Къуацэ лъахъшэ цIыкIу (нэхъыбэм сантиметр 30 - 50, зэзэмызэ метр 1,5-м нэсу), и тхьэмпэхэр кIыхь Iуву. Бжьыхьэм ахэр плъыжь мэхъури похуж, и мэракIуэхэр щIыIэм исыху къудамэхэм пыту къонэ. Зи гугъу тщIыр кхъуэщын теплъэ зиIэ мэракIуэ щIыху-фIыцIафэ хъурей цIыкIурщ – шыгъулдыкъащхъуэрщ (голубика). Ар япэм «ищхъэрэ» мэракIуэу къалъытэрт, нэхъ къезэгъыр, къыщыкIыр а лъэныкъуэрати. Ауэ иджы Къэбэрдей-Балъкъэрми ар ехъулIэныгъэ яIэу щагъэкI хъуащ.
Ди щIыналъэм нэхъыбэу абы щелэжьыр Шэджэм, Бахъсэн районхэрщ (псом хуэмыдэу Кыщпэк, Бахъсэнёнок къуажэхэм). Республикэм гектар 200-м нэблагъэм абы зыщрагъэубгъуащ, уней хадэхэр къэплъытэмэ, бжыгъэр нэхъыбэж хъунущ. «Меридиан» агрохолдингымрэ (щIы гектар 90-м нэблагъэм) «Голубика Кавказа» ООО-мрэ (Бахъсэн) нэхъ цIэрыIуэу абы йолэжь.
IэщIагъэлIхэм къыхагъэщ республикэм и хуабагъымрэ дунейм и щытыкIэхэмрэ мы мэракIуэр зэрезэгъыр. Апхуэдэуи жылапхъэ лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэхэм урохьэлIэ: Дюк, Дрейпер, Либерти, Аврорэ, Блюкроп, Спартан, нэгъуэщIхэми.
Шыгъулдыкъащхъуэр гъэкIынымкIэ зэфIэкI хъарзынэ илъэс ещанэ хъуауэ къегъэлъагъуэ Бахъсэнёнкэ дэт «Баксанхим» IуэхущIапIэм. Абы къыщагъэсэбэп ткIуэпс-ткIуэпсурэ псы зэрыщIагъэлъадэ иджырей Iэмалыр. Мыбдеж мэракIуэм и лIэужьыгъуитхум нэс къыщагъэкI, щхьэхуэу хуабэщхэри яIэщи, абы Iэмал къарет къыщрахьэлIэжыну пIалъэр нэхъ кIыхь ящIыну, бэвагъым хагъэхъуэну. Иджыблагъэ Бахъсэнёнкэ япэ Iухыжыгъуэр щекIуэкIащ - мэракIуэ килограмм 1600-рэ къаIэрыхьащ (зы чыцэм килограмм 30-м нэблагъэ хуэзэу). ЕтIуанэрейм нэхъыбэж къытрахыну хуагъэфащэ.
IуэхущIапIэм и агроном нэхъыщхьэ Индрей Хьэсэн шыгъулдыкъащхъуэм йолэжь Тыркум зэрыщагъэкI IэмалхэмкIэ. Ар езыр ящыщщ Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм - илъэс щэщI и пэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуауэ щытащ мэкъумэшым щелэжьыну и мураду.
КъБР-м и Iэтащхьэм и напэкIуэцIым зэрыщитхымкIэ, республикэм илъэс къэс мыпхуэдэ мэракIуэу тонн 300-м нэблагъэ къыщрахьэлIэ - ар КИФЩI-м яхузэфIэкIым и процент 70 мэхъу. Къэбгъэлъагъуэмэ, пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ мэракIуэхэмрэ къэгъэкIынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысейм щыпашэхэм ящыщщ. 2025 гъэм щIыналъэм пхъэщхьэмыщхьэкIэ зыкъызэригъэпэщыжащ процент 77,2-м нэскIэ. Абы республикэм Iэмал къритащ къэрал кIуэцI рынокым зэран хуэмыхъуу, пхъэщхьэмыщхьэу тонн мин 874,7-м нэблагъэ нэгъуэщI щIыпIэхэм иригъэшэну.
Шыгъулдыкъащхъуэр хущхъуэгъуэ куэд зыхэлъ мэракIуэщ, уеблэмэ и тхьэмпэхэри цIыхубэ медицинэм къыщагъэсэбэп. 2024 гъэм Гиннесс рекордхэмкIэ и Тхылъым ихуащ дунейм щынэхъ ин дыдэ мэракIуэр: абы и хьэлъагъыр грамм 20,4-рэ, и инагъыр сантиметри 4 хъурт. МэракIуэр Австралием къыщагъэхъуат, «Этерна» лIэужьыгъуэм щыщу.
Къэгъэлъэгъуапхъэщ, мы махуэхэм Бахъсэн районым и жыг хадэхэм шэдыгъуейр къыпычыжыныр зэрыщызэфIагъэкIари. Мыгувэу иужь ихьэнущ пхъэгулъымрэ шэфталымрэ къызэщIакъуэным.