Быным епцIыжахэрСабийр къэзылъхуа и адэ-анэм сыт и лъэныкъуэкIи епхащ ар балигъыпIэ иувэху. Языныкъуэ адэ-анэхэм тынш дыдэу быным и жагъуэ ящIыф, и гур ираудыф, йопцIыжыф, ди жагъуэ зэрыхъунщи. Сабийм иджыри дунейри гъащIэри ицIыхуркъым, ицIыхур къэзылъхуа, зыпI цIыхухэращи, ахэр яфIэдуней псощ. Мы тхыгъэр теухуащ зи дунейр къызытещэща сабийхэм я адэ-анэ цIэрыIуэхэм. Руссо Жан ЖакСабий пIыным гугъуехьу пыщIар къилъытэри, философ Руссо Жан Жак бын дапщэ имыгъуэтами, псори зеиншэхэм я унэм иритмэ нэхъыфIу къибжащ. Пэжщ, философыр хуэмыщIауэ псэурт, и бын псори хуэпIынутэкъым икIи хуэгъэшхэнутэкъым, къищынэмыщIауэ, езыр тхэным къыдэхуэртэкъым, ар игъэнэхъапэрти, цIыкIухэр зэран къыхуэхъуу жиIэрт. Апхуэдэу, лIы цIэрыIуэм и щIыб яхуигъэзащ и бынитхум! Абы жиIэрт и бынхэр мэкъумэшыщIэ хъуну зэрыщIэхъуэпсыр: хьэуа къабзэм хэту, лэжьыгъэ щхьэпэм пэрыту, цIыхухэм сэбэп яхуэхъуу. А зэман хьэлъэм цIыхухэм я шхын ягъуэтыртэкъым, сабий унэхэми куэд дэIэпыкъуфыртэкъыми, цIыкIухэм я нэхъыбэр уз зэрыцIалэмрэ мэжалIэмрэ ихьыжырт. Руссо и бынитхуми аращ къащыщIар – зеиншэхэм я унэм щылIэжащ, адэ-анэм я хуабагъэр ямыгъэунэхуауэ, гуапэу я щхьэфэ зы цIыхум Iэ димылъауэ. Ауэ, езы Жан Жак и тхыгъэ куэд дунейм къытехьащ сабийр зэрыгъэсапхъэм, зэрапIым теухуауэ икIи гъэсакIуэ, узэщIакIуэ телъыджэу тхыдэм къыхэнащ… Лорд БайронЛорд Байрон нэчыхьыншэу сабий зыхуэзыкъута цIыхубзым зауэ-банэкIэ къытрихащ илъэсиплI ирикъуа и пхъур. Куэдрэ адэу щытыфакъым ар - хъыджэбз цIыкIур кIэщI дыдэу иужэгъури, члисэм иритащ. «Шыдым хуэдэу ерыщщ, иримыкъужуи машхэ!» - итхыгъат абы и бын закъуэм щхьэкIэ. Цветаевэ МаринэУсакIуэ цIэрыIуэ Цветаевэ Маринэ и бынхэри итауэ щытащ къэралыр гъаблэм щиубыдым, икIи ар сабийхэм зэраанэр жамыIэну унафэ ищIат. «Зеиншэу, адэ-анэншэу яжефIи зэфIэкIащ!» - жиIэри. Пасэ дыдэу дунейм ехыжащ быным я нэхъыщIэ Иринэ. Цветаевэр и пхъур щыщIалъхьэжым кIуакъым, ауэ абы теухуауэ усэ гууз итхауэ жаIэ. Сабийхэм я Iуэху зыIутыр езы усакIуэм и нэкIэ илъэгъуат – быф анэ хуэдэу зэ закъуэ кIэлъыкIуат и бынхэр илъагъуну. ИужьыIуэкIэ абы къищтэжащ ипхъу нэхъыжьыр. Эйнштейн АльбертСерб пщащэ Марич Милевэрэ Эйнштейн Альбертрэ я нэчыхьыр ирамыгъэтх щIыкIэ къащIэхъуа хъыджэбз цIыкIум Лизераль фIащат. Эйнштейн щIэныгъэлI цIэрыIуэ хъуным куэд иIэт иджыри, тхьэмыщкIэт. Арати, и хэкум щызэфIэкIмэ нэхъ къищтэу Сербием кIуэжа и щIасэр къигъэдэIуащ сабийр иту къигъэзэжыну. Альберт зэрыжиIам тету, Милевэ сабийр итащ. Лизераль гъащIэшхуэ имыIэу къыщIэкIащ, куэд дэмыкIыу ар ихьыжащ уз зэрыцIалэ гуэрым. Эйнштейн и пхъур зэи илъэгъуакъым, ар зэраIари илъэс куэдкIэ ибзыщIащ.
Поделиться:
Читать также:
15.08.2026 - 11:18 →
ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ IэмалыщIэхэм
15.08.2026 - 10:42 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
15.08.2026 - 10:01 →
ЦIыху минхэм я IутIыжыгъуэт
14.08.2026 - 18:00 →
Бахъсэн щIыналъэм щыхъыбархэр
14.08.2026 - 17:25 →
Лъытэныгъэ ин зыгъуэта гуащIэдэкI
| ||




