Венерэр къэбгъэщхьэпэмэЗэрытщIэщи, ди Дыгъэм къедза уафэщIхэм, я нэхъ жыжьи я нэхъ гъунэгъуи, цIыхухэр щетIысэхрэ щыхуейм дежи къыщакIухьынымкIэ хэкIыпIэрэ Iэмалу къэунэхунухэр зыхуэдэм еджагъэшхуэхэр куэд щIауэ йогупсыс. США-м и «NASA» щIэныгъэ IэнатIэу аэронавтикэм зегъэужьынымрэ уахэ щIэншэр джынымрэ зи IуэхущIафэр тезухуар иужь ихьащ Венерэ планетэм нигъэсыну зыхуигъэпс, къэхутэныгъэхэр абы и гущIыIум щезыгъэкIуэкIыфыну гугъэ къезыгъэщI уахэрыкIуэ кхъухьлъатэхэр гъэхьэзырыным. Урысей Федерацэм и «Роскосмос» зэгухьэныгъэу хьэршым пыщIа лэжьыгъэхэр зыубзыхум и IэщIагъэлIхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, ди къэралми 2031-рэ гъэм нэсыху уахэм ириутIыпщхьэнущ Дыгъэм къедза уафэщIхэм ящыщу нэхъ абрагъуэ дыдэу къалъытэ Юпитер хуэкIуэну жыжьэрыкIуэ кхъуафэр. «NASA»-м и IэщIагъэлIхэм 2021 гъэм и мэлыжьыхьым ирихьэлIэу зэхагъэкIащ Дыгъэм къедза планетэхэм ящыщу етIуанэ увыпIэр зыIыгъ (зэрыдигъунэгъумкIэ) Венерэм хуаутIыпщыну дзыхь нэхъ зрагъэз кхъухьлъатэр дэтхэнэхэр арами. А Iуэхум хуэлажьэу яубзыхуа программэхэм ящыщщ а уафэщIым щхьэщыт хьэуам и химие зэхэлъыкIэр зэхэгъэкIыным траухуамрэ а планетэм геологие и лъэныкъуэкIэ и блэкIар наIуэ къэзыщIыфыну зыхуагъэфащэмрэ. АтIэми, Венерэм и хьэуар чэзэпу (кислота) къыщызэрыкI и уэшхыр икъукIэ зэрыщхъухьзехьэр къэтлъытэмэ, абы цIыхухэр щрагъэтIысэхыныр хуабжьу дзыхьщIыгъуэджэщ. Европей хьэрш агентствэм «Jupiter Icy Moons Explore» (JUICE) зыфIища и жыжьэрыкIуэ кхъухьыр 2023 гъэм и мэлыжьыхьым уахэм ириутIыпщхьащ. Ар Юпитерым и Iэхэлъахэм 2031 гъэм нэсын хуейуэ хуагъэфащэ. Ар къехъулIэнымкIэ а кхъуафэм и щIэгъэкъуэныфIщ хузэтраухуа и гъуэгуанэм ипкъ иткIэ ар Венерэм зэрыблэлъэтыкIари, къигъэзэжу ЩIымрэ абы и гуэгъу Мазэмрэ къалъэмыIэсу зэрыблэкIари. Ар дапхуэдэу жытIэмэ, гъунэгъу зызыхуащIым и зыщIэзышэ гравитацием и къарур къызэрагъэсэбэпым тетущ хьэршым щызекIуэ пкъыгъуэхэм хуабжьагъэ ин къызэращтэр. JUICE жыжьэрыкIуэ кхъуафэм и пщэ далъхьа къалэным и гугъу тщIымэ, ар Юпитерымрэ мыл зытрищIауэ абы къедза уафэщI (спутник) нэхъ иниплIым ящыщу Ганимед, Каллисто, Европэ жыхуаIэхэмрэ я щхьэфэм къыщекIуэкIхэр джынырщ. Астрофизикхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, мы иужьреищым ятрищIа мыл Iувхэм я лъабжьэкIэ, хым ещхьу, псы куэд зэрыт кумбыгъэхэм уащрихьэлIэнущ. Ауэ щыхъукIи, абдежым щыпхузэхэгъэкIынущ ди планетэм нэмыщI нэгъуэщI уафэщIхэми гъащIэ къызэрыщыунэхуа щIыкIэр зыхуэдэр. КъимыдэкIэри Юпитерым и спутникхэм ящыщу «Европэ» зи фIэщыгъэрщ щIэныгъэлIхэм зи гугъу тщIы а я къэхутэныгъэхэмкIэ нэхъ къахуэщхьэпэнур… Марсым ухуеIэми, ДыгъэмкIэ екIуэкI Китайм и Нанкин, Италием и Болонье къалэхэми дэтщ США-м и Мэриленд штатым ит Балтимор къалэм Хопкинс Джон къыщызэригъэпэща еджапIэ нэхъыщхьэм и къудамэхэр. Абыхэм астрофизикэм траухуа я «Acta Astronautica» журналым дызыщрихьэлIэ тхыгъэхэм ящыщ зым зэритымкIэ, щIэныгъэлIхэм Марсым хуагъэкIуэну зыхуагугъэ жыжьэрыкIуэ кхъуафэр а планетэм и Iэхэлъахэм Iухьэным текIуэдэну зэманыр куэдкIэ игъэмэщIэнущ абы и гъуэгуанэр Венерэм щхьэщыкIыу хузэтраухуэмэ. Iуэхум иужь ихьахэм къызэрахутауэ, Марсым нэблэгъэн щхьэкIэ, апхуэдэ лъагъуэм техьа кхъухьлъатэм гъэсыныпхъэу игъэкIуэдынури, зэрыщыту къатщтэмэ, хэщIыныгъэу щиIэтынури хэпщIыкIыу игъэмэщIэнущ, езы космонавтхэми апхуэдэ зэхэзекIуэкIэр нэхъ шынагъуэншэу къахущIэкIынущ. ЩIэныгъэлI-IэщIагъэлIхэм Марсым жыжьэрыкIуэ кхъуафэ хуаутIыпщын и IуэхукIэ, и лъагъуэр щыпхышын хуейуэ нэхъапэхэм хуагъэувар а уафэщIымрэ ди планетэмрэ хьэрш гъунэгъум зэрызыщагъазэ я уэрдыхъухэр (орбитэхэр) щызэхуэкIуэкIэ, а тIум я зэхуаку дагъэкIыут. АрщхьэкIэ, апхуэдэ гъуэгуанэм траутIыпщхьа космонавтхэм къагъэзэжын хуей щыхъукIэ, а уафэщIитIым я зыгъэзэкIэр аргуэру зэхуэкIуэху илъэситIым щIигъукIэ (мазэ 26-рэ) пэплъэн хуей хъунут. А псори къалъыта иужькIэщ, Хопкинс Джон и еджапIэ нэхъыщхьэм щылажьэхэм Марсым нэхъ щIэх узэрынэсын лъагъуэр Венерэм щхьэщылъэтыкIын хуейуэ щагъэувар. Мы бгъэдыхьэкIэр щIэнэхъыфIым щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIэщ. Япэрауэ, жыжьэрыкIуэ кхъуафэр а планетэм щхьэщылъэтыкIыу тебухуэмэ, абы узэриубыд и гравитацэр, урихужьэ щIыкIэу, къыпхуэгъэсэбэпынущ. А Iуэхум, зэрыгурыIуэгъуэщи, зекIуэм ихьыну гъэсыныпхъэр игъэмэщIэнущ. ЕтIуанэрауэ, кхъухьлъатэр Венерэм щхьэпрыкIмэ, астронавтхэм здежьам нэблагъэу къагъэзэжыным ихьыну зэманри игъэмэщIэнущ: япэрейм етлъытмэ, илъэс ныкъуэкIэ. Ауэ щыхъукIи, апхуэдэ зекIуэм ихьынур мазэ 19 къудейщ. Мыбы щыщу илъэс иримыкъущ Венерэм блашыну лъагъуэм и кIыхьагъыу щытынур. ИщхьэкIи зэрыщыжытIащи, ар хэкIыпIэфIщ жыжьэрыкIуэ кхъуафэхэр уафэщI тпыIудзахэм хуэзыгъэкIуэну зи гугъэхэм я дежкIи Марсым псэупIэ щызыухуэну зи мурадхэм папщIи. КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




