Лъэпкъ щэнхабзэм щыщ Iыхьэ

Лъэпкъ шхыныгъуэхэр дэтхэнэ лъэпкъми и щэнхабзэм къыгуэхыпIэ зимыIэ и Iыхьэщ, ар зэфIэувэным, шэч хэмылъу, сэбэп хуохъу тхыдэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэри а лъэпкъым и щIыуэпс-климат щытыкIэхэри.

Ерыскъыр лъэпкъым и псэукIэм епхауэ, лъэпкъым къыдекIуэкI хьэл-щэнхэр ихъумэу щытщ. Къэрэшей-балъкъэр шхыныгъуэхэр къапщтэмэ, ар зэрагъэхьэзырымрэ зэрашхымрэ хабзэ щхьэхуэхэр иIэжщ.

XIX лIэщIыгъуэм псэуа этнограф цIэрыIуэхэм ящыщ, Кавказым и къэхутакIуэ Миллер В., Ковалевский М. сымэ ятхыгъащ:

«...Балъкъэрхэмрэ къэрэшейхэмрэ хьэлкIэ хуабжьу зэтеубыдащ, я ерыскъыри егъэлеякъым. Апхуэдэ гъэсэныгъэ абыхэм я сабиигъуэм щыщIэдзауэ ират. Псом хуэмыдэу ар щынэрылъагъущ гуфIэгъуэхэм. Нэхъыжьхэр хуэму кIэлъоплъ щIалэм е пщащэм и Iэнэ щысыкIэм, шхэкIэм. Шхыным хуэнэхъуеиншэм «аштапар», «аштырхъан», «ашкез» цIэ емыкIур фIащу хабзэщ, ныбаблэ къикIыу».

ХьэщIагъэр куэд щIауэ балъкъэрхэм я лъэпкъ нэщэнэ нэхъыщхьэщ. Бгырысхэр къулейуэ псэуртэкъым, ауэ щыхъукIи, сыт хуэдэ бгырыс унагъуэри хущIэкъурт хьэщIэр и ерыскъы нэхъыфI дыдэмкIэ зэригъэхьэщIэным, абы щыгъуэми, нэхъыбэм, езы хэгъэрейхэр мэжалIэу къанэми. Зи гугъу тщIы лъэпкъыр бгы хъупIэхэм щыпсэурт, Iэщ ягъэхъурти, щIыналъэм лы куэд щагъэхьэзыру къекIуэкIащ.

Балъкъэр шхыныгъуэхэм щыкуэдщ лым къыхэщIыкIа ерыскъыр, ар гъэжьауэ, гъэвауэ япэу Iэнэм къытрагъэувэ шхынщ, лэпсыр етIуанэу къыпхуахь.

Дэ адыгэхэм къытщхьэщыкIыу, балъкъэрхэм лыр псы мышыукIэ ягъавэ, витаминхэр хэмыкIын щхьэкIэ щабэ дыдэ ящIыркъым, шыгъу щIыхамыдзэр лым и мэ гуакIуэр къыпщIихьэу пшхын щхьэкIэщ. КъищынэмыщIауэ, лыр дыгъэм е жьэгум щагъэгъупцIри, куэдрэ щылъщ. Мэл кIапэр ягъэвэжри, нэгъуэщI ерыскъыхэм халъхьэ щэ дагъэр ягъэхьэзыр. ДэпкIэ, мафIэкIэ ящI лыхэкIхэри яIэщ - сохъутэ, жэрме, жау-баур.

Къэбгъэлъагъуэмэ, лыр махуэ къэс яшх ерыскъы зэрыхъурэ куэд щIакъым. Нэхъапэм, мэкъумэшыщIэ махуэгъэпсымкIэ, псэущхьэхэр щаукI лъэхъэнэ хэха щыIэт. Адрей зэманым унагъуэхэм яшхырт гъэшхэкIхэмрэ тхьэвым къыхэщIыкIа шхыныгъуэхэмрэ.

Шэм кхъуей, дагъэ, шатэ къыхащIыкIырт. Куэду ягъэхьэзырырт айраныр (шху лIэужьыгъуэ), абы шыбжий сыр, бжьыныху халъхьэрти, шыпсу яшхырт. Ар фошыгъу зыхэлъхэм нэмыщI, адрей шхыныгъуэ псоми дашхырт.

Балъкъэрхэми, тырку лъэпкъ куэдым ещхьу, жэмхэм, мэлхэм, бжэнхэм е хывхэм я шэ гъэвам шху лIэужьыгъуэ къыхащIыкI. Абы папщIэ шэ къытегъэкъуэлъар хуабэ хъужыху ягъэупщIыIу, итIанэ шэ пэгуным нэхъапэу ягъэхьэзыра шхупцIатэ бжэмышх халъхьэри, фIыуэ зэIащIэ. Ар хуабэм щIэтмэ, нэхъыфIу мапцIэри, хуабэ гуэр къешэкIауэ ягъэуври, сыхьэти 10-12-кIэ щагъэт. Ар IэфIщ икIи къэуатщ. Гъэмахуэм уи псыхуэлIэр фIыуэ ирегъэкI.

Кхъуейр къапщтэмэ, бгырысхэм я ерыскъы нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Кхъуейхэр нэхъыбэу къызыхащIыкIыр жэмышэщ. Мэлышэм къыхахырт фIагъ нэхъ лъагэ зиIэ кхъуейхэр.

Балъкъэрхэм я пщэфIапIэр пщэфIэн къудейкъым зыхухэхар, атIэ анэшхуэхэм я къуэрылъху-пхъурылъхухэр ерыскъы гъэхьэзырыным и мызакъуэу, гъащIэ дерсхэми щыхуагъасэ пэш лъапIэщ.

 Апхуэдэ щIыкIэкIэ пщащэм и хьэл-щэнри пщэфIапIэм щызэфIэувэрт. Хъыджэбз цIыкIухэр абы щыхуагъасэ Iуэху щIэным, шыIэныгъэм, IэкIуэлъакIуагъым, набдзэгубдзаплъагъэм. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, тхьэв упщын папщIэ шыIэ пхэлъын хуейщ, хъыршыныр дахэу пхун щхьэкIэ - IэкIуэлъакIуагъ.

Сабий къахэхъуамэ, хьэгъуэлIыгъуэр къыдахамэ, хьэдэIус ящIмэ, уеблэмэ мэкъумэш лэжьыгъэ кърахьэжьамэ - дэтхэнэ дауэдапщэми шхыныгъуэ щхьэхуэхэр щагъэхьэзырырт: сохъутэ, жерме е лIэщIыгъуэкIэрэ къадэгъуэгурыкIуэ нэгъуэщI шхыныгъуэ.

Ерыскъым епха лъапIэныгъэ псоми ящыщу балъкъэрхэм я шхыныгъуэ нэхъ цIэрыIуэ хъуар, шэч хэмылъу, хъыршынырщ. А дэлэн пIащIабзэхэр хамэ къэрал нэгъунэ къыщацIыхуащ. Тэмэму ягъэхьэзыра хъыршыным узэпхрыплъмэ, дыгъэр плъагъуфу щытын хуейуэ жаIэ - ар апхуэдизкIэ пIащIэщи. Этнографхэм хъыршын лIэужьыгъуэ плIыщIым нэблагъэ къабжащ, щхьэж и щэху, и тхыдэ иIэжу. Балъкъэр хъыршынхэр ди къэралым и лъэпкъ шхыныгъуэ нэхъыфIу 10-м хабжащ.

Щхьэхуэу и гугъу щIыпхъэщ шхыныгъуэхэм фIыуэ хэзыщIыкI дэтхэнэри дэзыхьэх жау-баурми. Щынэ тхьэмщIыгъур ерыскъыр зыгъэIэфI зэмылIэужьыгъуэхэмрэ шыгъурэ хакIутэу зэхагъэлъа нэужь, щэ пIащIэм кIуэцIашыхьыжри, дзасэм пылъу дэпкIэ ягъажьэ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ сыт хуэдизу ехьэжьауэ иджыпсту щымытми, тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, зауэлIхэмрэ мэлыхъуэхэмрэт ахэр зи шхыныгъуэр. А ерыскъыхэр егъэлеяуэ къэуатт, бгылъэ щIыпIэхэм ущыпсэуфын, укъыщалъхуа щIыналъэр пхъумэн папщIэ махуэ псом узыхуеину къару къозытт. ИкIи гъуэгурыкIуэ езэшар, ар абы и бийуи щрет, бгырысым и бжэщхьэIум ебэкъуамэ, егъэлеяуэ IэфI шхын хэплъыхьа къыхутригъэувэнут.

ДАРИЙ Дахэнур.
Поделиться:

Читать также: