Хъыбархэр

 

                                             

ЩIыбым дэт музей

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» къэрал пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щIыбым дэт музей япэу къыщызэIуахынущ.

Иджыпсту зэIузэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэр а щIыпIэм щрагъэкIуэкI, жыгхэмрэ мэз чыцэхэмрэ я зэран ирамыгъэкIыу: ихъуреягъкIэ зэщIагъэкъабзэ, лъэс лъагъуэхэм я лъабжьэхэр ягъэбыдэ, бордюрхэр ирагъэувэкI. Ахэр зэрызэфIэкIыу, музейм щагъэувынущ ди республикэм и сурэтыщIхэм, дизайнерхэм, скульпторхэм я IэрыкIхэр.

Мурад щыIэщ мы гъэ гъэмахуэм къриубыдэу лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэсыну.

 

Аушыджэр и «Идарейр»

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Аушыджэр къуажэм псы хущхъуэ къыщыщIэж и щIыпIэм пэгъунэгъуу иджыблагъэ къыщызэIуахащ «Идарей» фIэщыгъэр зезыхьэ хьэщIэщ зэхэтхэр. Ар яхузэфIэкIащ «Туризмэмрэ хьэщIагъэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ, къитащ иджыблагъэ КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм. 

Ар къызэIузыха хьэрычэтыщIэм капитальнэ ухуэныгъэу щымыту хьэщIэщ I9 иухуащ субсидие ахъшэмкIэ. Ахэр зэрызэщхьэщыкIыр пэшхэм я инагъхэмкIэщ. Абыхэм нэмыщI, езым и мылъкукIэ зыгъэпскIыпIэрэ (бассейн) сабийхэм я нэгузыужьыпIэхэмрэ къабгъурищIыхьащ.

ХьэщIэхэм Iэмал яIэщ цIыхухэм ягу дыхьа ди щIыналъэм и турист лъагъуэхэмрэ щIыпIэ телъыджэхэмрэ япэгъунэгъу хьэщIэщ ехьэжьам зыщагъэпсэхуну, щыжаIащ министерствэм.

«Республикэм и туризм IэнатIэм имызакъуэу, щIыналъэм и экономикэм зегъэужьынми шэсыпIэфI хуохъу мыпхуэдэ хьэщIэщ зэхэтхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрри хьэщIэхэм яхузэIуха, ахэр зыIэпызышэ, сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщ иджырей щIыналъэ хъууэрэ макIуэ», - къыхигъэщащ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр Быф Аскэр.

 Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Туризмэмрэ хьэщIагъэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэр дэIэпыкъуэгъу яхуохъу турист инфраструктурэхэр егъэфIэкIуэнымкIэ, обрудованэхэр къыщIэгъэкIынымкIэ, IэщIагъэлIхэр IэнатIэм хуэгъэхьэзырынымкIэ, щIыпIэ туризмэм зегъэужьынымкIэ, нэгъуэщIхэмкIи.

КъагъэщIэрэщIэжа, зэхъуэкIыныгъэхэр зрагъэгъуэта лъэпкъ пэхуэщIэхэр 2025 гъэм щегъэжьауэ ягъэзащIэ УФ-м и Президентым и унафэкIэ.

 

Лъэс лъагъуэхэр яукъуэдий

Прохладнэ районым щыщ Алътуд къуажэм и лъэс лъагъуэхэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ екIуэкIа лэжьыгъэхэр и кIэм нэгъэсащ, ХьэпащIэм и цIэр зезыхьэ уэрамым щаухуа тротуарри хэту. Ахэр зэхаублауэ щытащ «Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал пэхуэщIэм хыхьэ «Къуажэхэр зэIузэпэщ щIын» къэрал проектым ипкъ иткIэ.

ХьэпащIэм и цIэр зезыхьэ уэрамыр къуажэм щынэхъ инхэм ящыщщ икIи социальнэ мыхьэнэ ин иIэщ. Махуэ къэс, зэрыжаIэу, абы щызэблокI сабий садым, курыт еджапIэ №I-м, амбулаторэм, сату щIапIэхэмрэ шхапIэхэмрэ кIуэхэр.

Иджырей лъэс лъагъуэ зэпэщым и фIыгъэкIэ къуажэдэсхэм, нэхъыщIэхэми нэхъыжьхэми, я тыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэща хъуащ, теплъэ дахи игъуэтащ, жаIащ гъуэгу лэжьакIуэхэм.

 

  Иджырей мардэм хуэкIуэу

«Аруан район библиотекэ» кIэзонэ IуэхущIапIэм къэрал дэIэпыкъуныгъэу кърата сом мелуан I5,5-мкIэ Нарткъалэ иджырей модельнэ библиотекэ къыщызэрагъэпэщынущ. Ар щаухуауэ щытар I988 гъэрщ, иджы щыIэ мардэм кърагъэтIэсэнущ.

Библиотекэр нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми яхуэщIауэ щытынущ. Абы унэлъащIэ Iэхуитлъэхуитхэр, компьютер техникэщIэхэр, интернет псынщIэм пыдзауэ, щIагъэувэнущ, тхылъ фондри къыщагъэщIэрэщIэжынущ.

Мыбы къыщыпхуэгъуэтынущ сабийхэми балигъхэми папщIэ тхылъхэр, электроннэхэри яхэту. Апхуэдэуи, бжыгъэ лъабжьэ зиIэ IэмалхэмкIэ республикэм и лъэпкъ библиотекэм зыщыпхупыщIэнущ.

  БЭБЭЧ Болэ.

Поделиться:

Читать также: