КъызэрыгуэкI ухуэныгъэкъымКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэр, псом хуэмыдэу Налшык, цIыхур щыпсэуну зэхъуапсэ щIыпIэхэм, шэч хэмылъу, ящыщщ. ЩIыналъэм бгъэдэлъ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэм къищынэмыщIа, мыбдеж щызэтраухуа псэукIэм, къыщекIуэкI хабзэхэм, цIыху зэхущытыкIэхэм ар нэгъуэщIхэм къахегъэщ. Дриплъэжынти Налшык и тхыдэм. 1818 гъэм абы «быдапIэ» статусыр иIащ, куэд дэмыкIыу «слобода» фIэщыгъэр къыхуагъэфащэри, 1920 гъэхэм пщIондэ а цIэр зэрихьащ. Уэрам нэхъыщхьэхэу яухуат Воронцовскэр (иджырей Къэбэрдей уэрамыр), Елизаветинскэр (Нэхущым и цIэр зезыхьэ уэрамыр), Ермоловыр (Суворовым ейр), Степнойр (Лениным и уэрамыр), нэгъуэщIхэри. XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм Налшык япэу автоном щIыналъэм, итIанэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къалащхьэ хъуащ. Хэку зауэшхуэм и зэманым, ди жагъуэ зэрыхъущи, унэ хьэлэмэт куэд зэтракъутащ, ахэр зэфIагъэувэжынуи Iэмал щыIакъым, ауэ лэжьыгъэшхуэ щекIуэкIащ 1970 гъэхэм. Абы щыгъуэщ архитекторхэм псэупIэхэр, промышленнэ ухуэныгъэхэр ящIу щыщIадзар. Абыхэм ящыщт архитектор пажэхэу Асанов Владислав, Макаров Владимир сымэ. Налшык къалэр зыгъэдахэ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэр сыт и уасэ! Республикэм и къалащхьэр нэхъыбэу хьэщIэхэм ягу зэрыраубыдэр аращ жытIэмэ, дыщыуэну къыщIэкIынкъым, икIи гухэхъуэщ кIуэ пэтми абы зэрызрагъэубгъур, и лъагъуэхэр зэIузэпэщу зэрыпхрашыр. Иужьрей зэманым цIыхур и узыншагъэм, Iэпкълъэпкъым нэхъ зэрыкIэлъыплъыжыр нэрылъагъу дыдэщ. Абы и IэмалкIэ къагъэсэбэп «ДэкIуеипIэ мин» щIыпIэ дахэр («Терренкур»-р). Бгыр щIэзыгъэна мэзым кIуэцIрыкIыу Налшык и щIыпIэ нэхъ лъагэ дыдэм ухуэзышэ лъагъуэр узыншагъэм и щхьэпэ щIыпIэ къудейкъым, атIэ дэтхэнэми гукъинэж щыхъуну зекIуэ пэлъытэщ: Зей Иным удэкIуейуэ, кIапсэ гъуэгу здрикIуэу щытам и ищхьэ станцым унэсу. Абы укъикIыу Зей ЦIыкIуми уехыфынущ, е Нартие бгым, тенджызым елъытауэ метр 999-рэ зи лъагагъым, удэкI хъунущ… А «зекIуэр» ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэм зыщыпплъыхьу къыщыщыщIэбдзэныр нэхъ гъэщIэгъуэныжщ. Лъэс лъагъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зым утетурэ Трек гуэлым ухуокIуэ, адэкIэ абы убгъурытурэ Налшык псыежэхым телъ лъэмыж кIэрыщIам узэпрыкIынущ. ЦIыхум и Iэр зэIусахэм гу лъумытэмэ, мэзышхуэм укъызэрыщыхутар асыхьэту зыхыбощIэ, жыг гъэщIэгъуэн абрагъуэхэр къыпщхьэщытщи. Махуэ къэс а бгым спортсменхэри зи узыншагъэм кIэлъыплъхэри докIуейри, хьэуа къабзэм хэту зыщагъасэ, Iэпкълъэпкъым зрагъэшэщI. ДэкIуеипIэм и Iыхьэ пыухыкIахэм тетхащ къэпкIуам и бжыгъэр. Хьэуа къабзэм икIи щIыIэтыIэм узэрыхэтым щхьэкIэ лъагапIэм удэкIуеину къохьэлъэкIыркъым. Языныкъуэ щIыпIэхэм деж Хьэсэнейрэ къалэм и зыгъэпсэхупIэхэмрэ уащыIуоплъэ. Ахэр гъунэгъу дыдэу плъагъуми, лъагапIэм ущытеткIэ даущыншэщ, зэзэмызэххэщ къалэм и Iэуэлъауэр абы щынэсыр. ЦIыхум и псэм дежкIи фIыкъэ тхьэмпэхэм я щхъыщхъ макъым щIэдэIукIыныр, хьэуа щIыIэтыIэ къабзэ зыжьэдэпшэныр?! Абдеж зыщыпIэжьэну ухуейщ, Iуэхухэмрэ гуныкъуэгъуэхэмрэ зыщыбгъэгъупщэу. Терренкурыр, дауи, къалэм хуабжьу щыцIэрыIуэ щIыпIэщ. 1977 гъэрат Курорт гуэлым къыщыщIэдзауэ Зеишхуэм и щыгум нэс кIапсэ гъуэгу щыпхашар. ИлъэситI дэкIри, Профсоюзхэм зыгъэпсэхупIэхэр зехьэнымкIэ я Къэбэрдей-Балъкъэр Советым бгы джабэхэм гектар I,6-рэ щыхухахат, Кавказ Ищхъэрэм щыяпэ терренкурыр щаухуэн папщIэ. Абдеж техникэ къыщыбгъэсэбэп хъунутэкъым, щIыуэпсым зэран хуэмыхъун щхьэкIэ. Къапщтэмэ, транспорт бгъэдыхьэпIи иIэххэтэкъым щIыпIэм. Арати, Хасьянов Ильярэ Лещенкэ Юрийрэ зи унафэщI лэжьакIуэ гупхэр зыр щыгум къехыу, адрейр бгы лъапэм къыщыщIэдзауэ дэкIуейурэ дэкIуеипIэхэр IэкIэ яухуащ. Гъуэгуанэм и кIыхьагъыр псори зэхэту метр 2620-рэ мэхъу. Зей Иным и джабэ нэкIухэм я задагъыр градус 20-м къыщыщIэдзауэ 45-м нэс хъууэ къагъэлъагъуэ. Метр 576-рэ и лъагагъыу япэ зыгъэпсэхупIэр щыIэщ. Бгым кIэрыт мэзым дунейр дыгъэпсу урикIуэну нэхъ гукъинэжщ. Лъагъуэр бгы джабэм докIуей, бжейхэр зэлъыIукIуэтами ярейуэ. Жыгхэр зэрыжьыдыдэм и нэщэнэу, куэдым я къудамэхэр къехуэхащ, языныкъуэхэр жыглыцым щIигъэнащ. Апхуэдэ дыдэу абы къыщокI бгым и цIэр къызытехъукIа зей жыгхэр. Зы лъэныкъуэмкIэ жыгхэм упхыплъмэ, теплъэ гъуэзэджэхэр къыпхузэIуах. Уолъагъу Налшык, Хьэсэней псыежэххэр, Къуэныкъуейм и цIэр зезыхьэ уэрамыр, махуэшхуэхэм щхъуэкIэплъыкIэу къызэщIагъанэ Телечэщанэр. Терренкурым и кIэм унэсамэ, гупсэхуу убауэ хъунущ. ЗэрытщIэщи, цIыхубэр мы терренкурым зэреджэр «ДэкIуеипIэ минщ». Ауэ языныкъуэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, лъагъуэм дэкIуеипIэ 800-м тIэкIу щIигъу хъууэ аращ, абы адэкIэ асфальт зытелъ гъуэгукIэ щыгу дыдэм унос. Терренкурыр къэувыIэпIэ зэпэщхэмрэ уэздыгъэ нэхухэмкIэ къызэгъэпэщащ, къэкIыгъэу щэм щIигъу щыхасащ, теннис стIолрэ нэгъуэщI джэгукIэхэм тещIыхьа ухуэныгъэхэмрэ щагъэуващ. «ДэкIуеипIэ миныр» къызэрыгуэкI ухуэныгъэкъым, атIэ цIыхухэр зэрыгушхуэ тхыдэ фэеплъщ.
Поделиться:
Читать также:
15.08.2026 - 11:18 →
ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ IэмалыщIэхэм
15.08.2026 - 10:42 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
15.08.2026 - 10:01 →
ЦIыху минхэм я IутIыжыгъуэт
14.08.2026 - 18:00 →
Бахъсэн щIыналъэм щыхъыбархэр
14.08.2026 - 17:25 →
Лъытэныгъэ ин зыгъуэта гуащIэдэкI
| ||




