Вагъуэ гуэрэнхэр щызэлъэIэскIэ

NASA зэгухьэныгъэм (США) щылажьэ IэщIагъэлIхэм уахэ жыжьэм и зы къуапэм къыщалъэгъуащ вагъуэ гуэрэнышхуэрэ абрагъуэу а щIыпIэм щызэрыгъэуIуа галактикэхэм ящыщу тIум гъунэгъуIуэ зэрызыщыхуащIар.

ГъэщIэгъуэну къалъыта а Iуэхугъуэм и екIуэкIыкIэм астрономхэр пIалъэ гуэркIэ кIэлъыплъащ. Ар абыхэм зрагъэхъулIащ ЩIым и хъуреягъыр езыр-езыру къэзылъэтыхь спутникхэм ящыщ зым хащIыхьа Хаббл телескопымкIэ. 

Еджагъэшхуэхэм къызэрабжамкIэ, уахэ жыжьэм щызэхуэкIуэж галактикэхэр «Антеннэ» зыфIаща къинэмыщI вагъуэ гуэрэным къедзащ. А тIур нэхъапэхэм халъытэрт хьэршым а и къуэгъэнапIэм нэхъ зыщызымыгъэхъей къэщIыгъэ зэпIэзэрытхэм, абы къыдэкIуэуи ахэр нэхъ ирагъэщхьырт дыщыпсэу вагъуэ зэрыбыну ШыхулъагъуэкIэ дызэджэм.

АрщхьэкIэ, NASA-м къызэригъэпэща къыкIэлъыкIуэ къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэнэIуамкIэ, зи гугъу тщIы вагъуэ гуэрэнхэм «мамырыфэ» етплъыныр абдежым къыщыдгъанэми хъунущ. Ар дэнэ къэна, щIэныгъэлIхэм гу зэрылъатамкIэ, мы къэщIыгъитIым я зэхыхьэжыныр хуабжьу «зыгъэсымаджэу» къахущIэкIащ.

Галактикэхэр гъунэгъу щызэхуэхъум, я зэхуаку къызэрыдэнамкIэ зи кIэн къимыкIа вагъуэхэу ящыщ дэтхэнэри ди Дыгъэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ инхэр дгъэщIэгъуэн хуэдизи къахэмынэжу зэпкърыщэщащ. Абыхэм я пIэкIэ, вагъуэ гуэрэнышхуитIым я «гухъум» къыдэкIащ гъуэзыпшэ кIыхьыщэу зыхэзыша лъагъуэ шынагъуэр. А «бажэкIэм» япэщIыкIэ плъыжьыфэ-дыщафэу, иужьым щIыхуфэ хъужарэ зыми хуумыгъэдэн теплъэ иIэу астрономхэм закъригъэлъэгъуащ.     

 ЩIым и хъуреягъыр къэзылъэтыхь спутникхэм хэт лъэщапIэхэм язым хащIыхьа, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа Хаббл телескопым мыбы хуэдэ Iуэхухэр уахэ жыжьэм зэрыщекIуэкIым гу лъимытэныр Iэмал зимыIэт. ЩакIэлъыплъым, хьэршым галактикитI зэрыщызэхэлъэдар къэзыгъэнаIуэ видео-теплъэгъуэхэр, нэхум и ультрафиолет спектрым къыхихахэр, трихащ.   

Еджагъэшхуэхэм зэрагъэувымкIэ, уэгу пхыдзам нэрылъагъуу зыщызэблэзыхъу плъыфэбэр и щыхьэтщ а щIыпIэм щызэрихьэлIэ вагъуэхэр шынагъуэ дыдэу зэрыщызэжьэхэуэм, уеблэмэ абдежым «дыгъэщIэхэри» къызэрыщыунэхум.

Уахэ жыжьэм щызэрихьэлIа, UGC 2369 нагъыщэмкIэ щыхагъэунэхукIа галактикитIыр зыхиубыдэр астрофизикхэм «Овен» зыфIаща вагъуэ гуэрэн абрагъуэращ. АтIэми, NASA-м щылажьэ щIэныгъэлIхэм зэрагъэувымкIэ, мы тIур зэхыхьэжын щIадза къудейщи, мы лъэхъэнэм ди нэгу къызэрыIуидзэм тетщIыхьмэ, кърикIуэну (е кърикIуа) псори мызэкIэ тхузэхэгъэкIынукъым.

ИджыпстукIэ щыхьэт дызытехъуэр, къызэрыхэдгъэщащи, я зэхуаку къыдэхъухьа «бажэкIэм» гъунэгъу зыхуэзыщIа «дыгъэхэр», хуей–хуэмейми, зэхигъэткIухьын зэрыщIидзарщ. Ауэ, а Iуэхум дапхуэдизу зэман кIыхьым зыщиумыкъуэдиями, икIэри ищхьэри текIуэдэнур илъэс мелуан зыщыплI къудейщ. КIэлъыплъхэм зэрыжаIэмкIэ, а пIалъэ «мащIэр» дэкIа иужькIэщ къэщIыгъитIыр зэхыхьэжыпэу зы галактикэм щыхуэкIуэжынури.

Мы Iуэхум иригъуазэу, астрофизикхэм зэхагъэкIыну я мурадщ дыщыпсэу Шыхулъагъуэмрэ (Млечный путь) абы псом нэхърэ нэхъ къыпэгъунэгъу Андромедэмрэ къапэплъэр зищIысри, мы иужьреитIри зэхыхьэжын IуэхукIэ зэхуеIэхэм ящыщщи. АрщхьэкIэ, абыхэм апхуэдэ къащыщыщIынкIэ хъунур, къызэрабжамкIэ, илъэс меларди 4 дэкIа иужькIэщ. А щIыкIэм тету къэунэхуну зыхуагъэфащэ вагъуэ гуэрэныщIэм астрофизикхэм, тIэкIу япэ зрагъэщами, фIаща цIэри гъэщIэгъуэнщ - «Млекомедэ».                                                 

 КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться: