Курыт еджапIэм къыщыщIадзэ

Ректорхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэр я дэIэпыкъуэгъуу Москва щекIуэкIащ «Урысей егъэджэныгъэм и къалэнищ» форум иныр. Мы гъэм абы хэтахэр куэдкIэ нэхъыбэт, IэщIагъэлIхэр щIыналъэ куэдым къикIат.

ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэм къищынэмыщIауэ, зэхыхьэм хэтащ школ егъэджакIуэхэмрэ лэжьапIэ зыт IуэхущIапIэ нэхъ инхэмрэ я лIыкIуэхэр. Зэхыхьэм и пэ къихуэу  Ректорхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и сайтым иригъэжьат «Ректорым упщIэ идот» проект хэхар, абы ипкъ иткIэ университетхэм я унафэщIхэр тепсэлъыхьащ школхэм зэрадэлажьэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ нэхъыфIхэм. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ ядэгуэшащ республикэм ит курыт школхэм я профильнэ класс щэ ныкъуэм нэблагъэм университетыр зэрадэлажьэ щIыкIэмкIэ:

- Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр КъБР-м и школхэм быдэу япыщIауэ ядолажьэ. ЕджапIэ нэхъыщхьэм и егъэджакIуэхэм республикэм и профильнэ класс 48-м дерс хэхахэр щрагъэкIуэкI, – жиIащ абы. - Апхуэдэу зэгъусэу къызэдгъэпэщ проектхэр сэбэп мэхъу ныбжьыщIэр къыхихыну IэщIагъэм пасэу егупсысынымкIэ, къытеувыIэнымкIэ, проект Iуэхум и зэхэлъыкIэр къыгурыIуэнымкIэ, щIэныгъэ куум, технологие зыужьыныгъэр зи лъабжьэ унэтIыныгъэм дегъэхьэхынымкIэ. УнэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ инженер Iуэхухэм, социальнэ жэрдэмхэм ехьэлIауэ инновацэ проект нэхъыфIхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэр, интеллект IэрыщI технологиехэр къагъэсэбэпу егъэсэныр, ныбжьыщIэхэр еджапIэ нэхъыщхьэхэм я олимпиадэ зэхуэмыдэхэм жыджэру хэгъэтыныр. Абы Iэмал къыдет абитуриент зэчиифIэхэм я зэфIэкIыр дгъэунэхунымкIэ, адэкIи дадэлэжьэн, защIэдгъэкъуэн папщIэ ар IэмалыфIщ.

Апхуэдэ лэжьыгъэм и щапхъэ гъэщIэгъуэнхэм ящыщщ стратосферэ спутникыр школакIуэхэм зэраутIыпщар. 2026 гъэм мэлыжьыхьым и 12-м КъБКъУ-мрэ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием Ядернэ къэхутэныгъэхэмкIэ и институтымрэ я проектым ипкъ иткIэ, университетым и щIэныгъэлIхэм я унафэм щIэт «ДыгъафIэ къалэ» сабий творчествэмкIэ академием и 10 - 11-нэ классхэм щIэсхэм езыр-езыру зэхалъхьащ хьэрш бзийхэр зэратх Iэмалыр, детекторыр CubeSat 3U форматым и спутникым хагъэхьэри, стратосферэм  яутIыпщащ, километр 24-кIэ дэлъэтеящ.

КъБКъУ-р «Школ патент - къэкIуэнум хуэкIуэ лъэбакъуэ!» дунейпсо щIэныгъэ-егъэджэныгъэ проектми и щIыналъэ къызэгъэпэщакIуэщ. Мы унэтIыныгъэр университетым и Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщ хъуащ. Абы и фIыгъэкIэ ЕАЭС-м хыхьэ къэралхэм щыщ школакIуэ зэчиифIэу I666-м дапыщIащ. Университетым инженер, къэхутакIуэ бэлыхь хъунухэр къелъагъу езы цIыкIухэм еджапIэ нэхъыщхьэр къыхамых щIыкIэ. Проектым щытекIуахэм зэрыщIэтIысхьэ льготэхэр яIэ мэхъу. Абы и фIыгъэкIэ, ди еджапIэм къыдошалIэ проект-гупсысэ зиIэ, акъыл жан зыбгъэдэлъ студентхэр. КъБКъУ-м и IэщIагъэлI 200-м щIигъум илъэс къэс къалъытэ проектхэм хэтыну жэрдэм зиIэхэм я лъэIухэр. Абы къегъэлъагъуэ университетыр щIыналъэм и интеллектуальнэ центру зэрыщытыр икIи Роспатентым, лэжьапIэ зытхэм къыхуащI дзыхьым хегъахъуэ. КъищынэмыщIауэ, мы Iуэху зехьэкIэм школакIуэхэр патент зэращI щIыкIэм щегъэгъуазэ, апхуэдэуи экономикэ IэнатIэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр КъБКъУ-м егъэхьэзыр. 

Абитуриент зэчиифIэхэр къызэрыдэтхьэх Iэмал щхьэхуэщ балл лъагэ зиIэхэр мылъкукIэ гъэгушхуэныр. ЕГЭ-м балли I00 къыщызыхьа студентхэм зэ тыгъуэу сом 100000 ират къыщIэтIысхьа нэужь. Балл лъагэ (КъБКъУ-м и жыпхъэмкIэ) зиIэхэм япэ семестрым къриубыдэу стипендие нэхъыбэ хуагъэув - мазэм сом 10000.

Ди проектхэмрэ олимпиадэхэмрэ пхыкIа школакIуэхэм я нэхъыбэр иужькIэ КъБКъУ-м къыщIотIысхьэ. ГъэщIэгъуэнращи, апхуэдэ студентхэм (олимпиадэхэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ, проект программэхэм хэтхэм) япэ курсым щIэс адрейхэм нэхърэ нэхъыбэ балл къахь.

ДАРИЙ Дахэнур.

Поделиться:

Читать также: