Усэбзэр лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэщ![]() ЩIалэгъуалэм я унэм щекIуэкIащ «Откровение» макъамэ усэ пшыхьыр. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хыхьэу. Зыщыщ лъэпкъми емылъытауэ, усэбзэр лъэпкъ псомкIи гурыIуэгъуэщ икIи зэкъуэзыгъэувэщ. - ПсынщIэу зызыужь икIи зызыхъуэж иджырей гъащIэм цIыхум и гумрэ и псэмрэ щыщIэ щэхухэм щIэдэIужыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Апхуэдэущ усэ, макъамэ жыпIэми, гущIагъщIэлъхэр сэтей къызэрыхъур. ПшыхьымкIэ ди къалэныр творчествэм, усэм, макъамэм дахьэххэр зэкъуэдгъэувэнырщ, япэ дыдэу зи усэ утыку къизыхьэну е усэ къеджэну гупыж зыщIхэм Iэмал еттынырщ, - жиIащ КъБР-м Къалэн куэд щагъэзащIэ щIалэгъуалэ центрым зэфIэкI зиIэ щIалэгъуалэм ядэIэпыкъунымрэ зегъэужьынымкIэ и къудамэм и унафэщI ТыIэщ Валерэ.
Поделиться:
Читать также:
15.08.2026 - 11:18 →
ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ IэмалыщIэхэм
15.08.2026 - 10:42 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
15.08.2026 - 10:01 →
ЦIыху минхэм я IутIыжыгъуэт
14.08.2026 - 18:00 →
Бахъсэн щIыналъэм щыхъыбархэр
14.08.2026 - 17:25 →
Лъытэныгъэ ин зыгъуэта гуащIэдэкI
| ||





