Иджыри зэ Хьэчим теухуауэ

Зэгуэр, илъэс 25-рэ ипэкIэ, «Адыгэ псалъэм» лэжьэн щыщыщIэздзам, дызытетхыхь цIыху щхьэхуэм теухуа хъыбархэр, гукъэкIыжхэр щызэхуэтхьэскIэ даIущIэурэ, телефонкIэ захуэдгъазэурэ ар зыцIыхуу щытахэр, дэлэжьахэр, и гуащIэм нэхъыфIу щыгъуазэхэр тедгъэпсэлъыхьырт. Хэт ищIэнт а тепсэлъыхьхэм ящыщ зы дэри, зэман дэкIмэ, дыхъуну. ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа, гумызагъэ зиIа, адыгэбзэ къулей зыIурылъа тхакIуэ ахъырзэман, критик, публицист Iэзэ КъуэIуфэ Хьэчим къызэралъхурэ илъэс 85-рэ щрикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал телевиденэм нэгъабэ нэтын игъэхьэзырырт. ЩIэныгъэм и щыгум ухуэзышэ лъагапIэщIэхэр къэгъэIурыщIэным зи гуащIэр сыт щыгъуи пыщIауэ щыта, зи лэжьыгъэр зэрыщыту адыгэ литературэм и зыужьыныгъэм и зы Iыхьэшхуэ Хьэчим и гугъу сщIыныр си дежкIэ пщIэт. Апхуэдэ лъэIукIэ зыкъыщысхуагъазэми схуэгъэщIэхъуакъым. 
КхъуэIуфэм и критикэ тхыгъэхэмкIэ тхакIуэхэм я творчествэр тэмэму зэпкърихырт, абы къуэлъ зэчийр къигъэнаIуэрт. ИкъукIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ цIыху цIэрыIуэхэм я шыфэлIыфэхэр зэфIэгъэувэжыным, Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэр къэхутэжыным, хэхэс гъащIэр къэгъэлъэгъуэным, нэгъуэщI куэдми ехьэлIауэ. 
Мис мыращ нэтыным щыщ Iыхьэр щытрахым сигу къэзгъэкIыжахэр. 
 КхъуэIуфэ Хьэчим гъунэгъуу сцIыхуу щытауэ, сыдэлэжьауэ схужыIэнукъым, редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу ар здэщыIа «Адыгэ псалъэ» газетым сэ сыкъыщыувам ар редакцэм щылэжьэжыртэкъым. Ауэ ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэр ПечатымкIэ унэм щылажьэрти, дызрихьэлIэрт, сэлам зэтхырт. 
Хьэчим и бзэ къулейм, абы щыгъуэм адыгэбзэри урысыбзэри зэхуэдэу, и акъылым, и гупсысэ шэщIам щыгъуазэщ абы и зы тхылъ къызэгуэзыха, и зы тхыгъэ еджа дэтхэнэ зыри. Гъэхуауэ, гум къипсэлъыкIыут ар зэрыпсалъэри зэрытхэри.
ЗыцIыхуу щытахэр щыхьэт тохъуэ ар икъукIэ гумызагъэу, лэжьыгъэм, тхэным ехьэлIамэ, ехьэкI имыIэу, жьэ нахуэу зэрыщытам. 
И ныбжьыр илъэс 70 щрикъуа 20I0 гъэм сепсэлъауэ щытащ Хьэчим. Сыгузавэрт, зэрыжурналист Iэзэри, тхакIуэ ахъырзэманри, зэрыщхьэцпэщтэри сщIэрти сыгуитIщхьитIт. АрщхьэкIэ зэIухауэ къызэпсэлъащ, езым сщIэркъым, ауэ сэ сигу зыхуэзэгъа интервью къищIыкIат ди зэпсалъэм. Нэхъыбэу зи гугъу ищIар Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэ зи тхьэмадэрт, абы и ныкъусаныгъэхэрт, абы хузэфIэкIауэ зэрыгушхуэхэрт. Ауэ и гъащIэм, и гупсысэм, и Iуэху еплъыкIэм я гугъу имыщIуи къэнатэкъым. Сигу зэи ихужыркъым абы жиIар: «ПщIэрэ, Залинэ, къулыкъукIэ сыдэкIуеин папщIэ сыкIуауэ зы IэнатIэ сыпэрытакъым сэ, абдежым сыкъызэрыщысэбэпынур ящIэу сагъэкIуа мыхъумэ. ИтIанэ, къулыкъушхуэм лъэбакъуэ хуимыгъэчу зы хьэл схэлъщ сэ – егъэлеяуэ сыжьэнахуэщ. Нэхъыщхьэм сыт жиIэми и щхьэр ищIу щысхэм сащыщкъым, си кIуэдыр къикIынуми си Iуэху еплъыкIэр згъэнэIуэнущ». И кIуэдыр къикI зэрыпэтам ехьэлIа зы хъыбари къысхуиIуэтэжат, школым къыщIыщIадзыжа щхьэусыгъуэрт ар. 
ХъуэпсапIэу иIэхэм я гугъу къыщысхуищIым жиIат адыгэбзэкIэ къыдэкIа тхылъхэр урысыбзэкIэ, урысыбзэкIэ щыIэхэр адыгэбзэкIэ къыдэкIауэ, очеркхэр, хъыбархэр зэхуэхьэсыжауэ тхылъ щхьэухуэ къыдигъэкIыжыну, и Iэрытх гуэрхэр нигъэсыжыну и нэ къызэрикIыр. ЩыIэкъым цIыху и гуращэ псори къехъулIауэ. Ныкъуэтхыу къыщIэнахэм сыт пхуещIэн, ауэ зэхуэхьэсыжын хуейуэ, зэдзэкIын хуейуэ къэнахэр дунейм къытехьауэ слъагъуныр си хъуэпсапIэщи, ар зыхузэфIэкIын щIэблэ адыгэм тхьэм къыхигъэкI. 
НэхъыжьыфI гуэрми къыжриIауэ зэрыщытыгъати, Хьэчим и шым хуэфэщэн уанэ трагъэлъхьакъым. Ар и жагъуэ мыхъуу къанэртэкъым абы, аращ къыщIызжиIатэри: «Схуэдэ IэщIагъэлIыр нэхъыбэу къыхуэгъэсэбэпыну щытащ къэралым». 
Къэсэбэпащ и IэщIагъэри и щIэныгъэри. Псэуху къарукIи къулыкъукIи хуэщIэнум нэхърэ нэхъыбэ хузэфIэкIащ и IэдIакъэщIэкI купщIафIэхэмкIэ, къиIэт Iуэхум и еплъыкIэ наIуэр къызэрыщигъэлъэгъуамкIэ, сыт хуэдэ утыку имыхьами жьакIуэу, зытепсэлъыхьым фIыуэ зэрыщыгъуазэр, тхыдэм егъэлеяуэ зэрыхищIыр къигъэлъагъуэу къызэрыщыпсэлъамкIэ, нэгъуэщI IэджэхэмкIэ. 

 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться:

Читать также: