Губгъуэжыхапхъэр гъэкIуэдыгъуейщ

ЦIыху куэд зыгъэсымаджэ губгъуэжыхапхъэр (амброзиер) Америкэ Ищхъэрэм нащэгъэбагъуэ жылэм хэлъу кърашри, Европэм къагъэIэпхъуа хъуащ I873 гъэм. Удзым псынщIэ дыдэу зиубгъуу, и зэранышхуи цIыхум къекIыу къыщIэкIащ. 
Губгъуэжыхапхъэр щыкуэдщ Европэми, Америкэ Ипщэми Ищхъэрэми, Африкэ Ищхъэрэми, Азиеми. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, абы адэкIэ зиубгъунущ. 

 Урысейм губгъуэжыхапхъэр къыщыщагъуэтар I9I8 гъэращ, Ставрополь пэмыжыжьэу, Владикавказ – ТIуапсей гъущI гъуэгу зэбгрыкIыпIэм хуэзэу. ИтIанэ ар кIуэтащ Краснодар крайм, Ростов областым щынэсар I950 гъэхэращ. Дунейр нэхъ хуабэ зэрыхъум къыхэкIыу, ар Урысей Федерацэм и ищхъэрэ щIыналъэхэм мэкIуатэ. 
Губгъуэжыхапхъэр цIыхумкIи къэкIыгъэхэмкIи зэранщ. ЩIы щхьэфэм зэрыщызэбгрыжым хуэдэу, и лъэхъыцми псынщIэу зеукъуэдий, губгъуэжыхапхъэ килограммыр зыхуей хуэзэн, мыгъужын папщIэ, псы литр 948-рэ зыщIеф. Гуэдзым, псалъэм папщIэ, тIукIэ нэхъ мащIэщ зыщIишэр. КъищынэмыщIауэ, абы щIым куэду къыхех азотымрэ фосфорымрэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, адрей къэкIыгъэхэм зэрызаужьын псырэ щIыгъэпшэррэ яхуримыкъуурэ, егъэкIуэдыж. 
Губгъуэжыхапхъэм губгъуэр зэщIищтамэ, мэкъумэш техникэр тэмэму лэжьэжыфыркъым, гъавэр и чэзум Iуахыжыфыркъым, мэкъупIэм нэсамэ, Iэщым ишхын удз къигъэкIыркъым. А къэкIыгъэм игъэсымаджэ цIыхум и лъэр щIех: и нэпсыр къыщIэжу, и нэм шын щIищIэу, тэмэму имылъагъужу мэхъу, тхьэмбылыр игъэбэгыу цIыхур къащыхуемыгъэли щыIэщ. 
Дызытепсэлъыхь удз лIэужьыгъуэр апхуэдизкIэ «быныфIэщи», улъэщIэмыхьэу мэбагъуэ. Зы удз жэпкъым и гъужыгъуэм жылэ мин 40-м нэс къыполъэлъри, щIым хокIэ. КъыкIэлъыкIуэ гъатхэм а псори мэгъагъэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, сыт хуэдизрэ ар шэмэджкIэ иумыхми, губгъуэжыхапхъэр зэрымыкIуэдыр, уеблэмэ ипхыху лъабжьи 5-I5 зэриутIыпщыр. Ар нэхъыбэу щыгъагъэр накъыгъэ-мэкъуауэгъуэ мазэхэрщ, ауэ ди щIыналъэм щыпсэухэм я аллергиер къыщыхъейр шыщхьэуIу-жэпуэгъуэ мазэхэращ. 
АтIэ, дауэ, губгъуэжыхапхъэм узэрыпэщIэтынур?
Iэмалищ иIэщ абы: мэкъумэш, химие, биологие.
Мэкъумэш лIэужьыгъуэр зэкIэлъыгъэкIуауэ, набдзэгубдзаплъэу бгъэзащIэмэ, абы нэхъыфIи яхэткъым, зэрыжаIэмкIэ. Псом япэрауэ, зы гъэм хэпса къэкIыгъэр, етIуанэми хэпсэж хъунукъым. Мэкъумэш лэжьыгъэхэм епха щIэныгъэлIхэм зэрызэхагъэщхьэхукIа хабзэм тету зэблэхъун хуейщ жылэхэр. 
Хадэм къыщыкIа губгъуэжыхапхъэм и лъэхъыцыр зэригъусэу къыхэчын хуейщ, армыхъумэ, зэрыжытIащи, пыбупщIыху нэхъри мэбагъуэ. КъищынэмыщIауэ, УФ-м щагъэбелджыла гын зыбжанэ щыIэщ, а удзыр ирагъэкIуэду. Ещанэ Iэмалыр – губгъуэжыхапхъэр щыкI щIыпIэм удз Iув зэмылIэужьыгъуэхэр, джэш, хьэ, гуэдз, къинэмыщIхэр щыхасэ. «Амброзивный листоед» жиIэу щыIэщ хьэпIацIэ лIэужьыгъуэ, а удзым фIэкIа имышхыу. А псори зы пщIыжрэ, зэкIэлъхьэпыту губгъуэжыхапхъэм «уеуэмэ» илъэситI-щым къриубыдэу пхуэгъэкIуэдыну аращ. 
Къыхэгъэщыпхъэщ мы удзыжьыр гъэкIуэдыныр щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм, мэкъумэш IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм,  щIыр бэджэнду зыIыгъхэм, унагъуэхэм я къалэну зэрыщытыр. «О карантине растений» жиIэу УФ-м 20I4 гъэм Хабзэ къыщащтащ. Абы и 32-нэ статьям щыгъэбелджылащ мы удзыр гъэкIуэдыным хуэгъэзауэ зи къалэныр зымыгъэзащIэм ахъшэу ирагъэпшынри. 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: