Хэкум хуаIэ лъагъуныгъэр я дэIэпыкъуэгъууНобэ, мэкъуауэгъуэм и 22-р, ди къэралым щагъэуващ Фэеплъымрэ гуауэмрэ я махуэу. Илъэс 85-рэ ипэкIэ, нобэ хуэдэ махуэм и пщэдджыжьым, Хэку зауэшхуэм щIидзауэ щытащ. Ди къэралышхуэм и тхыдэм щыщ напэкIуэцI нэхъ хьэлъэхэм, гугъуехьрэ гуауэкIэ гъэнщIа илъэсхэр къызыкIэлъыкIуахэм ящыщщ нобэрейр, фашист Германиер хъыбарыншэу СССР-м къыщытеуар. Апхуэдэу I94I гъэм и мэкъуауэгъуэм и 22-м сыхьэтыр 4-м щIидзауэ щытащ махуэ 1418-кIэ екIуэкIа Хэку зауэшхуэр. Зыхуейм хуэдиз зауэлIрэ IэщэкIэ къызыхуэтыншэу зэщIэузэда бийр лъэщт. Апхуэдэ бий ерум япэщIэуващ яхэлъа лIыгъэрэ Хэкум хуаIэ лъагъуныгъэр къару лъэщу, дэIэпыкъуэгъу къызэрымыкIуэу къызыщыхъу совет цIыхубэр. Дунейпсо тхыдэм лIэщIыгъуэкIэрэ хэмыкIуэдэжын ТекIуэныгъэ иныр къытхуахьащ ди зауэлIхэм, фронтым и щIыбагъ къыдэта ди цIыхухэм къакъуэкIа къэмылэнджагъэм, хахуагъэм, а фIэщхъуныгъэ иным. А фIыгъуэр, щхьэхуитыныгъэр, къытхуэзыхьыжа ди зауэлIхэм я фэеплъыр мыкIуэдыжынщ. Ар яхъумэ нэхъыжьхэм, абы щIагъэджыкI щIалэгъуалэр, абы къыщIотаджэ щIэблэхэр. Хэку зауэшхуэм зэрыщIидзэрэ илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу ди Хэку иным щахъумэ а фэеплъ махуэм къэралпсо мыхьэнэ иIэ щIыным хуэгъэпса унафэ щхьэхуэ УФ-м и Президентым къыдигъэкIауэ щытащ 1996 гъэм и мэкъуауэгъуэм. 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм, апхуэдэуи къэралым и щхьэхуитыныгъэм щIэбэну нэгъуэщI зэпэщIэувэныгъэхэми хэту зи щхьэ зыгъэтIылъа ди зауэлI псоми я фэеплъ махуэщ ар. Ар зэрагъэуврэ зы илъэси дэкIыркъым фэеплъ махуэр ди къэралым и щIыналъэ псоми щамыгъэлъапIэу. Сэ сызэреплъымкIэ, хэкупсэу дгъэсэну дызыхущIэкъу къытщIэхъуэ щIэблэр къэралпсо мыхьэнэ зиIэ апхуэдэ Iуэхугъуэхэр гурэ псэкIэ зыхащIэу, лъэпкъ, Хэку лIыхъужьхэм я гъащIэр я гъуазэу гъэсэнырщ нэхъыщхьэр. А мурадхэр зэгъэхъулIэнымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ щIалэгъуалэ, ныбжьыщIэ, сабий зэщIэхъееныгъэхэм, зэгухьэныгъэхэм. Абыхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм я мурадыр зыщ: дуней псом, цIыху гъащIэм мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ нэхърэ нэхъ фIыгъуэрэ лъапIэныгъэрэ зэрыщыщымыIэр дэтхэнэми хьэкъыу къыгурыгъэIуэн, ди адэшхуэхэм, абыхэм я адэжхэм я псэр зыщIата мамырыгъэр хъумэн, нэр напIэм сакъыу зэрихъумэм хуэдэу. Сыт хуэдиз зэман дэмыкIами, ди къэралым и тхыдэм зэи хэкIыжынукъым а фэеплъ махуэм лъабжьэ хуэхъуа а мафIае илъэсхэр. Дыпсэуху, тщыгъупщэнукъым абы зи гъащIэр къызэпиуда мелуанхэм зэрахьа лIыгъэмрэ къакъуэкIа хахуагъэмрэ. ТекIуэныгъэ Иныр къытхуэзыхьахэм я фэеплъхэри пщIэрэ щIыхьрэ хуэтщIу тхъумэнущ дапщэщи. ЖЫЛАСЭ Марэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




