НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 20, блыщхьэ

♦Тортым и дунейпсо махуэщ

♦Шахматым и дунейпсо махуэщ

♦Мазэм и дунейпсо махуэщ

♦1561 гъэм Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ чыристан диныр кърагъэщтащ, Марие цIэри фIащащ.

♦1927 гъэм къалъхуащ къэрал, парт лэжьакIуэ, политик Къущхьэ Гъумар.

♦1938 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, егъэджакIуэ, философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, техникэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Хъурей Феликс.

♦1938 гъэм къалъхуащ сабий усакIуэ АфIэунэ Лиуан.

♦1938 гъэм къалъхуащ усакIуэ, драматург, АР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгейм и цIыхубэ тхакIуэ Къуиикъуэ Налбий.

♦1947 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Кубанми Ар-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик, РАЕН-м, Нью-Йорк академиехэм хэт ТIрахъуэ Энвер.

♦1964 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, Урысейм ХудожествэхэмкIэ и академием хэт СэвкIуий Хьэмид.

♦1973 гъэм къалъхуащ къэрал, политикэ лэжьакIуэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ.  Хуабэр махуэм   градус 27 – 29-рэ, жэщым градус 18 - 20 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

ЗэгурыIуэ я Iуэху псынщIэщ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться: