Лъэпкъ мардэхэр

Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хуэгъэпсауэ щытащ иджыблагъэ Тэрч районым щрагъэкIуэкIа «КъБР-м и Этнокод» Iуэхур. Псом хуэмыдэу ар зыхуэунэтIар жылагъуэ зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэнымрэ щIыналъэм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэиным щIалэгъуалэр щыгъэгъуэзэнымрэщ.
А зэхыхьэм хэтащ къулыкъущIэхэри, щэнхабзэмрэ егъэджэныгъэмрэ я лIыкIуэхэри, жылагъуэ лэжьакIуэхэри.
ХьэщIэ лъапIэхэм ящыщт КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Байчекуев Аслъэн, КъБР-м и Iэтащхьэм и дэIэпыкъуэгъу Самофаловэ Светланэ, республикэм лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Гергоков Джамбулэт, щэнхабзэмкIэ министрым и къуэдзэ Тау Ритэ, КъБР-м и Парламентым и депутат ЛIэужь Ахьмэд сымэ.
Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ ЩэнхабзэмкIэ унэхэм я лэжьэкIэщIэхэм. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ хабзэхэмрэ» гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахым, хьэщIэхэр щагъэгъуэзащ адыгэ уагъэр пасэрейм зэрызэIуащэу щыта щIыкIэм, лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хьэпшыпхэм (фэилъхьэгъуэхэм, хьэкъущыкъухэм). Гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьа псори Тэрч районым и IэпщIэлъапщIэхэм ящIа защIэт. 
Адыгэ уагъэр зэращI IэщIагъэм тепсэлъыхьащ районым Сабий творчествэмкIэ и центрым и егъэджакIуэ Хьэмокъуэ Мадинэ. Абы къыхигъэщащ адыгэхэм къагъэсэбэп Iэмалым адрей лъэпкъхэм я деж узэрыщримыхьэлIэр.
«Мы IэщIагъэр ди лъэпкъ фэеплъщ, лIэщIыгъуэхэм къыпхыкIауэ гъуазджэ лъагэщ. Тхыпхъэ къэс гупсысэ ящIэлъу апхуэдэщ», - жеIэ бзылъхугъэм. Хьэмокъуэм сабийхэр хуегъасэ уагъэр зэрызэрахъэ лIэужьыгъуийм, нэхъ тыншым къыщыщIэдзауэ тхыпхъэ пIащIэ, хъурей нэхъ гугъухэм щыщIэкIыжу.
Зэхуэсым хэтхэм ирагъэлъэгъуащ адыгэхэм я дыщэ гъуазджэм ехьэлIа басон зэрыхъэкIэм и зы лIэужьыгъуэр.
Дерсыр траухуат а IэщIагъэм и тхыдэм, уагъэ лIэужьыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэращIым хэлъ щхьэхуэныгъэхэм.
Хьэмокъуэм жиIащ илъэс 26-рэ лъандэрэ сабийхэр а IэщIагъэм зэрыхуагъасэр. Абы зэрыжиIэмкIэ, илъэс къэс гъэсэнхэм уагъэ щIыным и лIэужьыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къагъэIэрыхуэ икIи иджырей щыгъынхэмрэ хьэпшыпхэмрэ ахэр зэрыкIэралъхьэным кIуэ пэтми хуэIэижь мэхъу. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм, шэч хэмылъу, Iэмал къарет адыгэ уагъэ зэращI Iэмалыр яхъумэну, ар нобэрей ди псэукIэм хапщэжыну.
Мадинэ шэч къытрихьэркъым и гъэсэн гуп цIыкIум къэкIуэнум зэфIэкI хъарзынэхэр къызэрагъэлъэгъуэнум, IэщIагъэр щIэблэхэм зэрызэIэпахынум.
Зэхуэсым хэтхэр щызэхуэсащ «Хабзэм къыщыщIэдзауэ къэкIуэнум дыхуэплъэу: щэнхабзэм, медиам, туризмэм жылагъуэ зэкъуэтыныгъэр къызэрызэрагъэпэщыр» зыфIаща зэхыхьэм. КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщIым и къуэдзэ Байчекуев Аслъэн къыхигъэщащ цIыхухэм хъыбар пэж къаIэрыхьэныр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм зэрелъытар. Апхуэдэуи къигъэлъэгъуащ лъэпкъ куэдыр зэкъуэзыгъэувэ Iуэхухэм щэнхабзэр зэращыщыр.
Зэхыхьэр зэуэ утыку зэмылIэужьыгъуэхэм щекIуэкIырт. Тэрч районым ЩэнхабзэмкIэ и унэм и лэжьакIуэхэм яIущIащ «Эльбрус» Корпоратив университетым и лIыкIуэхэр. Университетым и унафэщI Айбазовэ Тамарэ жиIащ зэIущIэм и къалэн нэхъыщхьэу ягъэувар гупсысэ щIэщыгъуэхэр къагъэнэIуэныр зэрыарар. «ЩэнхабзэмкIэ унэхэм зэрызедгъэужьынымрэ цIыхухэр нэхъыбэу къызэретшэлIэнымрэщ нобэ ди къалэн нэхъыщхьэр, - жиIащ къэпсэлъам. 
Абдеж щхьэхуэу гулъытэ щыхуащIащ муниципальнэ щIыналъэхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм зегъэубгъуным. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, къуажэхэм щызэфIах лэжьыгъэ нэхъ гъэщIэгъуэнхэр республикэм и нэгъуэщI щIыпIэхэми щащIэ зэрыхъунур. ЗэIущIэм щагъэбелджылащ щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэхэм мыгувэу ягъэзэщIэфыну жэрдэмхэри.
Иджыри зы утыку хъуат «Унагъуэ дамыгъэ» лъэщапIэр. Абы я унагъуэхэм я тхыдэм, хабзэхэм къыщытеувыIащ, я лъэпкъ дамыгъэхэр щIэблэм зэращIэжыр къыщагъэнэIуащ. Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ щIэиныр зэрахъумэнум, щэнхабзэм зегъэубгъунымкIэ иджырей Iэмалхэр зэрыщIэгъэкъуэным, щIыналъэм и тхыдэ-щэнхабзэ зэфIэкIыр туризмэм къызэрыщагъэсэбэпыфынум, нэгъуэщIхэми. 
Урыс географие зэгухьэныгъэм хэт Кущев Станислав къызэхуэсахэм яхутепсэлъыхьащ Урысейм нэхъ ямыцIыху и щIыналъэхэм. Абы и фIыгъэкIэ щIалэгъуалэм зыщагъэгъуэзащ ди къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щIыуэпс телъыджэ зэрабгъэдэлъым. 
ЗэIущIэм и кIэух хъуащ пщыхьэщхьэ киногъэлъэгъуэныгъэр.
Тэрч районым щекIуэкIа «КъБР-м и Этнокод» зэхыхьэм хуэдэхэр щекIуэкIынущ республикэм и нэгъуэщI щIыпIэхэми. КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэрыхагъэщымкIэ, апхуэдэ зэIущIэхэм лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр ягъэбыдэ икIи щэнхабзэ зэхэщIыкIыр хъумэнымкIэ сэбэп мэхъу.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: