Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щиIэ егъэджэныгъэ-щIэныгъэ центрым «Университет зэблэкIыгъуэхэр» зи фIэщыгъэ къэрал программэм ипкъ иткIэ «ЩIэныгъэр зи гъусэ зыгъэпсэхугъуэхэр» («Каникулы со Знанием») зи фIэщыгъэ ЕтIуанэ щIэныгъэ-узэщIакIуэ щIэнIуатэр иджыблагъэ щекIуэкIащ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, къэрал пэхуэщIэр дунейм къытехьэн папщIэ къэрал къулыкъущIапIэ зыбжанэм я лIыкIуэхэм я акъылрэ жэрдэмрэ зэхалъхьэн хуей хъуащ. Апхуэдэу УФ-м ЩIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм, Урысейм ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и къулыкъущIапIэм, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» я жэрдэмкIэ егъэджэныгъэ-щIэныгъэ центрым къэралым и щIыналъэ 80-м къикIыу жылагъуэ лэжьыгъэм жану хэт еджакIуи I000-м щIигъу зэхуэсащ. ПэхуэщIэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ ныбжьыщIэм пасэу и гур щIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ хуэгъэушыныр, лъэпкъхэм я щэнхабзэ лъапIэныгъэхэр зи лъабжьэ псэкупсэ гъэсэныгъэм хэлъ фIагъхэм щыгъэгъуэзэныр, зыщагъэпсэхум деж къэралми лъэпкъхэми я дежкIэ мыхьэнэ зиIэ тхыдэ къэхъугъэхэмкIэ щIэныгъэ зрагъэгъуэту егъэсэныр.
УФ-м ЩIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, пэхуэщIэр гъащIэм хэпщэн хуейуэ къэзыгъэув къэрал программэм къулыкъущIапIэр щыхагъэхьэм, егупсысащ, курыт еджапIэм щIэс цIыкIухэм яхуэгъэзауэ сыт хуэдэ жэрдэм къыхалъхьэфынур, ар икIи абыхэм гъэщIэгъуэн къащыхъун, икIи щхьэпэ хэлъу ирагъэкIуэкIын хуэдэу.
– Ди къэралым щыпсэухэр лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIащ, абыхэм дин зэмыщхьхэр зэрахьэ, дэтхэнэми езым и хабзэрэ и дуней тетыкIэрэ зиIэж жылэу зэхэтщ. А щытыкIэм ди пащхьэ кърагъэувэ къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ зэхэгъэж дымыщIу языхэзми гулъытэ хэха егъэгъуэтыныр. ПэхуэщIэр къыщыхалъхьэм, дэ мыхьэнэ иIэу къэтлъытащ ныбжьыщIэхэм зыщагъэпсэхукIэ, зыузэщI, лъэпкъхэр зэрызыгъэцIыху Iуэху щIэщыгъуэхэр къыхэлъхьэныр. Абы теухуауэ упсалъэмэ, тхыдэм хуэдэу узыIэпызышэн щыIэу къыщIэкIынкъым. Щхьэхуэ-щхьэхуэу дэтхэнэ лъэпкъми езым и гъуэгу къикIужащ, ар гурыIуэгъуэщ, ауэ дэ тедгъэчыныхьащ къэралым и зэфIэувэным псоми я зэхуэдэ Iыхьэ зэрыхэлъыр къызыхэщыж тхыдэ къэхъугъэхэр нэхъыбэ щIыным. Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я нэхъыбэр зы къэралу щыIэн щрагъэжьар XX лIэщыгъуэращи, а илъэсищэм гъащIэм къызэрымыкIуэу Iуэхугъуэ куэд щекIуэкIащ, дызэкIэрашхэу, дызэрашалIэу, зы гъуэгу дызэрытетыр къэзыгъэлъагъуэ гупсысэкIэ къытхапщэу. Ар щыIэныгъэм и лъэныкъуэ псоми ятеухуащ – щIэныгъэми, гъуазджэми, щэнхабзэми, нэгъуэщI куэдми. Дэ ди къалэныр фIыр и гущIыIукIэ къэдгъакIуэу, щIалэгъуалэр гъунэгъу зэхуэзыщI жэрдэмхэр я пащхьэм щыдгъэнэхъыбэныращи, мы пэхуэщIэм а Iэмалыр къыдет, дэ къыхэтлъхьэ гукъэкIым унэтIыныгъэ хэха Iуэхуми хуищIу къытщохъу, – жаIэ къулыкъущIапIэм и IэщIагъэлIхэм.
