ХъупIэхэм хэс мэлхьэпIатIэхэр хуабжьу шынагъуэщ, узыфэ зэмылIэужьыгъуэ куэд кърахьэкIри, я дзэкъапIэм цIыхур ицIэлэнкIэ хъунущ. Абыхэм ящыщщ кърым геморрагие техьэгъуэр (КГЛ).
КГЛ-р техьэгъуэ къэзышэ, геморрагие узыфэ хьэлъэхэр - пэм лъыр къыщезыгъэуд, шхалъэм, кIэтIийхэм, фэ щIагъым зезытхэр къызыхэкI, апхуэдэу нэщэнэ нэрылъагъухэр зимыIэ уз зэрыцIалэ бзаджэщ. Ар къазэреуэлIар къыщащIэр махуэ I4 дэкIа нэужьщ, ику иту махуи 4-6-м къриубыдэу.
Кърым геморрагие техьэгъуэр зэрыятэм къыхэкIыу, Ростов, Ставрополь крайм, Къалмыкъым а узыфэм зыщеубгъу. КГЛ-м и вирусыр тхьэкIумэкIыхьхэм, цыжьбанэхэм, жумэрэнхэм, дзыгъуэ лIэужьыгъуэхэм, псэущхьэ зи зыужьыгъуэхэм япкъырытщ.
Губгъуэм щылажьэхэм, мэкъуауэхэм, Iэщым пэрытхэм, удзыпцIэм, хьэсэхэм зыщызыгъэпсэхухэм, псом хуэмыдэу, къуанщIэ абгъуэхэр щыкуэд щIыпIэхэм щысакъыпхъэщ, абыхэм мэлхьэпIатIэр къыщедзакъэу, цIыхухэр яцIэлэнкIэ хъунущ. КъуанщIэхэм, нэгъуэщI къуалэбзухэм (къуаргъхэм, къанжэхэм) мэлхьэпIатIэхэр щахэс щыIэщ.
Пкъым щыхыхьэкIэ, щапIыткIэ, жьэ кIуэцI цIанлъэм, нэхэм, Iэ теудахэм и лъым щыщ лъэIэсмэ, узыр зыпкъырыт мэлхьэпIатIэм цIыхур ицIэлэнущ. Ещхьыркъабзэу, ахэр зыхэс мэлыр щащкIэ, Iэщышхуэр е нэхъ цIыкIур щаукIкIэ, щызэIахкIэ, вирусыр ялъэIэсынкIэ хъунущ.
Псэущхьэхэмрэ хьэхэмрэ губгъуэм кърах мэлхьэпIатIэхэр цIыхум хуэщщ. Iэщ IыгъыпIэхэм, зехуапIэхэм, мэкъумэш щIапIэхэм, зыгъэпсэхупIэ-зыплъыхьыпIэхэм ахэр щобагъуэ. А уз зэрыцIалэм нэхъыбэу къуажэхэм ущрохьэлIэ. Гъатхэ гъэмахуэ зэманым (мэлыжьыхь - шыщхьэуIу мазэхэм) мэлхьэпIатIэхэр жыджэрщ, хуабжьу мэятэ, Iэхъуэхэр, жэмышхэр, Iэщыхъуэхэр, унагъуэ былым зезыхуэхэр, Iэщ зыукIхэр, губгъуэм щылажьэхэр ягъэсымаджэ.
ЗэрыжытIащи, мэлхьэпIатIэ дзэкъапIэм уз зэрыцIалэ къишэнкIэ хъунущ. Ахэр нэхъыбэу удзыпцIэхэм хэсщ, чыцэхэм тесщ. ЦIыхум и щIыфэ пцIанэм щIагъуэу еныкъуэкъуркъым, фэм зыхеукIэ.
МэлхьэпIатIэм зыщахъумэн папщIэ, нэхъ IэмалыфIыр абы хуэсакъынырщ. Ахэр здэщыIэ щIыпIэхэм кIуэхэм Iэпкълъэпкъыр щIэзыхъумэ щыгъын, джанэ IэщхьэкIыхь щатIэгъэн, гъуэншэдж лъапэхэр лъэпэдым даупщIэн, зэманым къезэгъ пыIэ къыздащтэн хуейщ. МэлхьэпIатIэхэр Iузыгъэщт щхъухьхэр хуэсакъыуэрэ къагъэсэбэпыпхъэщ:
- жьыугъуэджэ щIыпIэм ар щыгъыным щытраутхэ. Абы щыгъуэм репеллентыр зэрыт баллоныр сантиметр 20 - 25-кIэ щIыIутелъым пэщIэхауэ яIыгъын хуейщ;
- ар зыщIэн хуейр балигъхэращ;
- зэрылэжьа щыгъыныр полиэтилен къэпым щахъумапхъэщ;
- етIуанэу елэжьын ипэкIэ яжьщIын хуейщ;
- ящыгъыу щыгъыным елэжь хъунукъым!
Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ зэманыр шынагъуэншэу къызэрагъэпэщын , мэлхьэпIатIэхэм зыщахъумэн папщIэ, «Бибон», «ГалРэт», «Маскитол-антиклещ» щхъухьхэр къагъэсэбэп хъунущ. Акарцидхэм нэхъ фейдэ пылъщ, абы мэлхьэпIатIэхэр еукI. Дакъикъи I0-I5 къэс зыкIэлъыплъыжын, ягъэзэжа нэужьи я щыгъынхэм тесрэ темысрэ зрагъэщIэн хуейщ.
Псэущхьэхэмрэ хьэхэмрэ къыхах мэлхьэпIатIэхэр хыфIадзэ хъунукъым - тхъурымбэ раствор е фэтыджэн зэрыт банкIым иралъхьэн хуейщ. МэлхьэпIатIэ зыхэс унагъуэ псэущхьэхэм ветеринархэр егъэлэжьыпхъэщ.
Я Iэпкълъэпкъым хыхьауэ гу лъатэмэ, икIэщIыпIэкIэ дохутырым зыхуагъэзэн хуейщ. Езыр-езыру къыхахыжыну яужь имыхьэмэ нэхъыфIщ. Сыту жыпIэмэ, абы щыщ Iыхьэ(пэнцIывыр) я щIыфэм къыхэнэнкIэ хъунущ. Температурэр градус 39-40-м нэсрэ, хигъэзыхьыу хуежьэмэ, узым закъригъащIэу аращ. Щхьэ узыр къахуокIуэ, я лыпцIэхэм, къупщхьэ зэрытыпIэхэм, я ныбэмрэ я кIэнтIыIумрэ къоныкъуэкъу, апхуэдэу кIэкуакуэу егъэгуауэщхьэуэ. Куэдым я Iур йогъущыкI, щхьэр мэуназэ, я нэкIумрэ я напIэ псыIэмрэ мэуцIыплъ. Махуэ зыбжанэ (е сыхьэт) дэкIа нэужь, хъужу къыщигъэхъуу, сымаджэм и температурэр йохыж. Ауэ, куэд дэмыкIыу, лъыр щIэзыгъэкI етIуанэ геморрагие техьэгъуэр къыхуэкIуэнкIэ хъунущ. Лъыр нэрылъагъуу къыщиудым и мызакъуэу, цIыхум и кIуэцIым щыщIэкIи щыIэщ. Апхуэдэ сымаджэр нэгъуэщIхэм я дежкIэ зэрышынагъуэм къыхэкIыу, уз зэрыцIалэхэм щапэщIэт щIыпIэ хэхам щеIэзапхъэщ. Зыхуей медицинэ дэIэпыкъуныгъэ и чэзум игъуэтмэ, вирусым зэребэнын хущхъуэхэм а уз бзаджэм зрагъэужьынукъым, махуэ зытIум къриубыдэу къызэтрагъэувыIэнущ. Кърым геморрагие техьэгъуэм зэрыпэщIэтыну вакцинэ иджыри къагупсысакъым. Абы и хэкIыпIэ нэхъыщхьэу нобэкIэ щыIэр мэлхьэпIатIэм зыщыхъумэнырщ. Ар къагурыIуэу, зи гугъу тщIа хабзэ къызэрыгуэкIхэм тетмэ, цIыхухэм узыфэр къалъэIэсынукъым.