Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щокIуэкI Унагъуэм къы­щхьэ­щыжынымрэ абы и хьэкъыр хъумэнымкIэ урысейпсо тхьэмахуэр. 

Урысейм ЮстицэмкIэ и министерствэм къэралым хиубы­-дэ щIыналъэ псоми щыIэ и къудамэхэм бадзэуэгъуэм и 6 - 12 тхьэмахуэ зэхуакум щригъэкIуэкIынущ Унагъуэм къы­щхьэ­щыжынымрэ абы и хьэкъыр хъумэнымкIэ урысейпсо тхьэ­махуэр. Ар егъэщIылIащ илъэс къэс бадзэуэгъуэм и 8-м ягъэлъапIэ Унагъуэм, лъагъуныгъэмрэ пэжыгъэмрэ я махуэм. 
Унагъуэм зыщIэгъэкъуэныр къэрал политикэм и тегъэщIа­-пIэ нэхъыщхьэхэм язщ. Мы тхьэмахуэм къриубыдэу, къэралым епхауи емыпхауи лажьэ юрист IуэхущIапIэхэм унагъуэм и ­лъапIэныгъэхэр хъумэным хуэгъэпса зэIущIэхэр щызэха­шэнущ, пщIэншэу юристхэм я консультацэхэри ятынущ, уна­гъуэмрэ сабийхэмрэ зыхуей хуэгъэзэн зэрыхуейм теухуа ­дерсхэр ирагъэкIуэкIынущ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым Унагъуэм къыщхьэщыжынымкIэ тхьэмахуэр УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм щригъэкIуэкIынущ. КъБР-м щыIэну зэхыхьэхэм Управленэм и интернет хэщIапIэм щы­гъуазэ зыщыфщIыфынущ: https://to07.minjust.gov.ru/ru/
Ар къыщывгъуэтынущ «Унагъуэм къыщхьэщыжынымрэ абы и хьэкъыр хъумэнымрэ» Iыхьэм. 

КЪУДЕЙ Iэминэ.
Поделиться: