Яухынущ дызэрыт илъэсым![]() КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ- кIуэ Казбек видеозэпыщIэ-ныгъэ IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Правительствэм и вице-премьер Хуснуллин Марат иригъэкIуэкIа, щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ комиссэм и зэIущIэм. Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ 2026 - 2027 гъэхэм я бжьыхьэ-щIымахуэ пIалъэм зыхуэгъэхьэзырын, коммунальнэ инфраструктурэм и лэжьэкIэм кIэрымыхун папщIэ, щытыкIэм ипкъ иткIэ, ар зыхуей хуэгъэзэн зэрыхуейм. КъищынэмыщIауэ, щIыналъэ гъуэгу фондхэм мылъку зэ-рыхухатыкIыпхъэм тепсэлъыхьащ, ар 2030 гъэм пщIондэ зэфIагъэкIыну зыхуагъэувыжа къалэнхэм яхурикъун хуэдэу. Къэухь IэрыщIыр къагъэщхьэпэу, транспортыр зэрагъэлажьэ IэмалыщIэхэр (ИТС) къызэгъэпэщын зэрыхуейми и гугъу ящIащ. Щхьэ-хуэу тепсэлъыхьащ «Гъа- щIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ проектымрэ «Ухуэныгъэ» къэрал программэмрэ я зэфIэхыкIэм.
Поделиться:
Читать также:
15.08.2026 - 11:18 →
ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ IэмалыщIэхэм
15.08.2026 - 10:42 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
15.08.2026 - 10:01 →
ЦIыху минхэм я IутIыжыгъуэт
14.08.2026 - 18:00 →
Бахъсэн щIыналъэм щыхъыбархэр
14.08.2026 - 17:25 →
Лъытэныгъэ ин зыгъуэта гуащIэдэкI
| ||





