Езым и лъагъуэ хишыжащ

Художественнэ творчествэми жылагъуэ лэжьыгъэхэми ехъулIэныгъэфI щызиIа Мэзыхьэ Борис лъэпкъ литературэм, щэнхабзэм хэлъхьэныгъэфI хуищIащ. Абы щыхьэт техъуэ псалъэ куэд хужаIащ тхакIуэм. Абыхэм ящыщщ зыщ илъэс куэдкIэ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ курыт школым егъэджакIуэу щылэжьа Щхьэныкъуэ Мусэбий и тхыгъэр.
«Сыту и насып икIи сехъуапсэрэ Щхьэлыкъуэ къуажэм. Ар щIыжысIэм и щхьэусыгъуэр мыращ. Мы къуажэм къыдэкIащ тхакIуэ, журналист куэд. КIыщокъуэ Алим пхиша гъуэгу дахэм теуващ и къуажэгъу, и нэхъыщIэхэу блыней: Къашыргъэ ХьэпащIэ, КIэрэф Мухьэмэд, Елгъэр Кашиф, Бахъуэ БетIал, Брай Адэлбий, Мэзыхьэ Борис, Къуныжь ХьэIишэт. Аращи, езы Алим яхэтыжу, 8 мэхъу. Мыхэр икIи тхакIуэхэщ, икIи журналистхэщ. Языныкъуэхэр УФ-м и ТхакIуэхэми и Журналистхэми я союзхэм хэтщ. Апхуэдиз тхакIуэ а союзым хэту къызыдэкIа Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъуэщI зы къуажи иIэкъым.
Си тхыгъэр зытеухуар абыхэм ящыщ зыщ - Мэзыхьэ Борис Беслъэн и къуэрщ. Мэзыхьэр япэ дыдэу сэ зэрысцIыхуар етIуанэу къыдигъэкIа и тхылъ «Вагъуэзэшиблырщ». Мыбы къикIыркъым Борис и тхыгъэ абы ипэкIэ семыджауэ – седжащ и очеркхэм, новеллэхэм, рассказхэм, ауэ и япэ тхылъ «Гъуэгуанэ псалъэ» жыхуиIэр къысIэрыхьакъым.
Арати, университетым сыщIэсу тхылъ тыкуэнхэр къэскIухьу занщIэу гу лъыстащ вагъуэхэр зи жинтым къытелыдыкI тхылъ гъэщIэрэщIа цIыкIум, «Вагъуэзэшибл» узыIэпызышэ цIэр зытетым. Тхылъыр къэспхъуатэри, напэхэр зэзгъэдзэкIыу щIэздзащ. Абы ит новеллэхэм нэкIэ срижащ икIи занщIэу сегупсысащ тхылъым и цIэмрэ и купщIэмрэ зэрызэтехуэм. Ар къэсщэхури, фи фIэщ зэрыхъун, схуэмыгъэтIылъу махуитIкIэ зэрыщыту семыджамэ.
Мэзыхьэм университетыр къиуха нэужь илъэс 30-м нэблагъэкIэ «Адыгэ псалъэ» («Ленин гъуэгу») газетым щылэжьащ, абы щыщу газетым и редактор нэхъыщхьэу илъэс I5-кIэ щытащ. Абы щыгъуэ, 80 гъэхэм я пэщIэдзэхэм, Борис япэу сыхуэзащ. «Редактор» жиIэу зытет пэшым сытеуIуащ. «КъыщIыхьэ», - жери макъ гуакIуэ гуэрым жэуап къитыжащ. КIэщIу жыпIэмэ, «Къуажэ корреспондент» жиIэу зэрыт тхылъ цIыкIу къызитынути, редакторым и пэшым сагъэкIуауэ арат. Зыбгъэдэс стIолым къыпэрытэджыкIри, щIалэ мыщхьэпэлъагэ, щхьэц хъурыфафэм гуфIэжу и Iэр ишиящ, «Къеблагъэ!» - жери.
Сэ сурэткIэ куэдрэ слъэгъуа щIалэр занщIэу къэсцIыхужащ. СыкъыщIэкIуар щыжесIэм, ар абы ищIэххэу щытти (заочнэу сыкъицIыхурт), тхылъ цIыкIури къызитри къызэпсэлъылIэу щIидзащ. Си школ лэжьыгъэм, ди къуажэм щыхъыбархэм къыщIэупщIащ. АбыкIэ едгъажьэри, нэхъыбэжми дынэсащ. ТIуми ди акъыл зэтехуэу дытепсэлъыхьащ адыгэ школхэм тхыдэмрэ хабзэмрэ зэрыдмыджыжыр ди жагъуэу, а Iуэхур къэIэтын хуейуэ. Куэдым ямыщIэнкIэ хъунщ нобэ школым адыгэ тхыдэр, хабзэр зэрыщаджым, нэгъуэщI IуэхугъуэфIхэми Борис и фIыщIэшхуэ зэрыхэлъыр.
Дэрэжэгъуэ ин згъуэтауэ Мэзыхьэм и пэшым сыкъыщIэкIыжащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыдэкI журналхэмрэ газетхэмрэ Борис и новеллэхэр, очеркхэр, рассказхэр куэдрэ къытехуа нэужь, абы и япэ тхылъыр, «Гъуэгуанэ псалъэр», I966 гъэм дунейм къытехьащ. Тхылъеджэхэми критикхэми ягу ирихьащ Борис и япэ тхылъыр.
ТхакIуэшхуэ икIи критик Теунэ Хьэчим мыпхуэдэу хужиIащ а тхылъым: «Нэхъыжьхэм литературэм щыхаша гъуэгум Борис ирикIуакъым, атIэ езым и лъагъуэ хишыжащ. Абы и рассказхэм хэт лIыхъужьхэм я гур къабзэщ, я псэр нэхущ. Тхыгъэхэр сюжет щIэщыгъуэкIэ убзыхуащ. ТхакIуэм и бзэр къабзэщ, гурыIуэгъуэщ…»
И етIуанэ тхылъ «Вагъуэзэшибл» жыхуиIэм итщ новелли 6-рэ расскази 7-рэ. Мы тхыгъэхэм уигурэ уи псэрэ дыхьэу уоджэ. ГъэщIэгъуэныракъэ, Борис зауэр имылъэгъуа, хэмыта пэтрэ (зауэр къыщыхъеям Борис зы илъэс хъууэ арат), ар зи нэгу щIэкIахэм япимыкIуэту а темэр етхыф. Хэку зауэшхуэм теухуауэ куэд ятхауэ щыIэми, Борис хузэфIокI а темэм щIэщыгъуэ куэд хилъхьэн, гущIэм нэсу къиIуэтэн. Зи гугъу тщIы тхылъым итщ Хэку зауэшхуэм теухуауэ тхыгъи 5. Псом хуэмыдэжу гум дохьэ «Вагъуэзэшибл», «Сын», «Сэ ныбжьэгъу сиIэщ» жыхуиIэхэр. Фи фIэщ зэрыхъун - мыбыхэм си нэхэм нэпсхэр щIэзу седжащ.
Хэку зауэшхуэм теухуа и тхыгъэхэм Борис къыщеIуатэ мыпхуэдэ гупсысэхэр: «ЛIа иужькIи цIыхухэр зэхуэдэ хъужыркъым. ЦIыхухэм зыри ягу ихуркъым, Iейри фIыри ящыгъупщэркъым».
Мэзыхьэм и тхылъ етхуанэр, «Мазэхэ жэщ» жыхуиIэр, икъукIэ гу дохьэ. Мы тхылъым итщ новеллэу I7-рэ зы повестрэ. Мы новеллэхэр езыхэр кIэщIрэ гупсысэ куу ящIэлъхэу гъэпсахэщ. Адыгэ литературэм новеллэ жанрыр щызэфIэувэным Борис хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ, а жанрым хуабжьу хуэIэижьщ. Ар псалъэбэу щыткъым – кIэщIрэ IупщIу цIыхури абы и IуэхущIафэхэри, и гурыщIэхэри, и дуней тетыкIэри къегъэлъагъуэ.
КIэщI дыдэу къэтIуэтэнщ мы новеллэхэр нэхъ зытеухуауэ щыт гупсысэхэр. ЦIыхугъэмрэ напэншагъэмрэ щIакIуэ кIапэ зэдытоувэри, цIыхугъэр токIуэ. Былымабэр мылъкум токIуэдэж. Напэри, цIыхугъэри, ныбжьэгъугъэри мэкIуэдыж цIыхухэм яку хьэрэмыгъэ къыщыдыхьэм деж. Ар зыIыгъыф, зыхъумэф цIыхурщ цIыхуу къэнэжыр.
Борис тхылъеджэхэр дыкъыхуриджэ хуэдэщ мыпхуэдэу жыдигъэIэну: «ЦIыхухэ, сыт дэ мы дунейм тетхынур! ЦIыхухэ, зэнэзэпсэу дызэрывгъэлъагъу!»
КIэщIу жыпIэмэ, «Мазэхэ жэщ» тхылъыр и цIэм хуэфащэу купщIафIэу, гум дыхьэу, псэм ехуэбылIэу, фIымрэ Iеймрэ зэи зэзэгъынкIэ зэрымыхъунур, цIыхугъэм нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр зыхозыгъащIэу тхащ.
Аращи, Мэзыхьэ Борис и дэтхэнэ тхылъри къызэгуэхи, абы ит тхыгъэхэм еджи къыщыбгъуэтынущ уи гумрэ уи псэмрэ зыгъэгуфIэн, узыгъэнэщхъеин, узыгъэгупсысэн.
Борис и тхыгъэхэм нэхъыбэу дыдэзыхьэхыр сыт?
Ди адыгэ лъэпкъым къыдекIуэкI Iущагъхэр Борис псалъэ шэрыуэхэмкIэ, жыIэкIэ дахэхэмкIэ ди нэгу къыщIегъэувэж, ди гумрэ ди псэмрэ ягъэхуабэу. Мэзыхьэм и тхыгъэхэм ящIэлъщ цIыхухэр зыгъэпIейтей, зыгъэгупсысэ, зыгъэгуфIэ, зыгъэгубжь, гущIэр къызэщIэзыIэтэ Iуэхугъуэхэр.
Псом хуэмыдэжу, уи гур ятхьэкъупэ Борис Хэкур фIыуэ лъагъуным, хъумэжыным, цIыхугъэм, щIалэгъуэм, жьы хъуа цIыхухэм, къуажэ гъащIэм щытепсэлъыхьхэм: «Сэ ныбжьэгъу сиIэщ», «Бжьыхьэр пщIащэ пылъэлъыжыгъуэщ», «Мамэ, лIы сыдокIуэ», «ХьэтIэхъу и лъагъуныгъэ», нэгъуэщIхэри.
Сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, Мэзыхьэ Борис и тхыгъэ псоми кIуэцIрокI мы гупсысэр: «ФIыр Iейм езауэу щымытмэ, ар фIыуэ зэи убж хъункъым», «Дунейм цIыху хуэдэу дытевгъэт, абы нэгъуэщI дэ тхутехынукъым».
 
Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться:

Читать также: