Сом мелуан 18-м щIигъу

Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм экономикэ щIэпхъаджагъэхэм пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къыщIагъэщащ «Интер» ООО-м и унафэщI Мовян М.В. илэжь хабзэншагъэр.

ЗэраубзыхуамкIэ, абы КъБР-м ФинансхэмкIэ минис­тер­ствэм Iэригъэхьащ ахъшэхэр зэриутIыпщам теухуа дэфтэр нэпцI. Апхуэдэ хабзэншагъэм кърикIуащ сом мелуан 18-м щIигъу хэщIыныгъэ. 
КъБР-м и Налшык къалэ судым и унафэ къару зыгъуэтам ипкъ иткIэ, Мовян М.В. къуаншэу къалъытащ УФ-м и УК-м и 187-нэ ­статьям и 1-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр зэрилэжьам къыхэкIыу. ЯмыгъэтIысу абы зы илъэсрэ мазихрэ тралъхьащ, ­къуэды ипшынынри щIыгъуу. 

Поделиться:

Читать также: