ЕхъулIэныгъэкIэ гъэнщIа илъэс 70Мэкъуауэгъуэ мазэм и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъур егъэлъапIэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ, егъэджакIуэ Iэзэ, унафэщI Iущ, техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и профессор Хэжь Толэ Амир и къуэм. Кавказ Ищхъэрэм ухуэныгъэм епха егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ мыкIуэдыжын лъэужь къыхинащ профессорым. Ар I956 гъэм мэкъуауэгъуэм и 13-м КъБАССР-м и Бахъсэн районым хыхьэ Къызбрун-3 къуажэм къыщалъхуащ. И сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ щIэныгъэм хуэпабгъэрт ар. 1978 гъэм КъБКъУ-м и инженер-техникэ факультетыр «Промышленнэ, граждан ухуэныгъэ» IэщIагъэмкIэ фIы дыдэу къиухащ, Ленинград дэт Инженер-ухуэныгъэ институтым и стажер-къэхутакIуэу щытащ. 1979-1983 гъэхэм ПсэупIэ, зы жыпхъэм ит унэхэр проект щIынымкIэ Ленинград дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ проект институтым и аспиранту щытащ. Абы и щIэныгъэ гъуэгур щапхъэ зытехыпхъэщ. 1983 гъэм Хэжьым и кандидат диссертацэр пхигъэкIащ. Илъэс бжыгъэ дэкIри, 2007 гъэм, Ростов дэт Къэрал ухуэныгъэ университетым и доктор диссертацэри ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ. 1984 гъэ лъандэрэ абы и гъащIэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ КъБКъУ-м. Ассистентым, егъэджакIуэ нэхъыжьым, доцентым къыщыщIэдзэри, профессорым нэсащ, «Ухуэныгъэ производствэ» кафедрэм и унафэщIу, АрхитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ институтым и унафэщIу щытащ. Университетым и ухуэныгъэ школым и архитектору жыпIэ хъунущ. Нобэ абы щIэныгъэ-егъэджэныгъэ лэжьыгъэм пещэ. Ар я унафэщIщ магистр программэхэм, диссертацэ советитIым. Абы и щIэныгъэ унафэм щIэту кандидат лэжьыгъи 6 пхагъэкIащ, магистр 47-рэ игъэхьэзыращ, аспирантхэм ядолажьэ. Профессорым щIэныгъэ лэжьыгъэ куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ: къытрадзащ лэжьыгъэ 226-рэ, монографиеу 4, патент I8 игъэхьэзыращ, щIэныгъэ журналхэм тхыгъэ 47-рэ къытрыригъэдзащ. Хэжьым къигупсыс технологиехэм ухуэныгъэхэр мафIэм щехъумэ, фибропенотуфобетоным и зэхэлъыкIэр аращ къэзыгупсысар, нэгъуэщI куэдми я лъабжьэр игъэтIылъащ. Илъэс куэдкIэ хьэлэлу зэрылэжьам къыпэкIуащ нобэ къыхуащI пщIэри. Ар РААСН-м и чэнджэщэгъущ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и действительнэ членщ, Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ щIыхь зиIэ я ухуакIуэщ, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, Гришмановым и саугъэтым и лауреатщ, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ. Унагъуэ дахэ иIэщ Толэ. Ипхъу Татьянэ КъБКъУ-р фIы дыдэу къиухащ, Сбербанкым щолажьэ, бынищ иIэщ. И къуэ Хьэсэнбий и адэм и лъэужьым ирикIуащ, УФ-м и Президентым и стипендиат хъуащ, кандидат диссертацэр пхигъэкIащ, Санкт-Петербург щыIэ Проект IуэхущIапIэм и унафэщIщ. И юбилейр къагъэсэбэпри, Хэжь Толэ куэд щIауэ къыдэлажьэхэм псалъэ гуапэкIэ зыхуагъэзащ: Султановэ Аминат, ИАСиД и унафэщIым и къалэныр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ: «АрхитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ институтым и унафэщIхэмрэ щылажьэхэмрэ я цIэкIэ ди гуапэу дохъуэхъу Толэ Амир и къуэм. Ар ИАСиД-м 20I7 гъэм къыщыщIэдзауэ 2025 гъэ пщIондэ и унафэщIу щытащ, абы щекIуэкI лэжьыгъэр къызэригъэпэщ мыхъуу, и лъабжьэр зыгъэтIылъар Хэжьырщ. Апхуэдэуи зыужьыныгъэ иным хуишащ институтыр, щIэныгъэ, егъэджэныгъэ лъабжьэ лъэщ иригъэгъуэтащ. УнафэщI IэкIуэлъакIуэр, цIыху Iущыр, IэщIагъэлI зэчиифIэр псоми ди зэхуэдэ Iуэхум зэрыхуэпэжам, игурэ и псэрэ хилъхьэу лэжьыгъэм зэрыпэрытам ехъулIэныгъэфIхэр къыхуихьащ мы IэнатIэм. Профессорым ноби и лэжьыгъэм пещэ, гупсысэ куу, гукъыдэж мыкIуэщI иIэу. ДяпэкIи узыншагъэ быдэ, дэрэжэгъуэ, гурыфIыгъуэ иIэну сохъуэхъу». Бэрэгъун Лусэ, АрхитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ институтым и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ: «ЕхъулIэныгъэкIэ гъэнщIа илъэс 70! Iущыгъэмрэ зэфIэкIымрэ я щыгущ ар, гъащIэм и лъапIэныгъэ псори лэрыпсу щызэпыувэщ. ПщIэ зыхуэтщI Толэ, махуэ къэс насып, уи Iыхьлыхэм я лъагъуныгъэ, лэжьэгъухэм къыпхуащI пщIэ ущымыщIэу иджыри куэдрэ Тхьэм уигъэпсэу! ДяпэкIэ уи гупсысэхэри гъащIэм хэппщэфу, уи зэфIэкIыр щIэблэщIэм ялъэбгъэIэсу улэжьэну сыпхуэлъаIуэ». Щоджэн Марьянэ, институтым и унафэщIым и къуэдзэ, Ухуэныгъэхэмрэ механикэмкIэ кафедрэм и доцент: «Толэ институтым и унафэщIу щыщыта пIалъэр еджапIэм и тхыдэм мыхьэнэшхуэ зиIэ и Iыхьэщ. Абы и зэфIэкI уасэншэм, Iущагъым, Iуэхум зэрыхуэпэжым пщIэ, гулъытэ куэд къапэкIуащ. Ар иджыри ди пашэщ, щIэгъэкъуэнышхуэщи, и гъащIэр нэхурэ хуабагъэкIэ гъэнщIауэ псэуну дохъуэхъу!» Журт Артур, «Ухуэныгъэ производствэ» кафедрэм и унафэщIым и къалэныр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ: «Сэ си насып къихьащ Толэ хуэдэ профессор Iущым сыдэлэжьэну. Аспиранту сыпэщIэхуэри, кандидат лэжьыгъэр пхызгъэкIыху и нэIэм сыщIэту гъуэгу зэпысчащ. Толэ щIэныгъэ унафэщI ткIийуэ къызэрысхущытам и закъуэкъым си гур зыгъэхуабэр, атIэ ныбжьэгъу нэхъыжь Iущ схуэхъури, и гум и хьэлэлагъри зыхэсщIащ. Дэ, нэхъыщIэхэм, ди дежкIэ абы и гъащIэри, и лэжьыгъэри хуабжьу щапхъэ нэсщ. Узыншагъэ быдэ, тыншыгъуэ, зэIузэпэщыгъэ и унагъуэм илъыну сыхуохъуахъуэ!» Щоджэн ФатIимэ, аспирант: «ПщIэ зыхуэсщI Толэ Амир и къуэ! Уи гъащIэр зыхухэпха лэжьыгъэм и бзэкIэ жысIэнщи, гъущI-бетон хуэдэ узыншагъэ, монолитым хуэдэ быдагъэ, къарурэ гукъыдэжрэ куэду Тхьэм къуит. ФIыщIэ пхузощI уи унафэ Iущым, шыIэныгъэм, гупсысэ куум щхьэкIэ, а псомкIи укъыддэгуашэурэ гъащIэм, IэнатIэм дыщыбоунэтI. Уи бынхэмрэ еджакIуэхэмрэ я ехъулIэныгъэхэм сыт щыгъуи уигъэгуфIэну сынохъуэхъу!» Лыхь Залымхъан, Ухуэныгъэхэмрэ механикэмкIэ кафедрэм и унафэщI, Мэшыкъуэ Маритэ, НИР-мрэ компьютеризацэмкIэ унафэщIым и къуэдзэ: «Илъэс 40-м щIигъуауэ ди институтым егъэджакIуэ лэжьыгъэм щыпэрытщ Толэ. А зэманым къриубыдэу студентхэм я мызакъуэу, егъэджакIуэхэми и щIэныгъэмрэ IэзагъымкIэ къыддогуашэ. Илъэс куэдкIэ псэуну, творческэ ехъулIэныгъэхэр иджыри иIэну дохъуэхъу!» ГъукIэлI Хьэзрэт, Архитектурэмрэ дизайнымкIэ кафедрэм и унафэщI: «Еджэн зэрыщIэддзэрэ си ныбжьэгъущ Толэ. Ар футбол Iэзэу джэгуу щытащ, фIы дыдэуи еджащ, аращ Ленинград аспирантурэм щIыщIагъэтIысхьари. Мис а лъэхъэнэм къыщыщIэдзауэ ныбжьэгъу дызэхуэхъуащ. Абы зы хьэл гъэщIэгъуэн иIэщ - гугъуехьым щышынэркъым, зыхуигъэувыжа мурадхэр ерыщу зрегъэхъулIэф. УнафэщIу зэрылэжьа зэманым къриубыдэу куэд зэфIигъэкIащ институтым зиужьын папщIэ. Аращ япэ архитекторхэр ди республикэм щызыгъэхьэзырар. Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу абырэ и Iыхьлыхэмрэ сохъуэхъу узыншагъэ быдэ, насып, мамырыгъэ, зэIузэпэщыгъэ яIэну!» Iэрыс Iэсият.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




