Пщащэ цIыкIум и хъуэпсапIэхэрЦIыхум и насыпыр и натIэ иту къигъэщIу, къыхуиухар къыдалъхуу жаIэ. Ар пэжу къыщIэкIынщ. Армырамэ сабийм ипэIуэкIэ ицIыхункIэ Iэмал зимыIа щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ бгъэдэлъу, зэфIэкI пыухыкIахэр пкърылъу щхьэ дунейм къытехьэрэ? Абы, ухуей-ухуэмейми, урегъэгупсыс фэдгъэцIыхуну хъыджэбз цIыкIур гъуаплъэм ирилажьэу, абы тхьэгъу, Iэпщэхъу, пщэрыдзэ къыхищIыкIыу, ар зыкIи къемыхьэлъэкIыу, дахащэу къехъулIэу щыплъагъукIэ… Шурдым Акуандэ илъэсий къудейщ зэрыхъур. Ауэ абы инстаграмым напэкIуэцI щхьэхуэ щиIэщ, и IэдакъэщIэкIхэр зэрищIыр щигъэлъагъуэу. ИщIри дахэ дыдэ мэхъу, уеблэмэ иджыблагъэ абы гу къылъитащ дуней псом щыцIэрыIуэ адыгэ дыщэкI Еутых Iэсият. Езы пщащэ цIыкIум зэрыжиIэмкIи, абы гулъытэ къызэрыхуищIар хуабжьу и гуапэщ. - Гуащэнэ (апхуэдэущ Акуандэ псори зэреджэр) сытым дежи щэхущ, зэраншукъым, къипкI-къилъкъым. И закъуэ къэнакъэ – пластилиным хьэпшып гуэрхэр къыхищIыкIыу, сурэт ищIу, дзапэ уэрэд къришу щысщ. Къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу дунейм сыт тыгъэ хуэсщIын жысIэу сыгупсысурэ, пэщэщэну зэрыфIэфIыр къэслъытэри, тхьэгъу, Iэпщэхъу сыт иращIу, хьэпшып цIыкIуфэкIурэ Iэдэ-уадэрэ дэлъу пхъуантэ къыхуэсщэхуат. Ар абы зыкIэ щыгуфIыкIати, махуэ псом къыкIэрымыкIыу кIэрысащ. Уеблэмэ, асыхьэту тхьэгъу цIыкIухэр зэпищIэри, къыхуэкIуа хьэщIэхэм тыгъэу яритыжат. КъыщыгуфIыкIат, сыту дахэу пщIа, сыту къохъулIа жаIэурэ. Абы игъэгушхуа?! Дихьэхыпэри, нэгъуэщI зыгуэрхэри ищIыну яужь ихьащ. Ауэ Гуащэнэ Iэмэпсымэхэр ицIыхуртэкъым, нэхъапэIуэкIэ зэи илъэгъуатэкъыми, дигъэмэхын щIидзащ: «МыбыкIэ сыт ящIэр, мыбы дауэ узэрырилажьэр?!» - жиIэурэ. Сэ сщIэ мащIэр езгъэлъэгъуащ, ауэ и адэм абы гу щылъитэм, псори иригъэцIыхуащ. Абы лъандэрэ зы махуэ къэмынэу хьэпшып гуэрхэр ещI. Гумызагъэщи, ищIамкIэ щымыарэзыжыр нэхъыбэщ, ауэ а къехъулIахэр щыхуэбгъэдахэкIэ – лъэтэным хуэдэщ, - жеIэ Акуандэ и анэ Жан. Сабийм и Iэр лажьэмэ, акъылыр гупсысэу жаIэ щIэныгъэлIхэм. Акуандэ и адэ-анэр щыхьэт тохъуэ ар зэрыпэжым: - И IэпэхэмкIэ зыгуэр ищIэху, и щхьэри мэлажьэ. И щхьэм лэжьэн зэрыщIидзам и нэщэнэу, и Iэпэхэр нэхъ псынщIэж мэхъу. Ауэрэ и пхъуантэ цIыкIум дэлъ кIапсэр иухат… Хьэпшып, техникэ куэд диIэт, къутауэ, хыфIэддзэжауэ гуэщым щIэлъу. И адэр абыхэм етIысылIэри, гъуаплъэм къыхэщIыкIа кIапсэрэ гъущI кIапэу пылъыр къапкърихащ, зэрылажьэ Iэнащхьэм дэкъац хутригъэбыдащ, Iэдэ, уадэ, гъущI зэрызэпагъэж, зэраIуантIэ, зэрахъуэ Iэмэпсымэу иIэр къритащ. Абыхэм зэрырилажьэри, зэрагъэIэкIуэри иригъэлъэгъуащ. ЗэщIыгъуу интернетым исщ, фэилъхьэгъуэ гуэрхэр къалъыхъуэ, ахэр зэращIымкIэ видео зэхуэмыдэхэм йоплъ. Ауэрэ зыгуэр и нэ къыфIэнамэ, ещI. ЩыIэщ сабийр Iуэхугъуэ гуэрым дихьэха нэужь, зэман дэкIмэ, ар щыIэщIэхуж, щыхуэмеиж, нэгъуэщI гуэрым зыщритыж. Апхуэдэурэщ цIыхум зэрызигъэунэхужри. Ауэ Акуандэ и лэжьыгъэ дахэм нэхъ тегушхуэн, игу-и псэр нэхъри хыхьэн папщIэ, и адэ Шурдым Мурат инстаграмым напэкIуэцI къыщыхузэIуихауэ, пщащэ цIыкIур щылажьэкIэ сурэт, видео трихыурэ, кърегъэувэ. Уеблэмэ, абыхэм кIэщIатхэнум зэщIыгъуу йогупсыс. - Сэ си щхьэкIэ сфIэфIыщэтэкъым абы фIэкIа ныбжь зимыIэм инстаграмым напэкIуэцI къызэрыщыхузэIуихар. Абы дихьэхыу, интернетым къинэжыну къысщыхъурт. Ауэ дыкъыпекIуэкIащ а гукъеуэм – телефон иIэххэкъым! - мэгуфIэ Жан. – КъикIынури сщIэркъым, ауэ, деплъынщ. Дауэ мыхъуами, лей хъунукъым ар. И адэр щыдэсхэм деж Гуащэнэ нэхъ тегушхуауэ мэлажьэ, сыту жыпIэмэ, къыгурымыIуэ псори къыгуригъэIуэнущ, зэрылэжьэну Iэмал зыбжанэ къригъэлъагъунущ. Ар щыщIэмысхэм деж езы хъыджэбз цIыкIур ноутбукым бгъэдотIысхьэри, езыр-езыру мэлъыхъуэ. Зылъыхъуэхэри пасэрейм, лъэхъэнэжьым ящIу щыта хьэпшыпхэрщ. Сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, Гуащэнэ хэкупсэу, лъэпкъ хьэпшыпхэмрэ дыщэ-дыжьынхэкIхэмрэ къигъэщIэрэщIэжыну къеныкъуэкъуу аращ. Игу ирихьын къигъуэтмэ, япэщIыкIэ абы и сурэт ещI, абы иужькIэ гъуаплъэм къыхещIыкIыж. Уеблэмэ, лъэщапIэ щхьэхуэ хуэтщIауэ, гуэщым щолажьэ. «Мыхэр пщэрэ?» - жаIэу зыгуэрхэр къеупщIати, абыкIэ мэгупсысэ, алъандэрэ ищIахэр егъэтIыгъуэ. КIэщIу жыпIэмэ, дихьэхыпауэ гурэ псэкIэ кIэрыпщIащ, адэкIэ зэрыхъунур хэт ищIэрэ. Мыхэр пщэмэ, къыщIэкIымкIэ сыт пщIэнур жысIэри сеупщIати, иджыри сызэрылэжьэну Iэмэпсымэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ къэсщэхунущ жиIащ… Ин ухъумэ, сыт ухъуну ухуей жыпIэрэ уеупщIмэ, Акуандэ дыщэкIыу фIэкIа зилъагъуркъым. Ин жыIэ-цIыкIу Iуатэ жыхуиIэращи, и адэ-анэм ядилъэгъуауэ мардэу Акуандэ пщыхьэщхьэ къэс нэху къекIмэ илэжьыну псори еубзыху, зэхетхыкI. Иубзыхуамрэ итхамрэ зэрытетыным яужь итщ, зэфIигъэкIахэр иретхъыкIыж, ахъшэ дапщэ иIэми ебж, етх. Ин хъууэ цIыкIу хъужа нэхъей, жаIэ апхуэдэхэм щхьэкIэ. Быдэу си фIэщ мэхъу Шурдым Акуандэ и цIэр ину зэрыIунури, абы и хъыбарыфI зэгуэр зэрызэхэтхынури. Дауэ мыхъуами, лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуа IэщIагъэ дахэм итхьэкъуащи, ар зэи лъэужьыншэ мыхъун Iуэхущ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




