ФIыщIэрэ щытхъурэ иIэу

Мы гъэм илъэс 20 мэхъу Дзэ-Тенджыз флотым и махуэр ди къэралым щыгъэлъэпIэнур зэрагъэуврэ. Бадзэуэгъуэм и кIэухым траухуа а махуэщIыр Iэтыныр къыхалъхьауэ щытащ 2006 гъэм, куэд дэмыкIыуи Iуэхум тещIыхьа унафэ щхьэхуэм Iэ тридзауэ щытащ Урысей Федерацэм и Президентым. Абы лъандэрэ ар Iэтауэ ягъэлъапIэ Дзэ-Тенджыз флотым къулыкъу щызыщIахэм, ноби ар езыхьэкIхэм, флотым зи гъащIэр епхауэ псэухэм. 
Адыгэхэми ди мащIэкъым Дзэ-Тенджыз флотым къулыкъу щызыщIахэр. Апхуэдэхэм ящыщт Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун жылэшхуэм и нэхъыжьыфIхэм халъытэ, адыгэ хабзэмрэ лъэпкъ нэмысымрэ зыгъэнэхъапэу гъащIэр езыхьэкIа Такъ Беслъэн Хьэсэн и къуэр. Совет къэралыгъуэм къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм щыщ куэд и нэгу щIэкIащ Беслъэн. СССР-м гъащIэщIэр щыщаухуэ, лIэщIыгъуэ блэкIам и 20 - 30 гъэхэм хиубыдащ абы и сабиигъуэр, балигъ хъугъуэ ныбжьыр ирихьэлIащ 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм. 
 Унагъуэшхуэм щыщ (унагъуэм бынибл яIэт) Беслъэн дунейр и щIэщыгъуэу, гъащIэр фIэIэфIу къэхъуащ. Илъэси 10-м иту школым кIуа щIалэ цIыкIур еджэным дихьэхырт, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным хуэпабгъэрт, хъуэпсапIэхэмрэ гуращэхэмрэ и куэдт. А псори къызэпиудащ 1941 гъэм къэхъея Хэку зауэшхуэм. А мафIае илъэсхэри ирахьэкIащ Такъхэ я унагъуэм, я къуажэм, Совет Союзым щыпсэу цIыху мелуанхэм хуэдэу, зауэм и бэлыхьхэмрэ абы къихь гуауэхэмрэ я нэгу щIэкIыу. Адрей къэхъундэс ныбжьыщIэхэм яхэту, Беслъэни абы и анэкъилъхухэри зауэ лъэхъэнэм колхоз губгъуэм итащ, фронтым щыIэ адэхэм, къуэш нэхъыжьхэм я къалэну щытахэр ягъэзащIэу. «Вы зимыIэм шкIэ щIещIэ», - щыжаIэ зэманти, ини цIыкIуи, цIыхухъуи бзылъхугъи гугъуехьышхуэхэр яшэчу фронтым Iутхэм ядэIэпыкъуащ, я къарурэ зэфIэкIрэ къызэрихькIэ. 
1942 гъэм и бжьыхьэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр Къэхъун жылэм дыхьэу абы зыщагъэбыда нэужь, гъащIэр нэхъ гугъуж хъуат. Уэрам къэс езыхэм къулыкъу яхуэзыщIэ старостэхэр дэтт, нэмыцэ, румын сэлэтхэри унагъуэхэм ихьэрт, абы илъ ерыскъыхэкIхэр къащтэрт. Советыдзэр ебгъэрыкIуэу бийр ди республикэм ирахужа нэужь, «щхьэкIуэ зышэч щхьэ шхыгъуэ йохуэ», адыгэ псалъэжьым тету, цIыхубэр хуиту бэуэжащ. Хэку зауэшхуэр СССР-м и текIуэныгъэкIэ 1945 гъэм иуха нэужь, ди къэралыр мамыр гъащIэм хуэкIуэжащ, абы и цIыху псори зэдэууэ еувэлIащ бийм зэтрикъута цIыхубэ хозяйствэр зэтегъэувэжыным. 
Куэд дэмыкIыу еджэным пищэжащ Беслъэни. Школыр ехъулIэныгъэкIэ къиухри, Аруан районым щыIэ «Мэкъумэштехникэм» лэжьэн щыщIидзащ. БалигъыпIэ иува щIалэр 1954 гъэм дзэм ираджащ, Хэкум къулыкъу хуищIэну. Беслъэн зыхэхуар Дзэ-Тенджыз флотырати, ар илъэси 4-кIэ ирихьэкIащ. Абы зэрыжиIэмкIэ, дзэм къулыкъу зэрыщищIа илъэсхэм къриубыдэу зы адыги гъусэ къыхуэхъуакъым, и къуажэгъу щIалэ Къардэн Албий Севастополь еджапIэ щыщыIам щыгъуэ зэрыхуэзам нэмыщI. Беслъэн япэ а флотым къулыкъу щызыщIауэ жылэм дэсар Бжьыхьэ МуIэед и закъуэт. 
Дауи, тынштэкъым апхуэдиз зэманкIэ дзэ къулыкъум упэрытыну. И пщэрылъ къалэнхэр, зэрихабзэу, къызыхуэтыншэу зэригъэзащIэм папщIэ, Беслъэн илъэси 4-м къриубыдэу тIэунейрэ унэм къагъэкIуэжащ, и унагъуэр, Iыхьлыхэр илъагъуну, тIэкIу зигъэпсэхуну. Къулыкъум пэрыувэжырти, дзыхь къыхуащIа IэнатIэр ныкъусаныгъэншэу аргуэру зэфIихырт. Апхуэдэу пэжу, ехъулIэныгъэ иIэу къулыкъур зэрырихьэкIым папщIэ, 1956 гъэм Такъ Беслъэн къыхуагъэфэщауэ щытащ ВЛКСМ-м и Комитет Нэхъыщхьэм къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъыр. 
ЩIыхьрэ щытхъурэ пылъу а къалэн гугъур зэфIихри, 1958 гъэм Такъым къигъэзэжащ щалъхуа щIыналъэм икIи псэ хьэлэлу къэралым хуэлэжащ иджыри илъэс 30-м щIигъукIэ. И лэжьыгъэфIым папщIэ къыхуагъэфэщащ дамыгъэхэр, щытхъу, фIыщIэ тхылъхэри. 
Унагъуэ дахи иухуат Беслъэн. Абы щхьэгъусэ ищIат Зэрэгъыж дэс Бэджий лъэпкъым япхъу бзылъхугъэ гуакIуэ. Беслъэнрэ Женярэ (я ахърэтыр нэху ухъу) щIалитIрэ зы хъыджэбзрэ: Аслъэн, Мадинэ, Арсен сымэ - зэдагъуэтащ, зэдапIащ, гъащIэм гъуэгу пэж щытрагъэуващ. ГъащIэр матэщIэдзакъым. Зэщхьэгъусэхэм гуауэшхуэм ягъэвын хуейуэ къахуиухат: я къуэ Арсен дунейм ехыжащ. 
Тыншыгъуи гугъуехьи, гуфIэгъуи нэщхъеягъуи хэтщ гъащIэм, атIэми абы щынэхъыщхьэр сыт хуэдэ щытыкIэми зэпIэзэрыту, уи пщIэр, напэр пхъумэу, нэмысыр пIыгъыжу укъикIыфынырщ. Щапхъэу бгъэлъагъуэ хъуну апхуэдэ гъуэгуанэ купщIафIэщ Такъ Беслъэн къикIуар. НэхъыжьыфIым и гъащIэр ирихьэкIащ адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ япэ иригъэщу. А лъэпкъ фIыгъуэхэм дапщэщи щIипIыкIащ абы и бынхэри абыхэм къащIэхъуэ щIэблэ дахэри. Дзэ-Тенджыз флотым екIуу, фIыщIэрэ щытхъурэ зыпылъа къулыкъу пэж щызыщIа, къэралым и фIыщIэ къэзылэжьа Такъ Беслъэн, а псоми зэгъусэу хуагъэлъапIэрт а махуэщIыр. Ноби щIэблэр ирогушхуэ нэхъыжьыфIу яIа адэм, адэшхуэм бгъэдэлъа зэфIэкIхэм.

 

 

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться:

Читать также: