Зауэм и бынхэр
Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ и фондым иджыблагъэ зэIущIэ дахэ щрагъэкIуэкIащ. Зи ныбжьыр хэкIуэта цIыхухэм папщIэ зэхуэсыр къызэригъэпэщащ фондым и унафэщI Мэкъуауэ Люазэрэ «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Налшык къалэ къудамэм и унафэщI Къурашэ ФатIимэрэ.
Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм ди къэралым къизэрыхьа хьэщхьэрыIуэхэр изыхужыну тэджа адэ-анэхэр, къуэш-шыпхъухэр зыпэрыта лэжьыгъэр къызыхуэна ди нэхъыжьыф1хэм къинэмыщ1ауэ, зэIущIэм кърагъэблэгъат «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Къэнэмэт Замир, абы и къуэдзэ Шыдакъ Женя, «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и район къудамэхэм я унафэщIхэмрэ абыхэм я къуэдзэхэмрэ, «Зэман» газетым и редактор, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и журналист Османов Хьиса, нэхъыжьыфIхэм я бынхэм ящыщхэр, нэгъуэщIхэри.
«Зауэм и бынхэр» зэгухьэныгъэм хузэхалъхьа уэрэдымкIэ зэIущIэр къызэIуахащ, кIэлъыкIуэу Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей - Балъкъэрымрэ я гимнхэр къеуа нэужь, Хэкум и хуитыныгъэм папщIэ зи псэр зытахэм дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ.
Мэкъуауэ Люазэ нэхъыжьыфIхэм псалъэ дахэкIэ захуигъэзащ.
- Ди нэхъыжьыфIу фIыр зи Iэужьхэм лэжьыгъэфI куэд фщIащ влэжьащ. Фэ фшэча хьэзабымрэ флъэгъуа бэлыхьымрэ зэи тщыгъупщэ мыхъун Iуэхущ. Фи жьауэм дыщIэту, фи ущием дедаIуэу, куэдрэ ди япэ Тхьэм фригъэт. Ди нэхъыжьыфIхэм папщIэ зэхэтша Iуэхум зыкърезыгъэхьэлIа, дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуа дэтхэнэ зыми фIыщIэ фхузощI.
АдэкIэ къэпсэлъащ Къэнэмэт Замир.
- ЩIы хъурейр къызэриухуэрэ зауэ-зэрылIу мащIэ екIуэкIакъым. Нэхъ гуащIэ дыдэу екIуэкIахэм ящыщщ Хэку зауэшхуэр. Псоми зэрытщIэщи цIыху мелуан бжыгъэхэм я щхьэр халъхьащ Хэкум и хуитыныгъэм папщIэ. Зы унагъуи къэнакъым а зауэ гуащIэм и фэбжь зытемыхуа. ЦIыкIуи ини зыгъэхыщIа, удын гуащIэр къыдэзыдзу ди Хэкур зыубыдыну хэта бзаджащIэхэр, къыздикIам яхужащ ди советыдзэм. «Мащэ зытI йохуэж»,- жыхуиIэращи, езым къатIыжащ я мащэр. Ерур бгыщхьэм къыщытеувэм зылI и быну тэджащ ди лэжьакIуэбэр. Абыхэм я пкъым къикIа, фэ, нэхъыжьыфIхэр фыпэрытащ шыщхьэмыгъазэу фи адэ-анэхэм, къуэш-шыпхъуэм къагъэна лэжьыгъэ мытыншым. Дэ ар зэи тщыгъупщэнукъым, ди щIэблэми ар ядгъэщIапхъэщ.
Ди щIыгум тет зыхуэзыщIыну хэт хьэщхьэрыIуэхэр нобэми увыIэркъым, ди лъапсэм псы ирагъэжыхьыжын мурад яIэу къытхуодзэлашхэ. Ауэ, япэми хуэдэу, Хэкур зыхъумэжыну тэджа ди цIыху гуащIафIэхэм, ТекIуэныгъэр абыи къыщахьыну догугъэ. Фэ нэхъыжьыфIхэм фи къуэрылъху- пхъурылъхущ абы щыIэ щIалэ къуданхэр, Тхьэм къихъумэ!
Фэ фи къарур пэлъэщыху, мамырыгъэм, зыужьыныгъэм фателэжьащ. Иджы чазур ди деж къэсащи, фи гуащIэдэкIым хэдгъахъуэу, адэкIэ дгъэкIуэтэныр ди къалэн нэхъыщхьэу къыдолъытэ. ФIыщIэ ин зыхуэфащэ ди нэхъыжьыфIхэр иужьрей илъэсхэм нэхъ мащIэ зэрыхъуми Iейуэ дегъэгумэщI. «НэхъыжьыфI здэщыIэм, нэхъыщIэфIи щыIэщ». Фэ фыкъытщхьэщытыху ди насыпщ. Тхьэм куэдрэ фытхуигъэпсэу, фи бынхэм я гуфIэгъуэ флагъуу, узыншагъэрэ гуфIэгъуэрэ фыщымыщIэу, - жиIащ Къэнэмэтым. Нэхъыжьхэм щхьэкIэ къыздахьа, «Зауэм и бынхэр» зытет медалхэр кърашэлIахэм, зырызыххэу я цIэ къраIуэурэ, халъхьащ.
ЗэIущIэм къекIуэлIахэм зэгъусэу удз гъэгъахэр тралъхьащ ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ жыг хадэм ит мафIэ мыужьым.