Джэш хъурейм йогугъуКъэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, республикэм джэш хъурейр щыIуахыж мы зэманым икIи ахэр зыгъэфIэIухэм банкIхэм иралъхьэурэ траIуантIэ. Мы илъэсым а мэкъумэш къэкIыгъэм, нэгъаби хуэдэу, хухахащ гектар мини 5-м нэблагъэ.
НобэкIэ, КъБР-м и район администрацэхэм щыIэ управленэхэм къызэратамкIэ, джэш хъурейр къытрахыжащ гектар 900-м. Къыхэдгъэщынщи, ар нэхъыбэу зыщIар консерв заводхэрщ икIи елэжьри езыхэрщ.
Мы гъэм джэш хъурейм егугъуу ди щIыналъэм заводих щыIэщ икIи абыхэм псоми зэхэту, зэкIэ къызэрабжамкIэ, банкI мелуан 19,5-м нэблагъэ нобэкIэ траIуэнтIащ.
КъищынэмыщIауэ, республикэм пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIыу щытраIуантIэм и процент 16-м нэблагъэр джэш хъурейм къылъос. Илъэс блэкIами абы и бжыгъэр банкI мелуан 57,5-рэ хъуащ.
Поделиться:
Читать также:
10.07.2026 - 15:26 →
Ари зы Iуэху еплъыкIэщ
10.07.2026 - 15:25 →
Вагъуэ гуэрэнхэр щызэлъэIэскIэ
10.07.2026 - 15:23 →
Псышхуэ абрагъуэу хъуэпсэгъуэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
10.07.2026 - 15:06 →
Кхъухьлъатэзехуэ
| ||




