Май щIыналъэр ягъэдахэ

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектым ипкъ иткIэ Май щIыналъэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэхэр илъэс къэс къагъэщIэрэщIэж, теплъэщIэхэр ират.

Мы гъэм зэIузэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIынущ Май къалэм и гъущI гъуэгу вокзалым и гупэм къедза щIыпIэм. Александровская жылэм джэгупIэщIэ щаухуэнущ. Мыбдежым къыщагъэсэбэпынущ «Къуажэхэр сыт и лъэныкъуэкIи зэIузэпэщ щIын» къэрал программэм и Iэмалхэр.  Пришибскэ хьэблэми иджырей спорт утыку щаухуэнущ.

Ауэ, Май къалэм мы гъэм щрагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм я нэхъыщхьэу щытынур Энгельс и цIэр зезыхьэ уэрамым тет паркыр къэгъэщIэрэщIэжынырщ. 2025 гъэм ар щытекIуауэ щытащ урысейпсо интернет IэIэтым икIи абы трагъэкIуэдэну мылъкур къаутIыпщынущ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. ЦIыхухэр куэду щызэхуэс а щIыпIэм «Заря» парк фIащащ икIи псори зэхэту гектар мини 2-м щIегъу.

Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIкIэ, ухуакIуэхэм гулъытэ хуащIынущ къалэдэсхэм я лъэIухэм икIи къыхалъхьэ жэрдэмхэр ягъэзэщIэнущ. ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, парк ихьэпIэм иджырей теплъэ иратынущ, машинэ гъэувыпIэхэр хуащIынущ, сабий джэгупIэхэр, спорт утыкухэр, шхапIэхэр хэтынущ. А псом къадэкIуэу, а щIыпIэм щаухуэнущ Урысейм и ЛIыхъужьхэм я аллее.

Лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIа нэужь, абыхэм архитектурэ теплъэ цIыкIухэр иратыжынущ, иджырей уэздыгъэхэмкIи къызэщIагъэнэхуэнущ.
 НобэкIэ, ухуакIуэхэр лэжьыгъэм и япэ Iыхьэм пэрыхьащ: пкъыгъуэжьу хъуар къыпкърахыжащ, утыкухэр щаухуэну щIыпIэхэр, лъэс лъагъуэхэр, лъакъуэрыгъажэм тесхэм хуэщIа щIыпIэхэм яубзыху. Ахэр псори зэфIагъэкIынущ дызыхуэкIуэ бжьыхьэм къриубыдэу.

  НАУРЫЗ Мысост.

 
 

 

Поделиться:

Читать также: