ГъащIэ гуэр щыIамэ арат

Дызытес планетэм хуагъадэу ди Дыгъэм и къэухьыр къэзылъэтыхьхэм къинэмыщIа, астрономхэм хьэрш пхыдзам зыщызыгъазэу гу зылъатэ уафэщIхэм зэреджэр «экзопланетэщ». «Экзо» псалъэр «и щIыбкIэ щыIэ» мыхьэнэр къызэрыкIщ, пасэрей алыджыбзэм къытехъукIащ. Абы щыгъуэми, ЩIы Хъурейм ирагъэщхьу астрономхэм къахутэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ. 
БлэкIа гъунэгъум дриплъэжмэ, хьэрш жыжьэм экзопланетэхэр зэритым астрофизикхэр япэу щытепсэлъыхьар 1992 гъэм иужькIэщ. Абы ипэкIэ ахэр щIамылъэгъуам и зы щхьэусыгъуэщ зэкIэрэхъуэкI вагъуэхэм (дыгъэ жьэражьэхэм) къадз нурым (етлъытмэ) фагъуэ зэрыщIэхъукIыр. 
Мы зэманым абыхэм ящыщу къахутэхэм я бжыгъэр илъэс къэс зэрыхэхъуэр къызыхэкIари гурыIуэгъуэщ. Ар сыт жытIэмэ, зэрыкIэлъыплъ хъуа Iэмэпсымэшхуэхэр (телескоп абрагъуэхэр) кIуэ пэтми нэхъ иныжу дунейм къызэрытехьэрщ. 
2026 гъэм и накъыгъэ мазэм ирихьэлIэу зи гугъу тщIы къэщIыгъэхэм ящыщу астрономхэм гу зылъатахэм я бжыгъэр, НАСА зэгухьэныгъэм Экзопланетэхэр джынымкIэ и институтым щылажьэхэм къызэрагъэлъэгъуауэ, 6287-м нэблэгъащ. Абыхэм къинэмыщIа, щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, «экзопланетэ» фIэпщ хъуну иджыри гу зылъатахэм я бжыгъэр, зищIыс и лъэныкъуэкIэ иджыри зэхамыгъэкIыпами, мини 8-м нызэрыхьэсащ, зэрыхуагъэфащэмкIи абдежми дыкъыщыувыIэнукъым. 
Экзопланетэхэм я нэхъыбапIэр ди Дыгъэм къегъэщIылIа Сатурн, Нептун, Юпитер сымэ хуэдэхэу уафэщI иныщэщ, дызытрагъаплъэ я джабэхэри гъащIэ здэщыIэнкIэ гугъэ дэзымыгъэщI гъуэз зэфэзэщщ. АрщхьэкIэ, абыхэм, гу зэрылъатауэ, яхэтщ ди планетэм куэду ирагъэщхьхэри. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, астрономхэм TESS телескопымкIэ илъэс зыбжанэ ипэкIэ къалъэгъуа GJ 1252 b экзопланетэри. Ар дыщыпсэум нэхърэ тIукIэ нэхъ хьэлъэщ, и зэпрыупIэр хуэдэ 1,2-кIэ нэхъ бгъуэщ, нэхум зэрызидз гъуэгуанэкIэ къатщтэмэ, илъэс 66,5-кIэ тпэжыжьэщ, зэкIэрэхъуэкIыр ди Дыгъэм нэхърэ процент 60-кIэ нэхъ «жьгъей», «плъыжь цIыкIужьей» («красный карлик») зыфIаща вагъуэ жьэражьэхэм хуэдэщ. 
Абы ипэкIэ щыIэми-щымыIэми дымыщIа GJ 1252 b уафэщIыр и теплъэкIи, и зэхэлъыкIэкIи дыщыпсэу планетэм пэбж хъуну къэзыбжа еджагъэшхуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, абы и щхьэфэр къырылъэми (и нэхъыбэр), и щIыгум гъащIэ гуэр щыIэнкIэ зэрыхъунур зыхозыгъащIэщ. GJ 1252 b экзопланетэр, къызэрабжамкIэ, «плъыжь цIыкIужьей» зэкIэрэхъуэкIым гъунэгъубзэу бгъэдокIуатэ, зэпымыууэ зэрыхуэгъэзари и зы лъэныкъуэрщ. 
ГъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфащэ планетэхэм ящыщщ астрономхэм тIэкIу нэхъапэIуэкIэ ЩIы Хъурейм ирагъэщхьу къахута, «GJI80», «GJ229A» нагъыщэхэр зрата уафэщIхэри. Карнеги и цIэр зэрихьэу США-м щыIэ щIэныгъэ институтым и IэщIагъэлIхэм къагъуэта а тIур зэгъэщIылIар дэ, цIыхухэр, дыздэщыIэм нэхъ къыпэгъунэгъухэм халъытэ «плъыжь цIыкIужьей» вагъуэ жьэражьэрщ. 
Мыр ди Дыгъэм елъытауэ зымащIэкIэ нэхъ упщIыIуащ, и щIыгум и зэпрыупIэри зытIэкIукIэ нэхъ кIэщIщ. КъызэрахутамкIи, апхуэдэ къэщIыгъэхэр ди Шыхулъагъуэ галактикэм щыкуэдыкIейщ. ИкIи, щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, зи гугъу тщIы а вагъуэхэм къедза планетэхэрщ, ди ЩIы Хъурейм зэрызыщиужьам ещхьу, гъащIэ нэхъ здэщыIэнкIэ хъунухэри. 
 «GJ180», «GJ229A» нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщхьэхукIахэм гъащIэ щыIэну хуагъэфащэми, тIури ди планетэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ хьэлъэщ: зэрызэкIэлъыкIуэу къэдгъэлъагъуэмэ, хуэдэ 7,5-кIэ, 7,9-кIэ. Ахэр дыщыпсэу ЩIыгум къыщхьэщокI зэгъэщIылIа я «дыгъэхэм» я хъуреягъыр къызэралъэтыхь махуэ бжыгъэхэмкIи: зэрызэкIэлъыкIуэу къэдгъэлъагъуэмэ, хуэди 106-кIэ, 122-кIэ нэхъыбэщ.
Зи гугъу тщIа планетэхэр зэрыщыIэм гу лъатащ ахэр зэпха вагъуэхэм уахэм къызэрыщакIухь гъуэгуанэхэм узыпэмыплъа я зэщIэхъеекIэмкIэ (зым адрейр зэрызыщIишэм къыхэкIыу). Ахэр «къалъэгъуащ», къызэрыхэдгъэщащи, мардэщIэм ипкъ иту зэхагъэува иджырей Iэмэпсымэ лъэщхэм я фIыгъэкIэ. 
А уафэщIхэм нэмыщI, зи гугъу тщIа астрономхэу США-м щыIэ щIэныгъэ институтым щылажьэхэм хьэршым къыщалъэгъуащ «Нептун щIыIэ» зыфIаща пкъыгъуэ абрагъуэри. Мыр къыщагъуэтар GJ433 зи нагъыщэ вагъуэ къызэрыгуэкIым и Iэхэлъахэрщ. Астрофизикхэм къызэрабжамкIэ, абы и щхьэфэм псы къыщыбгъуэтынущ, ауэ зэщIэщтыхьауэщ, зыпыщIа и «дыгъэм» зэрыпэжыжьэIуэм къыхэкIыу. ЩIэныгъэлI Фенг Фабо зэрыжиIэмкIэ, мы планетэр ящыщщ Нептун хуэбгъэдэну ди Дыгъэм и къэухьым нэхъ пэгъунэгъу дыдэу къагъуэтахэм. 
«ЕдгъэкIуэкI къэхутэныгъэм ещхьхэм дызыхуашэр аращи, лъэхъэнэ гъунэгъум зэрагъэпэщыну телескопыщIэхэмкIэ дэ езым ди нэхэмкIэ зэдгъэлъагъуфыну уафэщIхэм я бжыгъэм нэхъри къахэхъуэнущ. АтIэми, мы зэманым нэхъыбэу дызытелажьэр нэхъ къэтплъыхьыф вагъуэхэм я Iэгъуэблагъэм зыщызыгъазэ къэщIыгъэхэм гъащIэ щыIэнкIэ зэрыхъунур зэхэдгъэкIынырщ», - жиIащ Батлер Пол.
 Зи гугъу тщIы къэщIыгъэхэм ирагъэщхьу 2025 гъэм и кIэм къихуэу къахута экзопланетэхэм я бжыгъэр 6000-м щIигъуащ. Ахэр егъэщIылIащ ди Дыгъэм ирагъэщхьу вагъуэ жьэражьэу 4500-м нэблагъэм. 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: