Псы къабзэ щымыщIэн хуэдэу
Инфраструктурэ «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ 2026 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щаухуэнущ, къыщагъэщIэрэщIэжынущ е къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжынущ псы къыщыщIаш, щызэбгратыкI щIыпIэу 12. Лэжьыгъэхэм къызэщIрагъэубыдэнущ Налшык, Бахъсэн, Прохладнэ къалэхэм, Хьэбэз, Шэджэм ЕтIуанэ, Прималкинскэ, Инарыкъуей, Акъбащ Ипщэ, Мэрзэхъу, Бедык къуажэхэм щыIэхэр. Абы нэмыщI, муниципалитету 7-м – Налшык, Прохладнэ къалэхэм, Куба, Прималкинскэ, Каменномост, Шэджэм ЕтIуанэ къуажэхэм я псы къыщIэшыпIэхэмрэ псы зэрызэбгратыкI бжьамийхэмрэ зыхуей хуэгъэзэным ехьэлIауэ зэхаублэну Iуэхугъуэхэм 2027 гъэми пащэнущ. Абыхэм псоми зэхэту километр 35-рэ я кIыхьагъ хъунущ. КъищынэмыщIауэ, лэжьыгъэ нэхъ инхэр щрагъэкIуэкIынур Налшык и «Нэхъыщхьэ» псы къыщIэшыпIэмрэ псы зыгъэкъабзэ станцымрэщ. Ахэр зыхуей хуагъэза нэужь, къалэдэсу мин 17,5-м щIигъум фIагъ лъагэ зиIэ псы къабзэ зэпымыууэ яIэрыхьэнущ. ЖыпIэнурамэ, «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» пэхуэщIэм ипкъ иткIэ 2028 гъэ пщIондэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкIыну зэIузэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэм сом меларди 4-м нэблагъэ хухахынущ. Мыдрейуэ, 2025 гъэм къриубыдэу КъБР-м и къалэрэ къуажэу 15-м псы къабзэ зэрыкIуэ, зэрызэбгратыкI я бжьамийуэ километр 84-м нэблагъэ зэIузэпэщ ящIащ. ЩЭУЕЙ Былэ.
Поделиться:
Читать также:
20.07.2026 - 14:47 →
КъызэрыгуэкI ухуэныгъэкъым
20.07.2026 - 12:09 →
ЦӀыхум и тыншыгъуэр къызэзыгъэпэщ
20.07.2026 - 12:07 →
Сыт апхуэдиз уэшх къыщIешхыр?
20.07.2026 - 12:06 →
Хыр ягъэкъэбзэжынут…
20.07.2026 - 12:04 →
НОБЭ
| ||




