Мэзыр ихъумэным и пIэкIэ

Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм  къыщIагъэщащ КъБР-м ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм и  къудамэ «Къэбэрдей-Балъкъэр мэзхэмрэ ахэр хъумэнымрэ» къэрал бюджет IуэхущIапIэм и лэжьакIуэм зэрихьа хабзэншагъэр.

КъызэрыщIагъэщамкIэ, ар пыщIащ хабзэм ебакъуэу ираупщIыкIа  жыгыфIхэр игъэкIынымкIэ тхылъ нэпцIхэр зэригъэхьэзырам. Абы кърикIуащ хэщIыныгъэу сом мелуан 1,6-м щIигъу.  
Урысейм и СК-м и Следственнэ управленэу КъБР-м щыIэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ  УФ-м и УК-м и 30-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм,    159-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм япкъ иту. Хабзэм къызэригъэувымкIэ, апхуэдэ щIэпхъаджагъэ  зылэжьар илъэси 10-м нэскIэ ягъэтIыс.

Поделиться: