ЗэфIагъэкIахэм арэзы техъуащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзоррэ Бахъсэн щIыналъэм и Iэтащхьэ Абрэдж Iэдибрэ зыщагъэгъуэзащ «Егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ районым и жылэхэм къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыж курыт еджапIэхэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм. 
ЯпэщIыкIэ ахэр щыIащ Жанхъуэтекъуэ и сабий садым икIи зрагъэлъэгъуащ абы и пэш кIуэцIхэр къызэрыращIыкIа, IуплъапIэр зэIузэпэщ зэращIа щIыкIэхэр.
ИужькIэ, министрымрэ щIыналъэм и Iэтащхьэмрэ къыщыувыIащ Зеикъуэ къуажэм и курыт еджапIэ №I-м. Мыбдежми, абыхэм зыщагъэгъуэзащ еджапIэ пэшхэм я щытыкIэхэм, школым иIэ теплъэм, абы къедза щIыпIэм ехьэлIауэ зэлэжьыпхъэхэм. 
ХьэтIохъущыкъуей къуажэм и курыт еджапIэ №2-м ток кIапсэхэр къанэ щымыIэу щызэрахъуэкIащ, пэш блынджабэхэм сэху иратащ. Ещанэ къатым и лъэгур къагъэщIэрэщIэжащ, етIуанэмрэ езанэмрэ я лъэгухэр лэжьакIуэхэм зэтес иджыпсту ящI.
Абыхэм яужькIэ, Езауэ Анзоррэ Абрэдж Iэдибрэ щыIащ Ислъэмей, Бахъсэненок къуажэхэм я езанэ курыт еджапIэхэм. Мы щIыпIэхэми школхэр къызыхуэтыншэу жыджэру щызэрагъэпэщыж мы махуэхэм. ЖыпIэнурамэ, абыхэм я пэшхэр зэрахьащ, иджырей щхьэгъубжэхэр хагъэуващ, унащхьэхэр щыщIагъэбыдэкIащ, иджы лъэгухэр захуэ ящI. 
Бахъсэн щIыналъэм и курыт еджапIэхэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр хуэунэтIащ еджакIуэ цIыкIухэм я тыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ нэсу къызэгъэпэщыным икIи лIыщхьэхэм ялъэгъуамкIэ арэзы хъуахэщ.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: