ЦIыхугъэм къегъэув я цIэр къыдэхыжыныр

Зи гъащIэр лъэпкъ щIэныгъэм щхьэузыхь хуэзыщIахэм я цIэр къыдэхыжыныр цIы­хугъэм къигъэув Iуэхуу зэ­ры­щытым и гугъу умыщIми, къытщIэхъуэ щIэблэм я зэхэ­щIыкIым зэрызрагъэужьынум, я дуней лъагъукIэм зэрызрагъэубгъунум и хьэтыркIэ ахэр къэIэтыжыпхъэщ, гъуэгущIэ тегъэувэжыпхъэщ. Апхуэ­дэщ зи цIэр куэдым ямыщIэ, ауэ адыгэ щIэныгъэм гуащIа­фIэу хуэлэжьа IуэрыIуатэдж, тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, егъэджа­кIуэ Меркицкэ Iэмин и къуэ ­Рашид.

Рашид и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэри илъэс бжыгъэкIэ зэхуихьэсыжу щIэныгъэхутэ институтым и архивым хилъхьахэри иджыри къыздэсым зэгъэуIуауэ дунейм къы­зэрытемыхьар щIэныгъэм дежкIэ щыщIэныгъэшхуэт. Iуэры­IуатэмкIэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр езыгъэкIуэкIхэм фIэ­кIа, абы и Iэрытххэм щыгъуазэ куэд щыIэтэкъым. Ауэ щыщIэныгъэр гъащIэм зэригъэзэхуэжа хуэдэщ. Меркицкэм и щIэныгъэ икIи литературэ щIэиныр зэрыIыгъыу тхылъ бэлыхь дунейм къызэрытехьэрэ куэд щIакъым. КъыдэкIыгъэм игъуэта фIэ­щыгъэри езым хуэфэщэжщ. «УгъуеякIуэм и пхъуантэ» фIэщыгъэ хьэлэмэтыр зыгъуэта тхылъым ихуа IуэрыIуатэхэр архи­вым къыхэзыхыжу литературэ тхыгъэхэр 1930 гъэхэм къыдэкIахэм къизыхыжу ­тедзэным хуэзыгъэ­хьэ­зыра Агъыржанокъуэ Симхъан хуэмыфащэ фIы­щIэ псалъэ щы­Iэкъым. Ар темызэшэжу илъэс бжыгъэкIэ зыбгъэдэта лэжьыгъэм тхылъ фафIэшхуэ къищIыкIащ, лъэпкъ щIэныгъэр ипэкIэ зэригъэкIуэтэнумкIэ гугъапIэ къыуиту.
Меркицкэ Рашид и щIэиныр къыдэгъэкIыным гугъуехь ­зыбжанэ пылъу къыщIэкIащ. Ахэр зэрыщыткIэ адыгэ тхыбзэр зытету щыта латин хьэрфкIэ тхат, а тхыгъэбзэр зыщIэж, жэ­рыгъэкIэ къизыджыкIын куэд дыдэ зэрыщымыIэжым къыхэкIыу псалъэхэр зырызыххэу иджырей тхэкIэм хуэгъэкIуэн хуей ­хъуащ. Ауэ къарурэ далэрэ зыхьар абы и закъуэкъым. Меркицкэ Рашид къигъэпсэлъа нэхъыжьыфIхэр еджэкIэ-тхэкIэ зы­мы­щIэу къуажэм къыдэмыкIыу игъащIэми щыпсэуа защIэт. Щхьэж зыщыщ лIакъуэрэ зыщыпсэу къуажэрэ и бзэрэ псэлъэкIэрэ зыгъэIурыщIэ нэхъыжьхэм жьы хъуа, нобэм ямыщIэж, езы IуэрыIуатэзехьэхэр щыпсэуа къуажэхэм щIа­гъуэу ямыщIэж псалъэ куэд дыдэ къыхэхуэрт. Абыхэм я мыхьэнэр къэгъуэтыным, ахэр и пIэ игъэувэным къызэрымы­кIуэу лэжьыгъэшхуэ текIуэдащ. Iуэху мыублэ блэ хэсщ, жаIэ адыгэхэм. Ежьа Iуэхум хэлъ гугъуехьхэм щымышынэу Агъыржанокъуэ Симхъан дэтхэнэми я зэфIэхыным и ужь икIакъым, и гуращэхэри зригъэхъулIащ.
«УгъуеякIуэм и пхъуантэ» тхылъышхуэр IыхьиплIу зэхэтщ. «Зэхуихьэсыжа IуэрыIуатэхэр», «ЗэдзэкIыгъэхэр», «И IэдакъэщIэкIхэр», «КъыхужаIахэр» фIэщыгъэхэр зыгъуэта едзы­гъуэхэм дэтхэнэми Меркицкэм и гуащIэдэкIыр зэрыин ды­дэр къигъэлъагъуэу щапхъэ куэд къыщыкIуащ. «Зэхуихьэсыжа IуэрыIуатэхэр» едзыгъуэм къыщыкIуащ щIэныгъэлIым илъэс зыбжанэкIэ зэхуихьэса уэрэдыжьхэр, тхыдэжьхэр, пшыналъэхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм ящыщ куэдыр зыщIэж урихьэ­лIэнукъым, ар къэгъэнауэ, кIыхьу, шэщIауэ, дэху имыIэу тхы­жауэ къытрадзахэми къахэкIынукъым. Абы и лъэныкъуэкIэ ­Меркицкэм итхыжахэр щIэныгъэм дежкIэ зы лъэбакъуэфI ­мэхъу.
Меркицкэ Рашид зэдзэкIакIуэ Iэзэт. Абы адыгэбзэм къригъэзэгъащ Шевченкэ Тарас и усэхэр, Чарушин Евгений и литературэ таурыхъхэр, нэгъуэщIхэри. Адыгэбзэм зиужьынымкIэ, нэхъапэкIэ щыжыIа мыхъуа гупсысэ щхьэхуэхэр тхыбзэм къыщыIуэтэн и лъэныкъуэкIэ ахэр псыпэхэшу щытащ. «ЦIыхум уэрэд жеIэ» («Человек поет») тхылъ цIэрыIуэм Рашид и тхыгъэ зыбжанэ ихуащ. Меркицкэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ поэмэ ­зыбжанэ. Ахэр урысыбзэкIэ зэрадзэкIащ. Нобэр къыздэсым а тхыгъэхэм я мыхьэнэр кIуэдакъым, тха зэрыхъуа адыгэбзэри умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым.
НапэкIуэцI 340-рэ хъу тхылъыр бжыгъэкIэ 300-у фIэкIа къыдэкIакъым. Ар мащIэщ, ауэ абы къызэIуих адыгэ ду-                     нейр апхуэдизкIэ щхъуэкIэплъыкIэу къолъагъуэ, абы къиIукI ады­гэбзэр апхуэдизкIэ щIэщыгъуэу зэхыбозри, щIэблэ ирибгъэсэну, лъэпкъ щIэжыр кърипIэтыну уасэ яIэкъым.
Бийм пэщIэту зэуапIэм имыхьами, Рашид абыхэм зэрапэщIэувэн Iэщэ иIащ - щIэныгъэ. Ар дунейм къытезыгъэхьа ­Натыхъуей хэкуми къэзылъхуа лъэпкъми а щIэныгъэмкIэ яхуэлэжьащ, ар Iэщэ гуащIэти, абыкIэ бийри хигъэщIащ. Илъэс 30 фIэкIа иримыкъуу зэрыпхъуакIуэхэм яIэщIэкIуэда щIалэм  и цIэр лъэпкъым щIыщымыгъупщэн Iэджэ фIыщIи бгъэдэлъщ.  Абы  и цIэр къыдэхыжыныр, ди щIэблэм егъэщIэныр ­­хэт и дежкIи хьэкъщи, а хьэкъыр тщхьэщызыха, апхуэдиз ­гуащIэдэкIыр къытхузэзынэкIа Агъыржанокъуэ Симхъан хуэфащэ пщIэр къыпхуэмыIуэтэну инщ.

Сурэтри  тхыгъэри
ТАБЫЩ  Мурат  ейщ.

Поделиться: