Абей щIалэм и хъыбар

Мы хъыбарыр къэзыIуэтэжар Тэрч щIыналъэм хыхьэ Ботэщей къуажэм щыщ Жанкъулей Рэмэзанщ. Абы къыжезыIэжар и адэ Елдарщ. Хъыбарыр зытеухуар щIалэ хахуэ Абей Мэджэщ. ЦIыху нэхъыбэм ар яригъэщIэн, ди газетым и щIэджыкIакIуэхэм абы щыгъуазэ къахэкIмэ къыпригъэщэн мурадкIэ, Рэмэзан зыкъысхуигъэзащи, ар зэрыщытым хуэдэу фи пащхьэм ныдолъхьэ. Ди гуапэ хъунт, мыбы къыпэджэжын щыIамэ.
«Мы хъыбарыр, зэрыхуэзгъэфащэмкIэ, 1957 гъэхэм си адэм къыжезыIэжар Ботэщей къуажэм щыщ Абазэхэ я щIалэщ. 
МэджэкIэ еджэу Абейхэ яIащ щIалэ бэлыхь, щIалэ хъыжьэ. Къуажэдэсхэми ар апхуэдизкIэ фIыуэ ялъагъурти, «Мэджэ и псэ» жаIэу Тхьэ яIуэу щытауэ жаIэж, апхуэдэу къэувам и псалъэм иужькIэ шэч къытрамыхьэжу.
Хъыбарым зи гугъу ищIхэр къыщыхъуа зэманыр сщIэркъым. ЗэрыжаIэжымкIэ, Мэджэ шу закъуэу фIэкIа къикIухьыртэкъым. Арати, зэгуэрым и унэ къыздэкIуэжым ХьэпцIей деж губгъуэм ар щыIущIащ зы шу щIалэ. Зэдэуршэращ ахэр, зэпсэлъащ икIи Мэджэ къыжриIащ Iуэху мыщхьэпэ я къуажэм зэрыщызэрахьэр.
«Сыт къэхъуар?» - Мэджэ щыщIэупщIэм, Къудейхэ я хьэжыжьым деж Къэсей и къуэ зэрыщыхьэщIэр къыжриIащ. Хьэжым шы бэлыхь иIэт, Бахъсэн псы Iуфэм деж илъэс къэс щрагъэкIуэкIыу щыта шыгъажэхэм сыт щыгъуи щытекIуэу. Къудейр и ныбжькIэ лIыжьт. ХьэщIэр къыщIэкIуар хьэжыжьым и шыр гъэпцIагъэкIэ IэщIигъэкIыну арат.
НтIэ, адыгэм сыт щыгъуи ди хабзэкъэ хьэщIэр зэхъуэпсар тыгъэ хуащIу! Къэсейри а бзаджагъэм хуекIуэну арат. Езыхэр зы гупыфI хъурт.
Зэхихам игъэгупсысэу, Мэджэ зимыIэжьэу ХьэпцIей дыхьэри, Къудей хьэжыжьым и пщIантIэм Iухьащ. Дыхьэри, и шыр адрей шыхэр зыфIэдза пхъэлъантхъуэм ирипхащ, езыми хьэщIэщымкIэ иунэтIащ. ФIэхъус ярихри, яжриIащ Къэсей и къуэр хьэщIэу зэрыщыIэр зэхихати, имылъагъуу зэрыблэмыкIыфар. Мэджэ и шыфэлъыфэкIэ, къызыхэкIа лъэпкъкIэ хьэщIэм нэхърэ нэхъ лъахъшэт: мохэр Къэсейхэ ящыщт, пщы лъэпкъ къыхэкIат. А зэманым япэ къэсыр хьэщIэщым щIыхьэу, пщы лъэпкъ къыхэкIахэм фIэхъус ирахыфу, ябгъэдэсу щытакъым, ауэ Мэджэ зэрыхахуэр, Джылахъстэнейм пщIэшхуэ зэрыщиIэр ящIэрти, хуэфащэу къыбгъэдэтхэт.
Мэджэ куэдрэ зимыIэжьэу, сэлам ярихыжри, къыщIэкIыжащ. КъыщыщIэкIыжам, Къудейм и шыр къыщIашакIэу пщIантIэм дэтт. Щыдыхьам щыгъуи ар илъэгъуат. Пхъэлъантхъуэм ирапхауэ ялъэщIырт. Зыри хужыпIэнтэкъым – шы бэлыхьт.
  Арати, Мэджэ и шым шэсыжащ, лIыжьым и шым и IумпIэри къищтэри, пщIантIэм къыдэкIыжащ. Иужьым нэхъ хуабжь зищIащ, къыщIэпхъуащ, Болэтей къуажэм дэлъэдащ. Болэтхэрэ абыхэмрэ зэблагъэ дыдэт. 
