Пщэдейрей махуэхэм я лъыхъуакIуэу

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым социально-гуманитар щIэныгъэхэмкIэ и институтым политикэ къэхутэныгъэхэмкIэ и центрым и унафэщI Iэрэмысэ Тимур иджыблагъэ хэтащ Горчаков Александр и цIэр зезыхьэ фондым къызэригъэпэщу «Мэшыкъуэ» щIэныгъэ центрым щригъэкIуэкIа «Кавказ зэпсэлъэныгъэхэр–2026» дунейпсо щIэныгъэ-егъэджэныгъэ программэм. Абы хэтащ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэр зыджхэр, къэралым и политолог пажэхэр, къэхутакIуэ ныбжьыщIэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри. Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ Кавказым хиубыдэ щIыналъэхэм я шынагъэншагъэр къызэгъэпэща зэрыхъунумрэ Урысейм, Кавказ Ипщэм, хамэ къэралхэм я зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэнымкIэ абы иIэ мыхьэнэмрэ.
Iэрэмысэ Тимур зэрыжиIамкIэ, зэхуэсыр «Кавказыр – дунейпсо зэхущытыкIэхэм: лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэхуакум здыдэтым» зыфIаща зэныкъуэкъумкIэ къызэIуахащ. Мыбдеж къыщыхалъхьащ Кавказым и геополитикэ щытыкIэмрэ мыхьэнэмрэ теухуауэ щыIэ Iуэху еплъыкIэхэр, абы къыдэкIуэуи щытепсэлъыхьащ щIыналъэхэм я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр егъэфIэкIуэн папщIэ, Iэмалыншэу щыIэн хуей транспорт зэпхыныгъэхэм, гуманитар зэхущытыкIэхэм, щIыналъэм щытепщэ къарухэм ягъуэт зэхъуэкIыныгъэхэм.
Мы Iуэхугъуэхэр я къэпсэлъэныгъэхэм щызэпкърахащ щIэныгъэ-егъэджэныгъэ программэм и унафэщI Сучков Максим, «Урысейр дунейпсо политикэм» журналым и редактор нэхъыщхьэ, Хамэ къэрал политикэмрэ зыхъумэжыныгъэмкIэ советым и унафэщI Лукьянов Фёдор, Мэзкуу къалэм дэт, дунейпсо зэхущытыкIэхэмкIэ къэрал институтым дунейпсо къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ пашэ Маркедонов Сергей, УФ-м Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм дипломатие IуэхухэмкIэ и академием политологиемкIэ и кафедрэм и унафэщI Жильцов Сергей, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу щIэнIуатэм къыщыпсэлъащ Армением, Грузием, Ираным, Индием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIа политологхэр, социологхэр, лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щIэныгъэлIхэр.
Зэхуэсым и лэжьыгъэм щыщ Iыхьэ гъэщIэгъуэн дыдэу къыщIэкIащ Хамэ къэрал политикэмрэ зыхъумэжыныгъэмкIэ советым стратегие мыхьэнэ зиIэ зэхущытыкIэхэр щызэхалъхьэ тренинг-джэгукIэхэр. Iуэхум кърихьэлIахэм гупитIу загуэшри, зы лъэныкъуэр «къэралым» и цIэкIэ утыку къихьэ хуэдэу, адрей лъэныкъуэри «корпорацэхэм» къабгъэдэкI хуэдэу я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэпеуащ, дунейпсо зэхущытыкIэхэм Кавказым щаубыд увыпIэр зыхуэдэр дэтхэнэми нахуэу къигъэлъэгъуэн хуейуэ иIэ къалэныр щапхъэхэмрэ щIапхъэхэмкIэ къигъэлъагъуэу. «ЗэпэщIэува» лъэныкъуитIым зэдрагъэкIуэкIын хуейуэ къапэщылъ зэпсэлъэныгъэхэм дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэ куэд къалъытэну, ущIикIуэт хъунухэмрэ яхудэпчых мыхъунухэмрэ зэрагъэзэхуэну, зэрызэпсэлъэну бзэр яубзыхуну къапэщылът. Къыхэгъэщыпхъэщ а къалэныр щIалэгъуалэм мыбзаджэу зэрызэфIахар, дэтхэнэми узыгъэгупсысэн Iуэху еплъыкIэрэ щыIэ щытыкIэхэр зэрызэблэбгъэкI хъун бгъэдыхьэкIэрэ къызэрызэкъуихар.
Iэрэмысэ Тимур езыр жылагъуэ лэжьакIуэщ, щIыналъэм щекIуэкI Iуэхугъуэ куэдым жыджэру хэтщ. Абы къыжраIа мыхъуу, и нитIкIэ елъагъу щIыпIэм къыщекIуэкIыр зыхуэдэр. ЩIалэм бгъэдэлъ щIэныгъэр къыщыхуэщхьэпащ кавказ цIыхухэм я дуней лъагъукIэм хэлъ гугъу псори къызыхэкIымрэ абыхэм я зэхуакум къыдэхъуэ зэщымыщхъухэмрэ зыубзыху зэпсэлъэныгъэхэм. Апхуэдэу щIэныгъэлI цIэрыIуэ куэдым я къэхутэныгъэхэр тегъэщIапIэ ищIкIэрэ, щIалэщIэм хузэфIэкIащ сыт хуэдиз зэщхьэщыкIыныгъэ я зэхуакум дэмылъми, Кавказым щыпсэу щIыналъэхэм зэдайуэ, зэдагуэшу щэнхабзэ лъапIэныгъэ куэд зэраIэр, абы зи тхыдэрэ лъабжьэкIэ гуэх имыIэу епха лъэпкъ куэдым я зэхуакум зэунэкъуэщыныгъэ зэрыдэлъыр, ахэр нэхъри гъунэгъу зэхуэхъун папщIэ, транспорт зэпыщIэныгъэхэр нэхъри гъэбыдэн зэрыхуейр.
– «Кавказ зэпсэлъэныгъэхэм» гунэдж къызата къудейкъым, абы куууэ куэдым сригъэгупсысащ. Дэ къыддэлэжьащ ди щIыналъэр фIы дыдэу зыцIыху щIэныгъэлI куэд. Къаплъэ нэхърэ – къиплъ, жаIэ адыгэхэм. Апхуэдэ защIэт ахэр, сыту жыпIэмэ «Мэшыкъуэм» хэта щIэныгъэлIхэм фIы дыдэу къагурыIуэрт мы щIыпIэхэм щыпсэухэр зэзыпхыр тхыдэм и закъуэу зэрыщымытыр, атIэ ахэр я щэнхабзэкIи, я экономикэкIи, я шынагъуэншагъэкIи зэрызэпыщIар. Зы хэгъэгум и гугъур пыухыкIауэ къыхамыгъэщами, къызэщIэубыдауэ зэрыпсалъэмкIэ къапщIэрт зыр адрейм пэIэщIэу щIыналъэр зэремыфIэкIуэнур. Мызыгъуэгум дызыхэта программэм къигъэлъэгъуащ ди щыIэныгъэм ехьэлIауэ еплъыкIэ зэмылIэужьыгъуэ Iэджэ зэрыщыIэри, щIэныгъэ еджапIэ щхьэхуэхэм я бгъэдыхьэкIэр зыгуэркIи зэмыкIуалIэу зэрылажьэри. ГурыIуэгъуэ хъуаращи, ди щIыналъэм и университетхэми апхуэдэ программэхэм елэжьу, акъыл зэхэдзэкIэ я къэкIуэнур зыхуэдэр зыубзыху щIэныгъэ еджапIэхэри щыIэпхъэщ, – жиIащ Iэрэмысэ Тимур.
ЩIалэщIэм зэрыжиIэмкIэ, Кавказым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIыр къапщтэмэ, щIыпIэм и пщэдейрей махуэхэр зыхуэдэ хъунур къэзыхутэ, шынагъэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ щыIэ щытыкIэр нэ бзыгъэкIэ зыпщ щIалэгъуалэр мымащIэу ягъуэтынущ.
– Дуней псом драплъапIэщ, дыщыпсэу лъахэм стратегие мыхьэнэ зэриIэр къэплъытэмэ. Абы къыхэкIыу, хуэфащэ щIэныгъэр щызэрахьэ центрхэр димыIэу хъунукъым, абы дытелэжьэну къытпэщылъщ, – жиIащ Iэрэмысэм.
«Мэшыкъуэ» щIэныгъэ центрым щекIуэкIа лэжьыгъэр КъБКъУ-м и аналитикэ къэхутэныгъэхэмрэ егъэджэныгъэ программэхэмрэ халъхьэнущ, ар Кавказым и щIэныгъэ центр пажэхэм зэращыщыр нэхъри нэрылъагъу ищIу.

 

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.
Поделиться:

Читать также: