Хэгъэгу зыужьыныгъэр нэхъыбэу зэлъытамкIэ щеупщIым, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа экономист гуэрым ар цIыхумрэ гъуэгумрэ зэрелъытар зэуэ жиIэгъат. Абы къыхигъэщат цIыхухэр зэлъэмыIэсмэ, щIыпIэхэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ зэрызамыузэщIынур, псынщIэу икIи гугъуехь хэмылъу Iуэхухэр зэфIахын щхьэкIэ, гъуэгухэм я зэIузэпэщагъым и мыхьэнэми тригъэщIат. Иджырей дунейм и зыужьыкIэм ущыкIэлъыплъкIэ, щIэныгъэлIым зи гугъу ищIа гъуэгухэр ипэжыпIэкIэ стратегие мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэу зэрыщытыр хьэкъ тщохъу. Къэралым жылагъуэмрэ экономикэмрэ я зыужьыныгъэм триухуа программэхэр зэхегъэувэ, ахэр зэщIа хъун папщIэ пэхуэщIэхэр къыхелъхьэ, икIи, ар умылъагъункIэ Iэмал иIэкъым, гъуэгухэм яхуищI гулъытэм зэпымычу хегъахъуэ, абыхэм яIэ стратегие мыхьэнэм тригъэчыныхьу.
Иужьрей илъэсхэм къэралым къыхилъхьэ программэ щхьэхуэхэмрэ пэхуэщIэхэмрэ зытелажьэр цIыхум и псэукIэр къызэраIэтынырщ, щIыпIэхэм я экономикэ гъащIэм ипэкIэ зэрыбэкъуэн Iэмалхэр къыхэлъхьэнырщ. Абыхэм ящыщщ, къызэрыхэдгъэщащи, гъуэгухэр. ЩIыналъэхэм я зэхуакум зэпыщIэныгъэ куэд дэлъщ, егъэджэныгъэ, щIэныгъэ, щэнхабзэ, спорт, экономикэ икIи нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри къызэщIиубыдэу. Абы и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Осетие Ищхъэрэ – Аланиер, Ставрополь щIыналъэр зэпызыщIэ гъуэгум и дэтхэнэ зы Iыхьэми мыхьэнэ иIэщ, хэгъэгу зыбжанэ, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ, зекIуапIэхэр зэрызэрипхым къыхэкIыу. Арыххэуи, «ГъащIэр егъэфIэкIуэн» лъэпкъ пэхуэщIэм къыхэкI мылъкукIэ а гъуэгум и Iыхьэ зыбжанэ зэгъэпэщыжыныр къэрал IэнатIэхэм къалэн зыщащIыж.
Зи цIэ къитIуа щIыналъэхэр зэзыпхым щыщщ Новопавловск – Прохладнэ – Мэздэгу гъуэгу пакIэр. Мы лъэхъэнэм гулъытэ нэхъыбэ зыгъуэтыр кIуапIэхэр зэпызыщIэ лъэмыжырщ. Мы ухуэныгъэм метр 224-рэ и кIыхьагъщ.
Къыхэгъэщын хуейщ лъэмыжым ныбжь хъарзынэ зэриIэр, ар зэращIрэ илъэс блыщIым зэрыщхьэдэхар. Абы къыхэкIыу, лъэмыжым и пкъыгъуэ щхьэхуэхэр щIэрыщIэу зэгъэпэщыжын, транспортышхуэ зэрыщызекIуэр къэплъытэмэ, цIыхум и шынагъэншагъэми егупсысын хуейщ. Аращ къызыхэкIар лъэмыжым и пкъыгъуэ щхьэхуэхэм я мызакъуэу, ухуэныгъэр зэрыщыту зэгъэпэщыжыныр.
Метр 224-рэ зи кIыхьагъ лъэмыжыр щIэрыщIэу тралъхьэжу жыпIэ хъунущ. Гъуэгуухуэхэм абы и екIуэлIапIэхэр зэрыщыту трахри, екIуэкI лэжьыгъэхэм зэран хуэмыхъун хуэдэу, автомашинэхэр пIалъэкIэ щызекIуэн хуэдэу гъуэгу щхьэхуэ пхашащ. Езы лъэмыжыр гъуэгум щхьэпрыкI ухуэныгъэхэм ящыщщ. Абы и щхьэр зэрыщыту трахри, ар зыIыгъ пкъощIэсэхэр зытет лъабжьэм елэжьащ. Лъабжьэр щIым щIэрыщIэу хагъэжыхьыжащ, абы тет пкъохэр цементкIэ зэрагъэубыдыжащ. Лъэмыжым ирахьэлIа лэжьыгъэр зэрыщыту цIыхум и шынагъэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ щыIэ мардэхэми, гъуэгум и фIагъыр къэзыIэт щапхъэхэми зэрытехуэр жыIэн хуейщ.
Гъуэгуухуэхэм иджы лъэмыж гъущIыкIэхэр зэщIрагъэубыдэу гъуэгущхьэм тралъхьэжын, абы и щIыIум асфальт тебзэр хуащIыжын, гъуэгубгъу лъагъуэхэр къыхагъэщын, псыIагъэ имыубыдын щхьэкIэ жьымрэ псымрэ ухуэныгъэм бгъэдэзыш технологиехэр халъхьэн хуейуэ къапэщылъщ. Мызыгъуэгум лъэмыжым и лъэгур зытрагъэжыхьыну щIыпIэхэм гъущIыкIэ хагъэжыхьащ, бгыкъухэмрэ щхьэIумрэ хагъэувэжащ. Мы лэжьыгъэ Iыхьэр нэхъ гугъуу зэрыщытым къыхэкIыу, дунейм и щытыкIэри къалъытэ, уэфI зэрыхъуу Iуэхум и зы Iыхьэ хагъэщIурэ йокIуэкI.
Ахэр зэфIэкIа нэужь, пэхуэщIэм къызэрыхэщымкIэ, лъэмыжым и лъэныкъуитIми пщыхьэщхьэкIэрэ къыпынэу уэздыгъэхэр трагъэувэнущ, гъуэгу дамыгъэхэр тращIэнущ, зэпрыкIыпIэхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ хуащIынущ.
Иджыпсту екIуэкI ухуэныгъэ лэжьыгъэхэм цIыхухэр хуабжьу щогуфIыкI. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, Черноярскэ къуажэм, адыгэхэм ШупщыIэ къалэкIэ зэджэм, щыщ Шэчэм Михаил.
– Дэ Осетие Ищхъэрэ – Аланием и гъунапкъэ дыдэм дыщопсэури, щIыпIэм къихьэри икIри долъагъу. ЩIыпIэ пхыдзам дызэрыщыпсэур зэрызыхэтщIэрами хэт жиIэн, ауэ гъуэгум иIэ щыщIэныгъэхэр нэхъ долъагъу, сыту жыпIэмэ мыбыкIэ лэжьыгъэрэ IуэхукIэ нэхъ дызылъэIэсыр Мэздэгущи, ахэр къыдохьэлъэкI, я ягъэр дызэрызекIуэ транспортми йокI. Лъэмыжыр зэгъэпэжын зэрыхуейрэ куэд дыдэ щIат. Абы къытехьэну дзыхь ямыщIу автомашинэхэр къыпекIуэкIырт, губгъуэхэмрэ сэтей пцIанэмрэ пхыкIыу. Ар зэрыгъуэгу лейр къэгъэнауэ, автомашинэхэм дагъэр яухмэ е къащыщIIамэ, зыхуей щыхуэбгъэзэжыфын IуэхущIапIэхэр щыIэкъым – абы цIыхур гъуэгум къытренэ, Iуэхухэри къызэпыуда мэхъу. Ди гуапэщ адэжь лъахэу сыт щыгъуи къэтлъытэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыналъэхэр зэпызыщIэ гъуэгухэмрэ зекIуапIэхэмрэ и нэIэ зэратригъэтыр. Экономикэ щхьэусыгъуэхэр гурыIуэгъуэщ, ауэ зы хэгъэгу зэдимысу зэпэIэщIэ зы лъэпкъри а лэжьыгъэм нэхъ гъунэгъу зэхуещI. Жэрдэм хъарзынэм гъуэгухэм я пщIэри ехъумэ, цIыхухэми зэрахуэсакъыр къегъэлъагъуэ, – къыхегъэщ Шэчэм Михаил.
Гъуэгуухуэхэм зэрыжаIэмкIэ, лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ кърахьэжьа Iуэхум илъэс псокIэ елэжьынущ, ар 2026 гъэм и кIэхэм зэфIэкIын хуейщ.