Шы цIахуцIэм и IумпIэри иIыгъыу Мэджэ щыблэжым: «щхьэусыгъуэ иIэщ, зыгуэр къэхъуащ», - жаIэри, болэтейхэри щIалэ гуп зэрыгъэхъури, абы кIэлъыщIэпхъуащ. Ахэр къыкIэлъысыху, Мэджэ Абей къуажэм дэлъадэри, шыр ягъэпщкIуну унафэ яхуищIащ икIи яжриIащ иужь иту шу гуп къызэрыдэлъэдэнур. ЯжриIащ Джулат псы тепхъэм деж абыхэм къазэрыщыпэплъэнур. А щIыпIэм деж фIэкIа псым зэпрыкIыпIэ иIэтэкъым. 
Япэу къэса Болэтей шу гупым Мэджэ здэщыIэр щыжраIэм, псынщIэу нэсри, абы и щIыбагъым къыдэуващ. Куэд дэмыкIыуи Къудей хьэжыжьым и хьэщIэщым щIэса шу гупри къакIэлъысащ. 
Абдежым Мэджэ абыхэм яжриIащ: «ФыкIуэжынумэ, мис мыбдежращ псы зэпрыкIыпIэри, фи гъуэгу фытеувэжи, гъуэгу махуэ. Фэ фщIэну фызыхэтар, фи мурадар ди хабзэм къезэгъыркъым. Ауэ сэ зызгъэпщкIуакъым, мис, фи пащхьэм ситщ».
Къэсейр езыри уэркъ ехьэжьат, лIы хъыжьэт, зауэлIт. Ари къикIуэт хъунутэкъым. Арати, езы тIур къыIукIри зэпэуващ. Мэджэ ар хигъэщIащ. 
«ФыкIуэжи, Iуэхур зытетыр фыфейхэм яжефIэ, хьэдэр зыхуей сэ хуэзгъэзэнщ», - яжриIащ Къэсейм игъуса шу гупым. Хьэдэм хуэфащэ пщIэ иIэу яшэжын щхьэкIэт, апхуэдэу щIажриIар.
Арати, мохэр кIуэжри, Iуэхур зыIутымкIэ зыхуэфащэхэм хъыбар ирагъэщIащ. Замыгъэгувэуи, гуп зэрыгъэхъури, къежьащ - Абейхэ зищIысыр сыт, апхуэдэ щхьэ къытхуагъэфэща, жыхуаIэу.
Мэджэ иукIар Къетыкъуэхэ ящыщт, къэбэрдей пщыхэм мы Iуэхур зэхагъэкIын хуейщ, жаIэу къежьауэ арат. 
Мэджэ хьэдэр и деж ишэри, а зэманым хуэфэщэн пщIэ хуищIащ, къурIэни хуригъэджащ. Абы хэту шууей плъахэр пщIантIэм къыдыхьэри, къыздэкIуам, хьэдэм кIэлъызэрахьэ пщIэр щалъагъум, зызэтраубыдэри, зэпсэлъэн хуей хъуащ. Iуэхур къызэрекIуэкIар Мэджэ яжриIащ. КъагуригъэIуащ, Къудей лIыжьым IэщIагъэкIыну къыщIэкIуа шым фIэкIа нэгъуэщI гурыфIыгъуэ хьэжыжьым зэримыIар. ЦIыхум хуэдэу ихъумэрт а шыр. 
Зы жэщтэкъым Къэсейр абы зэрыщыхьэщIар, ар IэщIигъэкIын щхьэкIэ. Мэджэ къыхуэкIуахэм яжриIащ ар хабзэм къызэремызэгъыр, къыщыпэщIэувам щыгъуи, зауэбанэ къыхэмыкIыу я гъуэгу теувэжмэ зэрынэхъыфIымкIи ягурыIуэну зэрыхэтар.
КъэкIуахэм Мэджэ яжриIащ, лей гуэр зэрихьауэ къалъытэмэ, я пащхьэм зэритыр: «Мы щIалэр сIэщIэукIащ, ауэ сэ пэжым и гъуэгум сытетщ. ЩIакIуэ кIапэ дызэтеувати, си насыпыр къикIащ». КъэкIуахэр аргуэру зэпсэлъэжащ. ИтIанэ къыжраIащ: «Ди хьэдэм пщIэ къыхуэпщIащ, ди щIалэри къуэншауэ къыдолъытэри, докIуэж». Хьэдэр дашыжри, ежьэжахэщ. А лъэхъэнэм, Iэмал зэриIэкIэ, адыгэр хабзэм ебакъуэу щытакъым.
  АдэкIэ Мэджэ и гъащIэр дауэ хъуами къуажэдэсхэм ящIэркъым. Мэджэ адыгэм имызакъуэу, мыщкъышхэми, осетинхэми, шэшэнхэми фIыуэ яцIыхуу, зэрыхахуэр, зэрылеймыгъэгъур ящIэу щытащ. НэгъуэщI хъыбархэри щыIэу къыщIэкIынщ абы теухуауэ». 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: