ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ

«Преемственность гордости» псалъэ зэпхар адыгэбзэм къыщибгъэзагъэкIэ, зыгуэр кIэрыху къыщIэкIынщ, ауэ и мыхьэнэм къыхэхъуэр нэхъыбэщ. Аращ Хьэгъэжей Хьэдил фIэщыгъэ хуищIар Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Урысейми, хамэ къэралхэми фIыуэ къыщацIыху и адэшхуэм и къуэш Хьэгъэжей ТIалэрэ абы и къуэ Джонсонрэ ятеухуа и тхылъым. 

Хьэгъэжей Джонсон и лэжьэкIэри, и хьэлри, и унафэ щIыкIэри, и Iуэху тегушхуэкIэри уи нэгум къыщIигъэхьэу зэхигъэуващ Хьэдил и къуэшым теухуа хъыбархэр. Абы и цIэр къыщипIуэкIэ, япэу уи нэгум къыщIэувэр УФ-м и Президент Путин Владимир и гъуазэу, шахтэм «щIыкъатиблкIэ» ехауэ щызекIуэ лIы лъэрызехьэрщ. Хлопонин Александр, Потанин Владимир, Томенкэ Виктор, Новак Александр… Зи цIэхэр щIэх-щIэхыу зэхэтх къулыкъущIэшхуэхэр Хьэгъэжейм и IэбэкIэм зэрыщIэхъукIар, ар я гъэгугъэлъагъуэу къызэралъытэр къыхощ цIыху цIэрыIуэ куэдым я гукъэкIыжхэм: 
Новак Александр, УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ (2020 гъэм къыщыщIэдзауэ нобэм къэс), УФ-м ЭнергетикэмкIэ и министр (2012 - 2020), ФинансхэмкIэ министрым и къуэдзэ (2008 - 2012), Красноярск крайм и губернаторым и къуэдзэ (2002 - 2007), «Норильск никель» комбинатым Лэжьыгъэмрэ улахуэмкIэ и управленэм и унафэщI(1999 - 2002): 
«Шэч закъуи къытезмыхьэу жызоIэ: сэ лэжьэкIэ зезгъэсэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ «Норильск комбинат»-м и унафэщI нэхъыщхьэу а зэманым щыта Хьэгъэжей Джонсон ТIалэ и къуэм. Жэуаплыныгъэ зэрыпхэлъыным, Iуэхум узэрытегушхуэным, хэкIыпIэ хахуэхэр къызэрыпщтэным сыхуригъэджащ абы, а псом къадэкIуэу – уимыкIуэту, уи унафэм щIэтхэм я къалэныр ебгъэгъэзэщIэным. Абы хуэдэу щIалэгъуалэм фIыкIэ щыгугъарэ къулыкъу лъагэхэр абыхэм дзыхь яхуэзыщIарэ щылэжьакъым «Норильск комбинат»-м». 
Текслер Алексей, Челябинск областым и губернатор: «Сэ IэщIагъэлI, унафэщI сыхъункIэ нэхъ сызыдэплъеяхэм язщ Хьэгъэжей Джонсон ТIалэ и къуэр». 
Хлопонин Александр, «Норильск никель» IуэхущIапIэм и унафэщI нэхъыщхьэ (I996-200I), УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIа (2010 - 2014): «Лэжьэн щыщIэздзэм, псоми хэсщIыкIыу зыкъысщыхъужырт. Джонсон зэзгъэцIыхуа нэужь, ар зэрымыпэжыр къызгурыIуащ. ПщIэшхуэ хузощI, фIы защIэкIэ сигу къызогъэкIыж, куэдым сригъэсащ, зи IэщIагъэм абы хуэдэу хэзыщIыкI срихьэлIакъым». 
Потанин Владимир, политик, «Интеррос» холдингым и унафэщI: 
«Хьэгъэжей Джонсон ТIалэ и къуэр «Норильск никель»-м къигъэзэжыну арэзы зэрыхъуам дэ псори егъэлеяуэ дригъэхъулIат». 

Нобэрей щIэблэр Iуэхум тегушхуэгъуейуэ, езыхэри хамэгу-хамащхьэу гъащIэм зэрыхэтыр ди нэгум щIэкI къудейкъым, психологхэри топсэлъыхь. ХэкIыпIэу къагъэлъагъуэр зыщ: щIалэ цIыкIум лIы къыхэкIын папщIэ, ар адэм е абы и пIэ къиувэ хъулъхугъэм игъэсэн хуейщ. Ауэ щыхъукIэ, ямыгъуэту жыхуаIэ Iэмалхэр адыгэ гъэсэныгъэм хьэзырыбзэу хэтщ. «Зэкъуэш псори ижькIэ къекIуэкI хабзэ ткIийм щIапIыкIат, пцIыи пхэнжи ягу техуэнкIэ Iэмал имыIэу, - щетх Хьэдил и адэмрэ абы и къуэшхэмрэ щатепсэлъыхькIэ. – ЦIыхухъу унафэм зэрыщIапIыкIар я гъэсэныгъэм IупщIу къыхэщырт». 
Джонсон и Iуэху зехьэкIэм щытепсэлъыхькIэ, Хьэдил къыхегъэщ абы «и пщэ къыдалъхьэ къалэныр нэхъ гугъуху, езым нэхъ гъэщIэгъуэну къилъытэу» зэрыщытар. УнафэщI IэнатIэу зэрихъуэкIахэмрэ и зэфIэкIым и хьэтыру къэралым зэригъэлъэпIа саугъэтхэмрэ ящхьэдэхыжауэ, абы «Iуэху зэхэзэрыхьар зэхэзыхыжыф унафэщI» («кризис-менеджер») цIэ лейр къыкIэрыпщIат, къыщIикIуэтыни, Iэмал къызыхуимыгъуэтыни, и лъэр щIэзыхын щхьэусыгъуи хуамыгъэфащэу. 
Норильск къалэм дэт «Надежда» гъущIхэкI заводыр къызэриIэтыжам, СССР-м гъущIхэкI зэмыфэгъухэр къигъэIурыщIэным хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ, I985 гъэм Хьэгъэжей Джонсон къыхуагъэфэщауэ щытащ «Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр. Мэзкуу щагъэлэжьэн я мураду, СССР-м ГъущIхэкI зэмыфэгъухэмкIэ и министерствэм 1986 гъэм щагъэкIуам щыгъуэщ Хьэгъэжейр илъэс 11-кIэ зыгъэпсэхугъуэ пIалъэр къыIимыхыу и IэнатIэм зэрыпэрытар наIуэ къыщыхъуар. Аркъудейр щапхъэу пхурокъу абы и Iуэху бгъэдыхьэкIэр къыбгурыIуэн папщIэ. 
Лъэбакъуэ зырызу кIэлъоплъыж Хьэдил и къуэшым къикIуа гъуэгуанэм. Завод кIуэцIрыхуахэр къиIэтыжу, IуэхущIапIэ щIэрыпсхэр къызэIуихрэ абыхэм я хъуреягъкIэ хьэблэшхуэ зэIузэпэщхэр иухуэу, и лэжьакIуэхэр зыхэпсэукIыпхъэ мылъкум темыплъэкъукIыу, хъуэпсэгъуэу ирикIуащ Хьэгъэжейр и гъащIэ гъуэгум. ЖыпIэжыну щIэбдзэмэ, и кIэм унэплъысынукъым абы псапэхуэщIэу къыхилъхьа жэрдэмыфIхэм я хъыбарым. Зыгуэр щахузэфIэмыкIым деж, зэманыр ягъэкъуаншэ. Хьэгъэжей Джонсон сыт хуэдэ лъэхъэнэми, дэтхэнэ IэнатIэми Iэмал щигъуэтащ и унафэм щIэтхэм сылэжьарэт жаIэн хуэдэу, я псэукIэри къызэригъэпэщыну. Норильск дэт комбинатым щызэтриублауэ щыта, иужькIэ «мамэ цIыкIухэр» зыфIаща Iэмалым и закъуэ щапхъэу урикъунщ, я сабийхэр школым кIуэху, анэ щIалэхэр улахуэ къахьу дагъэсу къызэрыригъэжьар. НыбжьыщIэхэр мыхъумыщIагъэм иубыдрейуэ гу лъата нэужь, Норильск кадет школ щригъэухуэри, еджакIуэхэри щIигъэтIысхьэжауэ щытащ, гъэсэныгъэм гулъытэ нэхъыбэ иратын хуэдэу. 
 Хъыбар щхьэхуэ пщIыну хуэфащэщ Хьэгъэжейр «тIысыжа нэужь» зэлэжьын щIидза зыгъэпсэхупIэхэр. Мы псалъэ зэпхар кавычкэм щIыдэдгъэувар Джонсон зыгъэпсэхукIэ зэримыщIэххэрт. ИпэжыпIэкIи цIыхур зыхэпсэукIыр и лэжьыгъэрщ. Зыри фIыкIэ зыщымыгугъыж IуэхущIапIэ ныкъуэкъутэхэм зарипщытырти, Хьэгъэжейм ар «къопсэлъэным хуэдэу» зыщIэлыдэу иутIыпщырт. Апхуэдэщ абы Сочэ къыщызэригъэпэща «Аквалоо» зыгъэпсэхупIэри, абы и Iыхьэ хъуа Кисловодск дэт «Нарзан хьэмэмхэри», «Белая вежа» санаторэри, къинэмыщIхэри.
 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: