УнагъуэщIэхэм зэрадэIэпыкъун хэкIыпIэхэр къалъыхъуэ

УнагъуэщIэхэм ядэIэпыкъун, ахэр унапIэкIэ къызэгъэпэщын зэрыхуейм ехьэлIауэ иужьрей илъэсхэм щIыналъэхэм Iэнэ хъурейрэ зэхуэсу щекIуэкIыр мащIэкъым. Дэтхэнэ зэIущIэми жыджэру хэтщ къызэгъэпэщакIуэхэри къаIэта Iуэхугъуэхэр зэфIэхынымкIэ жэуап зыхь къулыкъущIэхэри.
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетри ящыщщ унагъуэщIэхэм я пащхьэ къиувэ гугъуехьхэр ящхьэщыхауэ я щыIэныгъэр ящыгъэпсынщIэным теухуа Iуэхутхьэбзэхэр унагъуэщIэхэм яхуэзыщIэхэм. Иджыблагъэ абы щекIуэкIащ «Къэралым и къэкIуэныр унагъуэщIэм елъытащ» фIэщыгъэр зрата Iэнэ хъурейр.
ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министр Тогузаев ТIэхьир, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мысост Екатеринэ, КъБКъУ-м щIалэгъуалэ политикэмкIэ, гъэсэныгъэ лэжьыгъэмрэ жылагъуэ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Нэзрэн Беслъэн, абы и къуэдзэ Битокъу Азэмэт, унагъуэщIэ зыухуа студентхэр, студент зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэр къызэIуахын ипэ къихуэу, къызэгъэпэщакIуэхэм хьэщIэхэм папщIэ гъэлъэгъуэныгъэ зыбжанэ къызэрагъэпэщащ. Апхуэдэу хьэщIэхэм Iэмал яIащ КъБКъУ-м Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыхуащIэ и центрымрэ Есэпымрэ естественнэ щIэныгъэхэмкIэ институтымрэ Социально-гуманитар щIэныгъэхэмкIэ институтымрэ къыщызэIуаха Анэмрэ сабиймрэ я пэшхэмрэ зрагъэлъагъуну. Абы иужькIэ Iэнэ хъурейм и лэжьыгъэм щIадзащ. Быныбэ икIи зыхузэфIэмыкI унагъуэхэм папщIэ къэралымрэ щIыналъэмрэ къыщащта программэхэр зэрагъэзащIэм къыщыщIэдзауэ егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэр тегъэгушхуэн папщIэ ягъэгъуэтыпхъэ дэIэпыкъуныгъэм щыщIэкIыжу абдеж Iуэхугъуэ куэдым щрипсэлъащ.
Зэхуэсым кърихьэлIахэр фIэхъус гуапэкIэ къригъэблагъэри, Нэзрэн Беслъэн къыхигъэщащ унагъуэщIэхэм гулъытэ яхуэщIыныр университетым и къалэн нэхъыщхьэхэм зэрыщыщыр, абыхэм ядэIэпыкъуным мыхьэнэшхуэ зэрыритыр.
– КъБКъУ-м иужьрей илъэсхэм хэпщIыкIыу зиужьащ икIи зихъуэжащ. Ди еджапIэр IэщIагъэ щызрагъэгъуэт IуэхущIапIэу щытамэ, ар иджы щIэныгъэ центр хъуащ, щIыналъэм и экономикэм зиужьын папщIэ, жэрдэм зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыхалъхьэ къулыкъущIапIэу зиужьащ. ЗэрытщIэщи, унагъуэм и зэпэщыныгъэмрэ экономикэм и щытыкIэмрэ зэгуэх ямыIэу зэпхащ. Фи нэгу щIэкIащ анэхэмрэ сабийхэмрэ папщIэ къызэIутха пэш щхьэхуэхэр, флъэгъуащ студентхэм я гъащIэр тынш щIын щхьэкIэ, Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрат IэнатIэ къызэрызэIутхар. КъБКъУ-м абдеж къыщыувыIэну и мурадкъым. Студент унагъуэхэм я урысейпсо гъэлъэгъуэныгъэм Iэджэ гъэщIэгъуэни утыкум къыщралъхьат, унагъуэщIэхэмрэ сабийхэмрэ папщIэ еджапIэ кIуэцIым щыпщI хъунухэм ятеухуауи, а жэрдэмхэр ди деж къызэрыщыхэтлъхьэнум дыхущIокъу. Апхуэдэу дэ къызэIутхащ еджэныгъэм пыщIа анэхэм зи еджапIэ кIуэгъуэ мыхъуа сабийхэр яIэмэ, ахэр пIалъэкIэ щаIыгъын гупхэр, гъэсакIуэхэр щакIэлъыплъу, я къэухьым зэрызрагъэужь есэныгъэхэр щыбгъэдалъхьэу. Абы къищынэмыщIауэ, дыхущIокъу унагъуэ зыухуахэм студент псэупIэхэр еттыным, ахэр япэ идгъэщыным. ПщIэ хъуну щыIэр мащIэкъым. Дэ гулъытэ зыхуэтщIын хуей щыIэмэ, Iэнэ хъурейм къыщапсэлъыну, хэкIыпIэхэмрэ Iэмалхэмрэ ехьэлIэжьауэ дэтхэнэ Iуэху еплъыкIэри къыдбгъэдалъхьэжыну дащогугъ, – жиIащ Нэзрэн Беслъэн.
ЦIыхухэр социальнэу хъумэным и IуэхукIэ щIыналъэм щекIуэкI лэжьыгъэм ехьэлIауэ зэIущIэм къыщыпсэлъа Тогузаев ТIэхьир къыхигъэщащ мылажьэу щыс адэ-анэм ират мазэ хьэкъым, анэм зэуэ ират ахъшэм, социальнэ зэгурыIуэныгъэм хухах мылъкум, псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм быныбэ унагъуэхэм ятахэм пэкIуэу къратыж дэIэпыкъуныгъэм гулъытэ хэха зэрагъуэтыр, абыкIэ къэралым и пщэ дилъыр къызэрызэтримынэнур.
– Унагъуэ зыухуахэм щIэгъэкъуэн яхуэхъуным и IуэхукIэ лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI ди щIыналъэм. Ар ятеухуащ уэндэгъугъэ зыбгъэдэлъ цIыхубзхэми, ар ехьэлIащ зи ныбжьыр илъэс I8 иримыкъуа щIалэгъуалэми. Псом хуэмыдэу щIэупщIэ иIэщ социальнэ зэгурыIуэныгъэм хухах мылъкум. Абы епха ахъшэр унагъуэщIэхэм щаIэрыхьэкIэ, я псэупIэхэр егъэфIэкIуэным, я жыг хадэр къэIэтыным е лэжьапIэ IэнатIэ зрагъэгъуэтыным трагъэкIуадэ. Нэхъыщхьэр апхуэдэ мылъкур унагъуэщIэхэм зезыгъэузэщIын Iуэхум хэлъхьэнырщ. Зи гугъу тщIа ахъшэ лIэужьыгъуэ псори зыхуэунэтIар зэдэпсэуну зэбгъэдэува ныбжьыщIитIым гъащIэм къапигъаплъэ лъэпощхьэпохэм ямыгъэлъэпэрэпэнырщ, гъуэгу захуэм гушхуауэ иригъэкIуэнырщ, – жиIащ Тогузаев ТIэгIир.
Мысост Екатеринэ и къэпсэлъэныгъэр зытеухуауэ щытар унагъуэ зыухуахэм зрагъэгъуэтыпхъэ щIэныгъэрщ, нэчыхькIэ зэувэлIахэм я жьэгу мафIэр зэхэмыкIыжын папщIэ, Iэмалыншэу лъэпкъ хабзэхэмрэ псоми зэхуэдэу къадэгъуэгурыкIуэ псэкупсэ лъапIэныгъэхэмрэ емыбакъуэу зэрызэрахьапхъэрщ.
– Къэралым и гупэр иджы хуэдэу унагъуэщIэхэм щахуигъэза къэхъуауэ къыщIэкIынкъым. Абы къыхэкIыу, ар си фIэщу жызоIэ, ныбжьыщIэхэр унагъуэ щIыным тегушхуэ хъунущ, тегушхуэни хуейщ. Мы илъэсым къыщегъэжьауэ егъэджакIуэ IэщIагъэ зиIэу университетыр къэзыухахэм папщIэ, «ЩIыналъэ егъэджакIуэ» программэм ипкъ иткIэ сом мелуан иратынущ. Ди щIыпIэхэм зэщхьэгъуситIри щыегъэджакIуэ Iэджэрэ къохъури, а программэм теухуауэ дэтхэнэми сом мелуан зырыз къаIэрыхьэну Iэмал яIэщ. Арыххэуи, сом мелуанитIыр унагъуэм дежкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ мэхъу, ипотекэкIэ къащтэ ахъшэм ар халъхьэрэ унэ къащэхуну траухуэмэ. ПщэдэкIыж щIэпхьыну лъэбакъуэр чыгъуейщ. Ар пэжщ. Ауэ адыгэхэм зы псалъэжь гъэщIэгъуэн яIэщ: унагъуэ умыхъуу хьэблэ ухъунукъым, хьэблэ умыхъуу жылэ ухъунукъым. Дэ жылэ узыншэ дызэриIэнырщ дызыхущIэкъури, унагъуэм деж къыщыщIэдмыдзэмэ, сыт хуэдэ гупыжми пщIэ иIэнукъым, – жиIащ Мысост Екатеринэ.
КъБКъУ-м и студент унагъуэхэм ягъуэт дэIэпыкъуныгъэм ехьэлIауэ къэпсэлъа Битокъу Азэмэт къызэрыхигъэщамкIэ, еджапIэм цIыху мин 19-м нэблагъэ щоджэ. Абыхэм ящыщу студент 239-м унагъуэ яухуащ. КъинэмыщIауэ, студент унагъуэ 42-м зэщхьэгъуситIри университетым щоджэ. Псори зэхэту къапщтэмэ, унагъуэ хъуа студентхэм сабии 172-рэ къащIэхъуащ.
– КъБКъУ-м унагъуэщIэхэм ярит дэIэпыкъуныгъэр сомкIэ къэплъытэмэ, ар мелуан I,8-м нызэрохьэс. Абы къищынэмыщIауэ, студент псэупIэхэр ярет. Апхуэдэу, студент унагъуэхэм ящыщу I9-м псэупIэ яритащ, абыхэм сабиибгъу яIэщ. КъищынэмыщIауэ, хуей щыхъум деж, апхуэдэ унагъуэхэм юристым е психологым и Iуэхутхьэбзэхэр пщIэншэу къахузэрегъэпэщ. Iэмал зэриIэкIэ, бын къызыщIэува унагъуэхэр зэи гулъытэншэу къэдгъанэркъым, – жиIащ Битокъум.
Iэнэ хъурейм ипкъ иткIэ КъБКъУ-м зэгурыIуэныгъэ ярищIылIащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэмрэ КъБР-м сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэмрэ. А зэгурыIуэныгъэхэм къызэщIаубыдэ унагъуэщIэ зыухуахэм ядэIэпыкъуныр, бын куэд къащIэхъуэным тегъэгушхуэныр, лъэпкъ хабзэхэмрэ псэкупсэ лъапIэныгъэхэмрэ хъумэным къыхуеджэныр.
Iэнэ хъурейм и лэжьыгъэр «упщIэ – жэуап» жыпхъэм ит уэршэр купщIафIэкIэ кърахьэлIащ, зэIущIэм къыщекIуэкI псалъэмакъым едэIуа студентхэм я Iуэху еплъыкIэхэмрэ гупсысэхэмрэ утыкум къыщралъхьэу зэпкърахыну Iэмал яIащ. УпщIэхэр теухуат студентхэм ахъшэ щIыхуэ къыщащтэкIэ, къратыну льготэхэр зыхуэдэм, я IэщIагъэм теухуа лэжьапIэ IэнатIэ къызэрагъуэтыну щIыкIэм, бюрократием къызэрыпекIуэкI хъуну Iэмалхэм, псэупIэр пуду къызэрыдахыным, медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр къызэгъэпэща зэрыхъуным, нэгъуэщIхэми.
Iэнэ хъурейм къыщыхалъхьа гупсысэхэр псори къызэщIакъуэжынурэ, тхьэмахуэм и кIуэцIкIэ еджапIэ IуэхущIапIэхэмрэ къулыкъущIапIэхэмрэ зэрызыхуагъазэ псалъэр хьэзыр ящIынущ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:

Читать также: