ЩIэныгъэлI МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» тхылъыр щIэгъэкъуэнышхуэ тхуэхъунущ ди бзэмрэ, хабзэмрэ, щэнхабзэмрэ тхъумэным, иджырей щIэблэм ахэр едгъэщIэным теухуауэ.
Тхылъым и зы Iыхьэ «Хабзэр къагупсысыркъым» жыхуиIэр, нобэ итхам хуэдэу, ди гурыгъу-гурыщIэхэм къыподжэж. Аращ щIэныгъэлIым и жыIэм фыщыдгъэгъуэзэну дыщIыхуейри.
Хьэлъэщ иджыпсту зэманыр. Хьэлъэ къудейуи къэнэжыркъым. ЛIым я нэхъ бэшэчыр егъэтхьэусыхэ, бзылъхугъэм я гуащIафIэр егъэгузавэ - пщэдей махуэм къыщытпэплъэр зыми ищIэркъым. ЦIыхур нэхъри тэмакъкIэщI мэхъу. Пасэ зэманыжьым хуэдэу губгъуэм ит Iэщыхъуэм и щхьэ дзыхь хуимыщIыжу Iэщэ къыздещтэ, и унэ, и жьэгупащхьэ дэсыжри шынагъэм, кIуэ пэтми ищIыIу къэхъу еIуящIэхэм, бзаджэнаджэхэм зэрызыщихъумэнур къыхуэмыгупсысу, зэщIиIыгъэщ. ЗэгъунэгъуитI дзыхь зэхуащIыжыркъым. Дэнэ щыIэж а зэманыр цIыхум я щхьэгъубжэр IугъэзэщIыкIауэ, я бжэм бжэIулъэ хамылъхьэххэу щыщытар? ГъущI куэбжэр къэгъэнауэ, гъущIыбжэми ихъумэжыфыркъым цIыхур. Я бжэм утеуIуэмэ, Iуахыным ипэ ухэтми зэрагъащIэ, шэч ящIамэ, пхуIуахыххэнукъым, Iуахами, бжэ дэмэдазэм къыдэплъущ къызэропсэлъэнур. ДэнэкIи зыгъази, плъагъур апхуэдэщ, дэнэкIи даIуи, зэхэпхыр щIэпхъаджэщ. ЦIыху гъащIэм уасэ лъэпкъ иIэжкъым.
Мыпхуэдэ зэманым дэтхэнэ зыри зэщIэбгъэплъэным, зы лъэпкъыр адрей лъэпкъым ебуштыным зыри хэлъкъым. ТыншIейщ. Нэхъ гугъур Iэжьэгъу ухъунырщ, зызэзыпщыта, зи Iуэхур къамэм, кIэрахъуэм, фочым хуэкIуахэм я зэхуаку удыхьэу, бгъэупщIыIунырщ, къыжьэдэпкъуэнырщ, тебгъэунырщ. Нэхъ хьэлъэжыр ахэр зэгурыбгъэIуэжынырщ. Дунейм теткъым лъы нэхърэ нэхъ гъущыгъуей. ЦIыхуу зызылъытэж напэ зиIэ дэтхэнэ зыми ар щыгъэгъупщэгъуафIэкъым. Лъы щIыхуэ ягъэгъуркъым, лъыуасэкIэ япшыныжу зы зэман щыIами, зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыжым ар къыхихыу щытакъым. Лъым и уасэр лъыт. Ар лъэпкъ зэрыгъэкIуэдщ, ар мыгъуагъэщ, насыпыншагъэ инщ.
Аращ адыгэхэр лъэпкъым я зэхуаку лъы къыдэмыхъуэным, лъыщIэжыным щIыхуэсакъыу, абы нэхъыжьхэм я къару псори ирахьэлIэу щIыщытари. ЦIыху зэщыхьар, зэфIэнар, зэпикIуэтар лъым нэхъри зэпэIэщIэ, зэижэгъу ищI мыхъумэ, зыми абы гупсэхуныгъэ къыхихыркъым. Илъ ищIэжа нэужькIэ тыншыжауэ зылъытэри тыншыжыркъым. Абы ар щымыгъупщэу, сыт щыгъуи и Iэм еплъыжу къекIухь. Лъыр гуащIэщ. Абы цIыхугур ису къокIуэкI. Ауэ лъым, къохъу, зэхамэхэр къуэш зэхуищIыуи. Абы щыгъуэ ар быдзышэм хуэдэ хъууэ аращ: къанлыхэр зэрегъэкIуж, зэижхэр благъэ зэхуещI. Пэ зиIэм кIэ иIэщ. Аращ, дауи, адыгэхэм щIыжаIар: «ЩIэчэрэ дэчыхрэ щымыIатэмэ, лIы укIыным кIэ иIэнтэкъым». Дыщыгугъынщ мы ди гъащIэ зэIумыбзми зэ кIэ гуэр иIэну.
Дауи, ар езыр-езыру щIэх зэфIэкIыну Iуэхукъым. ЦIыхум зэрыцIыхур къищIэжын щхьэкIэ и хабзэм, и напэм, и лъэпкъым егупсысын хуейщ, и лIаи, и псэуи игъэпэжу, абы яхуэфащэу дунейм зэрытетынум хущIэкъуу.