Ныбжьэгъугъэм и лъэмыж

Налшык, сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIэ­кIуэж «Радуга» центрым, щекIуэкIащ «Ныбжьэгъугъэм и литературэ лъэмыж» зэIущIэр. Лъэпкъ библиотекэм и лэжьакIуэхэм къызэрагъэпэща Iуэхур траухуащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм.

Библиотекэм и лэжьакIуэхэр центрым щыIэ сабийхэм яхутепсэлъыхьащ ныбжьэгъугъэм – абы и мыхьэнэм, ныбжьэгъур зэрыщытыпхъэм, гуапагъэм, ныбжьэгъу пэжым хэлъын хуей хьэл-щэнхэм, нэгъуэщIхэми. Сабийхэр куэдым щIэупщIащ, зэ­ныбжьэгъугъэм теухуауэ езыхэм я еплъыкIэр жа­Iащ, хэти и ныбжьэгъухэм я цIэхэр къраIуащ.
ЦIыкIухэм драгъэкIуэкIа псалъэмакъ щхьэпэр щIагъэбыдэжащ литературэ тхыгъэ щIэщыгъуэхэмкIэ. Библиотекэм и лэжьакIуэхэр цIыкIухэм къахуеджащ Толстой Лев и «Отец и сын», Донниковэ Верэ и «Канавка», Пермяк Евгений и «Самое страшное» тхыгъэхэм ящыщ пычыгъуэхэм. А тхыгъэхэм я мыхьэнэм теухуа упщIэхэр цIыкIухэм иратащ, сабийхэмрэ балигъхэмрэ зэщIыгъуу ахэр зэпкърахащ. ЗэIущIэм щагъэлъэгъуащ зэныбжьэгъугъэм теухуауэ библиотекэм и лэжьакIуэхэм зэхагъэува видеотеплъэгъуэ гъэщIэгъуэныр, тхылъ гъэлъэгъуэныгъи къызэрагъэпэщащ. 
ЗэIущIэм и кIэухым балигъхэм къапщытэжащ сабийхэм я гум ираубыдахэр. Зэныбжьэгъугъэм и хабзэхэр кърабжэкIащ «Радуга» IуэхущIапIэм щыIэ­хэм. Ныбжьэгъум и жагъуэ пщIы зэрымыхъунур, зыр адрейм удэIэпыкъуным фIы къызэришэр, зи жагъуэ ящIам укъыщхьэщыжыным гумащIагъэ зэрыхэлъыр, нэгъуэщIым и ехъулIэныгъэм ущыгуфIыкIыныр псэ къабзагъэм и нэщэнэу зэрыщытыр сабийхэм къагурыIуащ. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: