МыкIуэдыжын лъэужь

ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и къалэмыпэм къыщIэкIащ къэбэрдей литературэм лъэбакъуэщIэ езыгъэча тхыгъэ купщIафIэ куэд – усэхэр, поэмэхэр, рассказхэр, повестхэр. Абыхэм я нэхъыбапIэм ди литературэм и тхыдэм жьантIэр къащылъос, абы и лъагапIэхэм, и ехъулIэныгъэхэм ящыщ хъуащ. Абы и зэфIэкIым и щыхьэтщ цIыху цIэрыIуэхэм абы хужаIауэ щытахэр.
Фадеев Александр: тхакIуэ, Сталиным и цIэкIэ щыIэ саугъэтым и лауреат: Ныбжьэгъу Iэдэм! «Софят и гъатхэ» уи повесть хьэлэмэтым хуабжьу сигу хыхьауэ сыкъеджащ. Ар усыгъэ пшыналъэрэ гурыщIэ нэхукIэ гъэнщIащ. АбыкIэ уэ бгъэпсащ цIыхум и гуащIэм, и уардагъэм теухуа уэрэд телъыджэ.

***
Смирнов Сергей, Горький Максим и цIэкIэ щыIэ Къэрал саугъэтым и лауреат: ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и усэхэм сыт щыгъуи щынэрылъагъущ ар нобэрей зэманым декIуу, къызыхэкIа лъэпкъыр имыгъэгъуащэу зэрыщытыр. Абы и усэхэр гъэхуащ, пыухыкIащ. Абыхэм гурыщIэ лъагэ, гупсысэ куу япкърылъщ.

***
Прокофьев Александр, Ленин саугъэтым, СССР-м и Къэрал саугъэтым я лауреат: ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и поэзиемрэ прозэмрэ нэхъыщхьэ дыдэу къыхэщ темэхэм ящыщщ цIыхумрэ абы и гуащIэмрэ, цIыхумрэ ар зыщыпсэу зэманымрэ, цIыхумрэ абы и дунеймрэ. А Iуэхугъуэшхуэхэр ЩоджэнцIыкIум гъунапкъэ зимыIэ гъащIэм и къэхъукъащIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ цIыхум къабыл ящыхъуу нэгъэсауэ зэпкърех.

***
Казакевич Эммануил, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат: «ЗэгуакIуэр дахэщ», «Уэздыгъей», «Псым щхьэщыт пхъэхуей», «Пэрымэр егуэш жыг хадэм» усэхэм, нэгъуэщI усэ телъыджэхэми хуэдэ зытхыфынкIэ хъунур гурыщIэ куу, талант ин зиIэ усакIуэщ.

***
Шошин Владислав, тхакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ  доктор: Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ сыщыщыIам сэ къэслъыхъуащ а лъахэм уардэу щхьэщыт къурш абрагъуэхэм, аузхэм, абы щыпсэу цIыхухэм я псэм и дахагъэр псалъэкIэ къэзыIуэтэфын. Сызылъыхъуэр къэзгъуэтащ - ар ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и поэзиеращ… Iэдэм и усыгъэхэм псом ящхьэу яIэтыр гуапагъэр, гурыщIэ къабзэр, цIыхугъэ лъагэр, гулъытэр, цIыхупсэм зыхищIэхэр арщ.

***
Михалков Сергей, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Ленин, СССР-м и Къэрал саугъэтхэм я лауреат: Кавказ Ищхъэрэм и лирик нэхъыфIхэм ящыщ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм гум дыхьэу, гъуэзэджэу хуоусэ цIыхум и гуащIэм. УсакIуэм игури и псэри дихьэхащ цIыхум зэфIэкIыу иIэм. Абы и псэм и щIасэщ шахтерми, металлургми, хадэгъэкIми, къурш бгъуэщIхэм гъуэгу пхрызышхэми, мэкъумэшыщIэхэми, жэмышхэми, шоферми, Iэщыхъуэми я лэжьыгъэр. ЦIыху къызэрыгуэкIхэм я гуащIэдэкIыр абы усэ къарукIэ еIэт. 
ЩоджэнцIыкIу Iэдэм усакIуэ къудейкъым, ар икIи прозаик Iэзэщ – абы итхахэм ящыщщ хуабжьу цIэрыIуэ хъуа повесть купщIафIэхэу «Софят и гъатхэ», «Уи цIэр фIэсщынщ» жыхуиIэхэр.

***
Стельмах Михайлэ, Ленин саугъэтым и лауреат: ПщIэ зыхуэсщI Iэдэм! Ину фIыщIэ гуапэ пхузощI хуабжьу гухэхъуэ къызэзыта уи «Тебе, мой друг» тхылъым папщIэ. Ар гъэнщIащ дыщалъхуа щIыналъэм лъагъуныгъэшхуэ хуэзыщI философскэ гупсысэшхуэкIэ, поэзие лъагэкIэ.

***
Русакиев Семион, Софие къалэм дэт университетым и профессор: Софие къалэм дэт университетым советскэ литературэмкIэ щыIэ кафедрэм хуабжьу тфIэгъэщIэгъуэну щыгъуазэ зыщыхуэтщIащ уи творчествэм. Студенткэ Ельфимовэ Тамарэ уи «Софят и гъатхэ» повестым теухуауэ дипломнэ лэжьыгъэ итхащ. Уэ уи усыгъэхэмкIи уи прозэмкIи нэгъэсауэ уусакIуэщ. Гупсысэшхуэ, гурыщIэ ин зиIэ уусакIуэщ.

***
Гринберг Иосиф, филологие щIэныгъэхэмк1э  доктор: ЦIыхум и псэм щыщIэхэр, и гум щигъэфIэрафIэ гупсысэхэр тэмэм дыдэу, телъыджэу зи гухэлъ усэхэм къыщызыгъэлъагъуэ ЩоджэнцIыкIу-усакIуэм и повестхэм купщIэшхуэ япкърылъщ, куууэ зэкIэлъыкIуэу гъащIэм и къэхъукъащIэхэр нэрылъагъу ящI, цIыхум и хьэл-щэнхэр, и дуней тетыкIэр нэгъэсауэ къызэкIуэцIах.
ЩоджэнцIыкIу Iэдэм IэкIуэлъакIуэу, нэгъэсауэ ущегъэгъуазэ бгырыс гъащIэр зыхуэдэм, зэманыжьым къыщIэна хабзэжь мыхъумыщIэхэмрэ иджырей гъащIэмрэ яку дэлъ бэнэныгъэр тегъалэ хэмылъу къызэригъэгъэлъэгъуэфын Iэмалхэр шэрыуэу къегъэIурыщIэ. А фIэгъэнапIэр художественнэу хьэкъ пщищIу къыщыгъэлъэгъуащ «Софят и гъатхэ», «Уи цIэр фIэсщынщ» повестхэм.
***
МэшбащIэ Исхьэкъ, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал саугъэтхэм я лауреат: Ди къуэшхэм литературэм щаIэ ехъулIэныгъэхэм ину дыщогуфIыкI. КIыщокъуэ Алим, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Теунэ Хьэчим сымэ я къалэмыпэм къыщIэкIахэр гъащIэм дыхуезыгъаджэ, дыхуэзыущий тхылъу додж.

Поделиться:

Читать также: