Лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI2026 гъэм Дзэлыкъуэ районым и курыт еджапIэрэ сабий саду 7 къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ. Абы хиубыдэнущ Псынэдахэ, Сэрмакъ, Дзэлыкъуэкъуажэ, Дзэлыкъуэдэс, Каменномост къуажэхэм я школхэмрэ Малкэ жылэм и сабий садымрэ. Курыт еджапIэхэм яхэтщ зы къат фIэкIа мыхъуи, нэхъыбэу зэтетхэри икIи абыхэм я нэхъ инхэм лэжьыгъэхэр илъэситIкIэ щрагъэкIуэкIынущ.
Зэгъэпэщыжыныгъэ Iуэхугъуэхэр зэхаублащ «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ», «Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэхэм япкъ иткIэ икIи абыхэм мы зэманым лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI. ЖыпIэнурамэ, школхэм пкъыгъуэжьхэр къыпкърахыжащ, пэшхэр къращIыкI, бжэ-щхьэгъубжэщIэхэр хагъэувэ, инженер коммуникацэхэр щызэрахъуэкI.
Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор мы махуэхэм щыIащ Дзэлыкъуэ районым икIи зригъэлъэгъуащ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр. УнафэщIым жиIащ, зэIузэпэщыныгъэ Iуэхугъуэхэм министерствэм и нэIэ зэрытригъэт зэпытыр икIи еджакIуэ цIыкIухэм я тыншыпIэхэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщынымрэ ахэр зэрыхуэунэтIар, сабийхэм заужьын, я зэчийм хагъэхъуэн папщIэ, еджапIэхэр иджырей мардэм къитIасэу, сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщу зэрыщытыпхъэр.
Поделиться:
Читать также:
10.07.2026 - 15:26 →
Ари зы Iуэху еплъыкIэщ
10.07.2026 - 15:25 →
Вагъуэ гуэрэнхэр щызэлъэIэскIэ
10.07.2026 - 15:23 →
Псышхуэ абрагъуэу хъуэпсэгъуэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
10.07.2026 - 15:06 →
Кхъухьлъатэзехуэ
| ||