Iуащхьэмахуэ лъапэ щызэхэта щIэнIуатэм хэтхэм псалъэ гуапэкIэ пэIудзауэ закъыхуигъэзащ УФ-м щIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министрым и къуэдзэ Петровэ Ольгэ. Абы къыхигъэщащ къэралым щыпсэу щIалэгъуалэр, ахэр зыщыщ лъэпкърэ зэрыпсалъэ бзэхэм емылъытауэ, гъунэгъу зэхуэзыщI «Университет зэблэкIыгъуэхэм» мыхьэнэшхуэ зэраритыр, абдеж къыщыхалъхьэ Iуэхугъуэхэм куэдым я гъащIэ гъуэгур зыхуэкIуэнур зэраубзыхур.
– Сэ сыт щыгъуи жысIэрт «Университет зэблэкIыгъуэхэр» зихуэдэ щымыIэ жэрдэм щIагъуэу зэрыщытыр, абы хыхьэ щIалэгъуалэр я ехъулIэныгъэхэм зэрыхуэкIуэн щIэныгъэрэ зэфIэкIрэ а утыкум зэрыщагъэлъэгъуэфым къаруушхуэ зэриIэр. НыбжьыщIэхэм я гуращэхэр, хъуэпсапIэхэр, мурадхэр нахуэ зэращIын Iэмал гъуэзэджэр къыхэзылъхьахэм фIыщIэ яхузощI, щIэнIуатэм хэтхэми я Iуэху къехъулIэну си гуапэщ, – жиIащ Петровэ Ольгэ.
Апхуэдэу зэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБКъУ-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, гъэсэныгъэ лэжьыгъэмрэ жылагъуэ IуэхухэмкIэ и проректор Нэзрэн Беслъэн, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн сымэ.
Iуэхугъуэ щIагъуэм къриубыдэу къызэгъэпэщакIуэхэм мастер-классхэр, Iэнэ хъурейхэр, зэпеуэхэр, уэршэрхэр, зэныкъуэкъухэр ирагъэкIуэкIащ. Апхуэдэу медиадунейм щIалэгъуалэм щагъэлъэгъуапхъэ щIэныгъэм, шыIэныгъэм, зэпIэзэрытагъым ехьэлIауэ псалъэмакъ щхьэпэ еджакIуэхэм ядригъэкIуэкIащ КъБКъУ-м и лэжьакIуэ Джэрыджэ Залинэ.
SMART-кIэ зэджэ Iуэху щIэкIэм кIуэ пэтми нэхъыбэр тохьэ. Абы къегъэув сыт хуэдэ Iуэху иумыгъажьэми, абыкIэ къалэн пыухыкIахэр бгъэуву, кърикIуэнкIэ хъунур зэпэплъытэу ущытыныр. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр зыбжанэ лъандэрэ тетщ а Iуэху щIэкIэм. Апхуэдэу КъБКъУ-м и лэжьакIуэ Лопатинэ Кристинэ ныбжьыщIэхэм епсэлъылIащ зыпэрыхьэ IуэхумкIэ къалэн зыщащIыжыпхъэм, пэхуэщIэхэр зэрызэхагъэувэм, ахэр гъащIэм хапщэн папщIэ, лъэбакъуэу ячхэр зэрыщытын хуей щIыкIэхэм теухуауэ.
Зэхуэсым кърихьэлIахэр тепсэлъыхьащ езыхэм я гъащIэ гъуэгум зыщрихьэлIа Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, къайхъулIахэмрэ яхузэфIэмыкIахэмрэ къызыхэкIа щхьэусыгъуэхэр зэпкърахащ, къыхаха IэнатIэм щIыдихьэхымрэ абы хэлъ щыщIэныгъэхэмрэ я гугъу ящIащ. Лъэныкъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ пэхуэщIэм щытепсэлъыхьащ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ я мызакъуэу, дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэ куэдым. ЩIалэгъуалэр я гупсысэрэ Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэдэгуэша къудейкъым, атIэ гъащIэм зыщыIууэхэм хыхьэпIэ-хэкIыпIэ куэд зэриIэм, зы цIыхум ейм и закъуэ мыхъуу, акъыл зэхэдзэкIэ ущызэдеIэм деж сыт хуэдэ жэрдэмри нэхъ щIэх зэфIэха зэрыхъум, нэхъыжьрэ гъуазэрэ зиIэр гъуэгу захуэ зэрытеувэнум теухуауэ куэдым щIагъэдэIуащ.
Махуэ бжыгъэр купщIафIэу, гупсысэ гъэщIэгъуэн куэдкIэ гъэнщIауэ зыхьа щIалэгъуалэм ящыщ дэтхэнэми къызэгъэпэщакIуэхэм тыгъэхэр иратащ, зэхуэсыр зыщамыгъэгъупщэну, ялъэгъуамрэ зэхахамрэ езыхэм я ныбжьэгъу цIыкIухэм жраIэжыну къыхураджэу.