI, пхузэфIэкI псомкIи зыщIэбгъэкъуэну ухьэзырщ».
«Хэкупсэу фэри фыщытщ, - захуигъэзащ абы еджакIуэхэм. - Абы ифI зыхэлъ Iуэху махуэ къэс фощIэ, и тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэ къулейр фодж, фохъумэ».
Чеченов Эльдар и гъащIэр лIыгъэмрэ щIыхьымрэ я щапхъэ нэсщ. Ар зи пащхьэ ита школакIуэхэми щапхъэ зэрытрахам шэч хэлъкъым.
ЛIыгъэм и дерс
Табыхъу Хь. и цIэр зэрихьэу Анзорей къуажэм дэт курыт школ №2-м ЛIыгъэм и дерс щекIуэкIащ. Ныбжь зэхуэмыдэхэм ит еджакIуэхэм яхутепсэлъыхьащ къалэным, щIыхьым, лIыхъужьыгъэм.
ЗэIущIэм хьэщIэ лъапIэу кърагъэблэгъат дзэ Iуэху хэхам хэта, зауэм и ветеран ДзыхьмыщI Мартин Хьэжысмел и къуэмрэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм и социальнэ координатор Къалэбатэ Рузанэрэ.
Мартин школакIуэхэм ядэгуэшащ зауэлIым и ныбжьэгъухэм я хъыбархэмкIэ, къызэринэкIа гугъуехьхэм, къарур Iэщэм и мыза-къуэу, цIыхум и псэми хэлъын зэрыхуейм, фронтым къыщыхъуа Iуэхугъуэ гуэрхэм теухуа гукъэкIыжхэмкIэ.
- Фронтым ущыIутым деж нэхъыщхьэр фIыуэ къыбгуроIуэ: дэ дыщIэзауэр щIыналъэракъым, атIэ нобэ партэхэм дэс фэ сабийхэрщ. Фэ феджэн, фыпсэун, фыгуфIэн, фызыхуей фыхуэзэн, зауэр фымыгъэунэхун щхьэкIэщ. Фи тхыдэм фыхуэсакъ, нэхъыжьхэм пщIэ яхуэфщI, фIыуэ флъагъухэр фхъумэ, - яжриIащ Дзыхьмы-щIым еджакIуэхэм.
Къалэбатэ Рузанэ ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм я унагъуэхэм защIэгъэкъуэным мыхьэнэшхуэ зэриIэм, дэтхэнэ еджакIуэри иджыпсту дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэм щыIэхэм зэрадэIэпыкъуфынум. Псалъэм папщIэ, дэтхэнэми зауэ губгъуэт ит щIалэм псалъэ гуапэхэр зэрыт письмо итх хъунущ. Ар абыхэм хуабжьу я гуапэ мэхъу, куэдми трегъэгушхуэ. «Фэрэ дэрэ ди къалэныр ди лIыхъужьхэр дигу илъынырщ, я Iыхьлыхэм гугъуехьхэр ящхьэщыхынырщ. Сыныфхоплъэри, гур хэзыгъахъуэ щIэблэ дахэ солъагъу. ДэIэпыкъуныгъэмрэ гумащIагъэмрэ куэд хэлъкъым, фи гъунэгъу, фи благъэ ветеранхэм пщIэрэ фIыщIэрэ яхуэфщI», - жиIащ Рузанэ.
Дерсыр щиухым школакIуэхэм хьэщIэхэм IэгуауэкIэ фIыщIэ хуащIащ икIи Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъыр иригушхуэу яхъумэну къагъэгугъащ. ЕгъэджакIуэхэм къыхагъэщащ мыпхуэдэ зэIущIэхэм сабийхэр хэкупсагъэмрэ граждан жэуаплыныгъэмрэ зэрыхуагъасэр.
ШэрIужь Даянэ.