Къызэрагъэпэщынущ кIэлъыплъыныгъэ

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм щытеп­сэ­лъы­хьащ коммунальнэ кIэрыхубжьэрыху быдэхэм (ТБО) елэжь щIыналъэ IэнатIэм зэфIигъэкI Iуэху­хэм. Зэхуэсым хэтащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэу­­-пIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым и ­къалэнхэр зыгъэзащIэ Журавлёв Андрей, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр ­пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Ащхъуэт Азэмэтджэрий, ­КъБР-м зегъэужьынымкIэ зэгухьэныгъэм и гене­ральнэ унафэщI Чочаев Ахъмэт, «Экотехпром» ­щIыналъэ IуэхущIапIэм и пашэ Абыкъу Лъостэм-    бэч сымэ. 

Зэхуэсым къыщаIэтащ коммунальнэ кIэрыхубжьэрыху быдэхэм, IэмалыщIэхэр я Iэдэжу, зэрелэ­жьыпхъэм, ар зи пщэрылъ IуэхущIапIэм и мылъку-техникэ лъабжьэр зэрегъэфIэкIуапхъэм, псом хуэмыдэу техникэ хэхакIэ. Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ апхуэдэ техникэу IуэхущIапIэм зэригъэпэщащ 20-м щIигъу. Мы махуэхэм абыхэм я бжыгъэм иджыри ­машинэу 8 къахэхъуэнущ. Республикэм и пашэм зэ­рыжиIамкIэ, а лэжьыгъэм адэкIи пащэнущ. 
Апхуэдэу зэхуэсым и гугъу щащIащ кIэрыхубжьэры­ху зэхуэхьэсыпIэхэр зыхуей хуэгъэзэжын, щIэхэр къы­зэгъэпэщын зэрыхуейми. Апхуэдэ щIыпIэхэр дяпэкIэ къызэрагъэпэщынущ видео кIэлъыплъыныгъэкIэ, лэ­жьыгъэр зэрекIуэкIыр унафэщIхэм я нэIэм щIэтын папщIэ. 
КIуэкIуэ Казбек унафэ ищIащ кIэрыхубжьэрыху быдэхэр и чэзум зэщIакъуэн, дашын зэрыхуейм ехьэ­лIауэ. Апхуэдэуи къыхигъэщащ коммунальнэ кIэрыхубжьэрыху быдэхэм щIыналъэм зэрыщелэжьыр и нэIэм щIэт Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм зэращыщыр. 

Поделиться: