Джэдкъазым я бжыгъэм хохъуэ

2026 гъэм накъыгъэм и I-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту джэдкъазу мелуани 5-м щIигъу яIэу ятхащ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент I,2-кIэ нэхъыбэщ ар, къитащ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм.
Хъыбарым къызэрыхэщымкIэ, абыкIэ зи хэхъуэр нэхъыбэр мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэрщ. Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу абыхэм я джэдкъаз бжыгъэм процент 11,7-кIэ хагъэхъуащ (мелуани 2,7-рэ мэхъу) икIи республикэм псори зэхэту щаIыгъым и зэхуэдитIым нэхърэ нэхъыбэр абыхэм нобэ къалъос. 

ЩЭУЕЙ Былэ.
Поделиться:

Читать также: