ЩIыналъэхэм ирагъэгъуэт теплъэхэр

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Тэрч щIыналъэм и Дей – Акъбащ Ипщэ – Терекскэ автомобиль гъуэгум хыхьэ, Белоглинскэ къуажэм ПащIэм и цIэр зезыхьэ и уэрамыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм.
Лэжьыгъэхэм хиубыдэу гъуэгубгъум ирикIуэу пкъохэр щагъэуващ, лъэс лъагъуэхэр зыхуей хуагъэзащ, мывэхэмкIи кърагъэбыдэкIыжащ. Иджыпсту, гъуэгум и лъабжьэр зэтес ящI, ягъэбыдэ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI щIыналъэ гъуэгу фондым и мылъкукIэ икIи мы гъэмахуэм ахэр зэфIагъэкIынущ. 
Аруан районым и Мэрзэхъу къуажэм псы къабзэ зэрыкIуэ и бжьамийхэр мы махуэхэм къагъэщIэрэщIэж. Лэжьыгъэхэр щызэхаублащ Свободэмрэ Вязовым и цIэр зезыхьэ уэрамхэм. ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, ухуакIуэхэм къапэщылъщ псори зэхэту зы километрым нэблагъэ зи кIыхьагъ бжьамийхэр уэрамхэм щашэщIыну. Ар зэрызэфIэкIыуи, къуажэдэс I200-м псы къабзэ зэпымыууэ яIэрыхьэн щIадзэнущ.
НобэкIэ, щIыр и кIыхьагъкIэ датIыкIащ, пшахъуэ дакIутэжри, яубыжащ. Иджыпсту бжьамийхэр яукъуэдий, ахэр зэпащIэ. Лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп материалхэр иджырей мардэм къитIасэ, илъэс куэдкIэ щIым зыри къыщымыщу щIэлъынухэм хуэдэхэрщ.
Лэжьыгъэхэр мыбдежми щрагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи дызэрыт илъэсым шыщхьэуIум и I-м ирихьэлIэу ахэр и кIэм нагъэсынущ. 
Прохладнэ щIыналъэм и Прималкинскэ къуажэми цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIауэ кърахьэжьа лэжьыгъэхэм пащэ. Ар щаухуэр жылэм и спорт комплексым пэгъунэгъуущ икIи, зэрызэфIэкIыу, къуажэдэсхэм кIуапIэ ящIынущ, нэгузыужьыпIэ, зыгъэпсэхупIэ бэлыхь щIэми жьыми яхуэхъунущ, щыжаIащ щIыпIэ администрацэм. 
Прималкинскэ жылэр районым щынэхъ инхэм ящыщщ. Нобэ абы цIыху 7689-рэ нобэ щопсэу икIи жыджэру зиужь зэпытщ.
НобэкIэ, лъэс лъагъуэхэр зыхуей хуагъэзащ, плиткэхэр иралъхьащ, ихъуреягъкIэ асфальтыщIэ щытралъхьащ, ток кIапсэр ирашэлIащ, иджыпсту, къэухьхэр ягъэув. ИужькIэ, архитектурэ теплъэ цIыкIухэр иратыжынущ, пкъохэр щагъэувынущ, сабийхэм я джэгупIэм хьэфэм къыхэщIыкIа «алэрыбгъу» щабхэр щагъэтIылъынущ. Апхуэдэ Iэмалхэр къуажэдэсхэм ягъуэтащ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ.
Дзэлыкъуэ щIыналъэм щаухуэ районым и ЩIалэгъуэлэ центр икIи дызэрыт илъэсым и кIэхэм ирихьэлIэу ар къызэIуахын мурад щыIэщ. Ухуэныгъэм социальнэ мыхьэнэ ин иIэщ, псом хуэмыдэу, щIалэгъуалэм я дежкIэ. Абыхэм Iэмал яIэнущ я творчествэ, щэнхабзэ, щIэныгъэ зэфIэкIхэм абы щыхагъэхъуэну, я зачийм зрагъэубгъуну.
Лэжьыгъэхэр районым щрагъэкIуэкI «ЩIалэгъуалэм я зыужьыныгъэм сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъун» къэрал программэм ипкъ иткIэ. НобэкIэ, лэжьакIуэхэм унэжьым и пкъыгъуэжьхэр, лъэгухэри, бжэ-щхьэгъубжэхэри хэту къыпкърахыжащ. Апхуэдэуи, блынджабэхэр къагъэкъабзэ, IуплъапIэр зэIузэпэщ ящI. 
«Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Налшык къалэм хыхьэ Хьэсэней къуажэм щаухуэ иджырей спорт утыку зэпэщ. Иджыпсту а щIыпIэр зэтес ящI, утыкухэр яубзыху, хьэфэ «алэрыбгъуэхэр» иралъхьэ, спорт оборудованэхэр, Iэмэпсымэхэр, тетIысхьэпIэхэр щагъэув. Лэжьыгъэхэр мы гъэм шыщхьэуIум и кIэм нагъэсынущ.
Бахъсэн къалэм еужьэрэкIыу зэIузэпэщ щащI цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIитI. Абыхэм ящыщ зыр, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым хыхьэу, Победэ уэрамым деж къыщыщIэдзауэ унэ №I03-м нэсыху иIэ лъэс лъагъуэрщ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектым ипкъ иткIэ.
ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, лъэс зекIуапIэм плиткэхэр иралъхьэнущ, жыгыщIэхэр, мэз чыцэхэр щыхасэнущ, тетIысхьэпIэхэр, кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэр щагъэувынущ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзэнущ.
Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм и амбулаторэри къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIащ «ГъащIэ кIыхь икIи купщIафIэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «ЦIыхухэм япэу зызыхуагъазэ медицинэ IуэхущIапIэхэр егъэфIэкIуэн» щIыналъэ программэм тету икIи абы хиубыдэу унащхьэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIащ, IуплъапIэр зыхуей хуагъэзащ.
Апхуэдэуи, пэшхэр къращIыкIащ, ахэр нэхъ ин ящIащ икIи иджырей медицинэ мардэм къитIасэ хъуащ. Амбулаторэр сыт и лъэныкъуэкIи нобэ зэпэщщ икIи къуажэдэсу 3000-м щIигъум, сабий 663-рэ яхэту, щеIэзэну хьэзырщ. 
ДОЛЭТ Болэ.
Поделиться:

Читать также: