Псэм къехуэбылIэ фэеплъ

ЦIыхур и блэкIам пызыщIэж къуэпсыр махэщ. Псэр зыгъэпIейтей гукъэкIыжхэр псом нэхъ хуабэ зыщIри а махагъэрауэ къыщIэкIынущ. Апхуэдэ гукъэкIыжхэр уи псэр зыхэзыщIа цIыхум епхамэ, ахэр псом хуэмыдэжу лъапIэщ. ГукъэкIыжхэр гъуэгугъэлъагъуэ щыхъур абы щыгъуэщ – ахэр узэплъэкIыжурэ уи нэгу щIэкIыжу аракъым, атIэ пщIыгъущ, пщыщщ, махуэ къэс уапсыхь. Журналист, КъБКъУ-м и егъэджакIуэ Битокъу Маринэ Цагъуэ Нурийрэ Дым Iэдэмрэ зэдатхауэ щыта букварым и хъыбарым дыщигъэгъуэзащ. Абы драгъэгупсысащ гукъэкIыжым, фэеплъым, дыгъуасэмрэ нобэмрэ я зэхуаку дэлъым. Маринэ букварыр хъума зэрыхъуам, ар щIэин лъапIэу зы адыгэ унагъуэм зэрыщахъумэм и гугъу къытхуищIащ, а тхылъ пIащIэ цIыкIур зыхъума бзылъхугъэ гуащIафIэм и гъащIэми дыщигъэгъуэзащ. Налшыкдэс Мэзло Элинэ Маринэ къыхуиIуэтэжаращ зи гугъу фхуэтщIынур. 
Мэзло Элинэ ехъумэ Дым Джэфар 1917 гъэм хьэрып графикэм тету къыдигъэкIа букварыр. Адыгэм и щэнхабзэ щIэиным щыхьэт техъуэ тхылъ пIащIэр Бахъсэн къыщызэрагъэпэщауэ щыта еджапIэм къыщагъэсэбэпын папщIэ зэхагъэуват Цагъуэ Нурийрэ Дым Iэдэмрэ. А тхылъыр Элинэ къритауэ щытащ и анэшхуэ Берд Хъадижэ. Ар унагъуэм я бын нэхъыщIэт. И дэлъху нэхъыжьитIым - Мамышрэ Iэдэмрэ - щIэныгъэ яIэт хьэрыпыбзэмкIэ. Арати, я шыпхъу нэхъыщIэри къеджэу ирагъэсат. Ирагъэсат Цагъуэ Нурийрэ Дым Iэдэмрэ зэхагъэува тхылъым адыгэбзэ къриджыкIыуи, - жеIэ Элинэ. 
Хъадижэ пасэу, илъэс 16-м иту, унагъуэ ихьат. 1941 гъэм Элинэ и анэр дунейм къытехьащ. Бзылъхугъэм и щхьэгъусэр зауэм уIэгъэ щыхъуати, абы хиха фэбжьым дохутырхэм щахуемыщIэIам, зауэлIыр унагъуэм къратыжащ, езыхэр кIэлъыплъыжыну. Хъадижэ и щхьэгъусэм и узыншагъэр иригъэфIэкIуэжащ, пыфыкIыу щIидза и лъакъуэр хуигъэхъужащ, къригъэлащ. Удз хущхъуэхэр зэхуихьэсырт Хъадижэ, ахэр зэхилъхьэрт, зэхигъавэрт. Зи лъэ теувэжа щхьэгъусэр зауэм дэкIыжыфынутэкъыми, колхозым и унафэщIу трагъэуващ. Куэд дэмыкIыу, етIуанэ щхьэгъусэ къишэну мурад щищIым. Хъадижэ и дэлъхухэм я деж къигъэзэжащ, сабийр и IэплIэм тесу. Зэман дэкIауэ, бзылъхугъэм лъыхъу къыхуэкIуащ Зеикъуэ къуажэм щыщ Хьэмырзэ Хьэсет (Дад). Ар лIыбэт, и бын балигъхэр унагъуэ хъужахэт. Бзылъхугъэм унагъуэ зыдиухуэжа Хьэсетщ Хъадижэ и пхъум адэу къилъытар. Хъыджэбз цIыкIур ебланэ классым щыщеджэм, адэр дунейм ехыжащ. Аргуэру Хъадижэ и пхъур щIыгъуу Бахъсэн, и дэлъхухэм я деж, къигъэзэжащ. ЗэкъуэшитIым я шыпхъум щIапIэ къыхупачри, лъапсэ хуращIыхьащ. Зэдэлъхузэшыпхъухэм я хадэхэр зэпылъти, шыгъуэгукIэ зэкIэлъыкIуэрт. А унэм лIэху щыпсэужащ Хъадижэ. Бзылъхугъэм и пхъурылъху щIалэ цIыкIухэр абы и деж щIэх-щIэхыурэ кIуэжырт, анэшхуэм и лъапсэм махуэхэр щагъэкIуэну яфIэфIт. Псом хуэмыдэжу Хъадижэ и псэм дэщIат и пхъурылъху хъыджэбз цIыкIур. Элинэ гъэмахуэ псор щигъакIуэрт Бахъсэн. Анэшхуэм гъэмахуэ Iуэхухэр дищIэрт. ЩIыIэ хъуа нэужь, Хъадижэ езыр Налшык къакIуэрти, и пхъум деж щыIэт, имызакъуэн щхьэкIэ. 
Элинэ анэшхуэм теухуа и гукъэкIыжхэм яхэтщ адыгэм я щэнхабзэ дахэм наIуэ дыдэу щыхьэт техъуэхэр, уеблэмэ тхыдэдж - щIэныгъэлIхэри лъэмыIэсауэ. Апхуэдэ хъыбархэм ящыщщ мыри:
- Анэшхуэм и пщIантIэкум кхъужьеишхуэ итт. Гъатхэм, хадэр къэттIыну, хьэсэхэр зыхуей хуэдгъэзэну Бахъсэн дыкIуа нэужь, сыт щыгъуи къызжиIэрт: «НакIуэт, си пщащэ! Кхъужьейр дгъэщIэрэщIэнщ, жыг гуащэм зимыгъэгусэн щхьэкIэ»! Кхъужьей къудамэхэм лентI плъыжьхэр фIэдблэрт. Хадэр къызэрыухъуреихьа бжыхьхэми лентIхэр фIыдигъащIэрт, къаплъэм гу къылъатэн щхьэкIэ. «Ди тхьэу Тхьэшхуэ!», «Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ!», «Алыхь дыщэ!» - мыхэр ди анэшхуэм жиIэрейуэ щытат. Iущагъ куэд къыджиIэрт, шыпсэхэм, хъыбархэм дыщIигъэдэIурт. ИгъащIэ лъандэрэ нэмэз ищIырти, сэри тхьэлъэIухэр сигъащIэрт. Зэчыр жиIэрт дахэу. Иужьрей илъэсхэм нэмэз тIысыгъуэхэр къытехьэлъэ хъуати, Iэмал къигупсысат. НатIэ зыIумыт шэнт иIэти, абы нэмэзлыкъыр триубгъуэрт, езыр шэнт цIыкIум тетIысхьэрти, тхьэ елъэIурт. Си анэшхуэм сыщIыгъун сфIэфIт, си щхьэр и куэщIым ислъэхьэрти, и кIэпхыным щIакхъуэмэ IэфI къыкIэрихым сепэмырт. И щIакхъуэ IэфI цIыкIухэр нобэ къыздэсым ди Iум илъщ, - игу къегъэкIыж Элинэ. 
Элинэ и дэлъху, сурэтыщI цIэрыIуэ Мэзло Эдуарди ехъумэ и анэшхуэм къыщIэна зы хьэпшып. 
- Дахащэу зихуэпэну фIэфIт, и щыгъынхэр екIуу зэфIилъхьэрт. Сэ зызохьэ анэшхуэм и IэкIэ ищIауэ щыта уагъэ кIапэ. Хэт езгъэлъагъуми, апхуэдэ уагъэ зэрыхъэкIэ игъащIэм ямылъэгъуауэ жаIэ, - жеIэ Эдуард. 
Берд Хъадижэ 1983 гъэм дунейм ехыжащ. Зэгуэр ар зылъэIэсауэ, ихъумауэ, езым ищIауэ щыта хьэпшыпхэр иджы и пхъурылъхухэм я псэм йохуэбылIэ. Эдуард ихъумэ уагъэ щэкIыр, Хъадижэ нэмэз щищIкIэ зытесу щыта шэнт цIыкIур, уеблэмэ I982 гъэм иужьу анэшхуэм кърихьэлIэжауэ щыта гъавэм щыщ нартыху зытIущыр – унагъуэм я дежкIэ щIэин лъапIэщ. 
Фэеплъхэм яхэтщ гукъэкIыж къудей мыхъуу, цIыхур махуэ къэс зыхэпсэукI гупсысэ дуней. АтIэ фэеплъ хьэпшыпхэри нобэм щыщ мэхъуф – ар зыхъумэр зригъэплъэкIыж къудейкъым, атIэ зэпымыууэ и гупэм къитрэ, игъэкIуатэу, игъэгупсысэу. Апхуэдэщ XX лIэщIыгъуэм адыгэ щэнхабзэм жыджэру хэта адыгэлIхэм ятха тхылъри. Хьэрып жыпхъэр зи лъабжьэ а тхылъ цIыкIур Элинэ адыгэбзэкIэ къопсалъэ и анэшхуэм и макъ щабэмкIэ. 

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться:

Читать также: